Нэхъ лъэщхэр зэхагъэкI

Къэбэрдей-Балъкъэрым дзюдомкIэ и чемпионат иджыблагъэ щекIуэкIащ Налшык къалэм и «Спартак» стадионым. Ар къызэрыхахыу щытащ икIи абы къыщыхэжаныкIахэм Iэмал ягъуэтащ Кавказ Ищхъэрэм и чемпионатым я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну. Зэхьэзэхуэр мы гъэм накъыгъэм и кIэхэм Грознэ къалэм щызэхашэнущ.

Республикэм и чемпионатым щызэпеуащ бэнакIуэу, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 78-рэ икIи абыхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Байрамуков Алим (кг 60), КъуэщIысокъуэ Идар (кг 66-рэ), КIуж Къантемыр (кг 73-рэ), Мамышэ Аскэр (кг 81-рэ), Бабаев Марат (кг 90), Мамий Астемыр (кг 100), Уянаев Ислъам (кг 100+), Къумыкъу Алинэ (кг 63-рэ), Алий Алинэ (кг 63-рэ) сымэ.

 Спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Иванов Дмитрий, Апхудэ Анзор, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Ким Руслан, Джэданэ Залым, Тау Сэфарбий, Махуэ Олег, Тау Азэмэт, Соблыр Рустам, Рахманов Валерэ сымэ.

  КЪУЭЖЕЙ Алим.

 

Поделиться:

Читать также: