Хъыбар кIэщIхэр

ПсэупIэу 168-рэ

2026 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым псэупIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжынымкIэ и фондым ди республикэм фэтэр куэду зэхэт и унэу 168-рэ зыхуей хуигъэзэнущ. Ар псэупIэу 100-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ зэIузэпэщ ящIам елъытауэ. А Iуэхугъуэхэм трагъэкIуэдэнущ псори зэхэту сом мелард 1-рэ мелуан 300-рэ.

 КъБР-м и ЩIыналъэ операторым къызэритамкIэ, мы гъэм нэхъыбэу зытрагъэщIэнур псэупIэхэм я унащхьэхэр къэгъэщIэрэщIэжын лэжьыгъэрщ. Абыхэм къызэщIрагъэубыдэнущ фэтэр куэду зэхэт псэупIэу 143-рэ. Апхуэдэуи, дызыхуэкIуэ илъэсищым къриубыдэу унэхэм щIэт лифтхэм ящыщу 28-рэ зэрахъуэкIынущ: 2-р - унэхэм щыпсэухэм щхьэхуэу зэхуахьэса ахъшэмкIэ.

  КъищынэмыщIауэ, 2025 гъэм республикэм къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжащ фэтэр куэду зэхэт псэупIэу 68-рэ. Абыхэм ящыщу 48-м, унащхьэхэр зэрыщызэрахъуэкIам къыдэкIуэу, нэгъуэщI лэжьыгъэхэри щрагъэкIуэкIащ. Къуажэ щIыпIэхэми я псэупIэ зыбжанэм я унащхьэхэри къагъэщIэрэщIэжащ.

 Мыдрейуэ, нэгъабэ фондым къыпэщылъа къалэнхэр къанэ щымыIэу игъэзэщIащ икIи абыкIэ Урысей Федерацэм и ЩIыналъэ оператор нэхъыфIищым яхыхьащ.

                                                     

Уэрамым йолэжь

Налшык къалэм Мэзлом и цIэр зезыхьэ уэрамыр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжын щIадзащ. Лэжьыгъэхэм хыхьэу псы къабзэ, хуабэ зэрыкIуэ, зэбгрызытыкI бжьамийхэр зэрахъуэкIынущ, ток кIапсэщIэхэр щаукъуэдиинущ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, светофорыр къагъэщIэрэщIэжынущ.

 НобэкIэ лэжьакIуэхэм уэрамыщхьэм телъа асфальтыжьыр тратхъунщIыкIащ, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIащ. Иджыпсту зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукI, асфальтыщIэ зэрытралъхьэнум гъуэгу щхьэфэр хуагъэхьэзыр.

 Планым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, гъуэгур зыхуей хуэгъэзэным къыдэкIуэу, мэжджыт гупэр, лъэс лъагъуэхэр, унэ бжэIупэхэр зэIузэпэщ ящIынущ, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ, къыщыхагъэщхьэхукIынущ.

 Лэжьыгъэхэр мы гъэм гъатхэм зэфIагъэкIынущ.

ПэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм и курыт еджапIэ №2-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Ар зэраухуэрэ илъэс 60-м щIигъуащ икIи «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Егъэджэныгъэм зегъэужьын» къэрал программэм и фIыгъэкIэ апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ мыбы япэу щызэхаублэу аращ.

Иджыпсту лэжьакIуэхэм ухуэныгъэм и пкъыгъуэжьхэр: пхъэ щхьэгъубжэ-бжэхэр, лъэгухэр, кафелхэр, н.къ. къыпкърахыж. ИужькIэ унащхьэмрэ IуплъапIэмрэ зыхуей хуагъэзэнущ, инженер коммуникацэр къанэ щымыIэу зэрахъуэкIынущ.

ДызыхуэкIуэ гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу ныбжьыщIэ 225-м иджырей школ зэпэщ яIэ хъунущ, жаIащ лэжьакIуэхэм.

 

УнэтIыныгъэ куэдкIэ

«Щэнхабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Налшык къалэм макъамэмкIэ и сабий еджапIэ №2-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ 2022 гъэм.

 А еджапIэр 1903 гъэм яухуауэ щытащ икIи ар зыхуей хуагъэзэн щхьэкIэ лэжьыгъэшхуэ абы щрагъэкIуэкIащ: унащхьэр, и кIуэцIи, и щIыби къагъэщIэрэщIэжащ, иджырей унэлъащIэри, Iэмэпсымэхэри щIагъэувэжащ.

 Иджы сабий 400-м нэблагъэм Iэмал ягъуэтащ я творчествэ зэчийм абы щыхагъэхъуэну, зыщаужьыну. Мыбы щыхурагъаджэ макъамэмкIэ унэтIыныгъэ зыбжанэм: фортепианэм, лъэпкъ макъамэхэм, накъырэм, бэрэбаным, Iэпэпшынэм, гитарэм, нэгъуэщIхэми я щэхухэм.

  ЕджапIэм сабийхэм ядэлэжьэн щыщIидзэр абыхэм я ныбжьыр илъэси 6,5-рэ ирикъуа нэужьщ икIи илъэсибгъукIэ ахэр ягъасэ.

 

Фэеплъ мыкIуэдыжхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэзхэмрэ районхэмрэ жыгыщIэхэр куэду щыхасэнущ мы гъэм: псори зэхэту гектари 175,4-м щагъэтIысынущ жыг мин 287,3-рэ.

Абыхэм яхэтынущ бзииху, кIей, мыIэрысей, кхъужьей, дей, блашэ, кIарц, жыгей, пхъэхуей, нэгъуэщI жыгыщIэ цIыкIухэри. Лэжьыгъэхэр мэлыжьыхьым ирагъэжьэнущ икIи мэкъуауэгъуэ хъухукIэ екIуэкIынущ.

Жыг цIыкIухэр къэралым и дэнэ щIыналъи щыхасэ «Фэеплъым и жыг хадэ» фIэщыгъэр зезыхьэ дунейпсо жэрдэмым ипкъ иткIэ икIи абы и къалэн нэхъыщхьэу щытыр, щIыпIэхэр къызэщIэгъэдэхэным имызакъуэу, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ мыкIуэдыжхэр гъэувынырщ.

 

  ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

 

Поделиться: