Щэнхабзэ щызэрахьэ унэ

Лъэпкъым, анэдэлъхубзэм, хабзэ-нэмысым, щэнхабзэм теухуа Iуэхухэр республикэм щекIуэкIащ Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу. Абыхэм ящыщ зыуэ щытащ Кенжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм иджыблагъэ бзэм теухуауэ щекIуэкIа Iуэху щIэщыгъуэхэм хагъэхьа «Мыст» джэгукIэр.

Гу зылъытапхъэщи, джэгукIэм уегъэгушхуэ, гукъыдэжым зрегъэIэт, бзэм и IэфIыр зыхыуегъащIэ. Гуп дахэу узэхэтIысхьэу адыгэбзэкIэ лъэпкъым теухуауэ узэпсэлъэну куэд и уасэщ. Кенжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIым и къуэдзэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Балэ Людэ къытхутепсэлъыхьащ гъатхэпэм и 14-р Адыгэ тхыбзэм и махуэу щIагъэувам, абы теухуауэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къищтауэ щыта унафэм, лъэпкъым и бзэм и мыхьэнэм, Кенжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм лъэпкъ Iуэхуу щалэжьхэм, апхуэдэуи, «Мыст» джэгукIэр а махуэшхуэм и щIыхькIэ я къуажэм зэрыщекIуэкIам. Людэ жиIам адэкIэ фыщыдогъэгъуазэ:

«Ди бзэр ди псэщ» - жыдоIэ дэ, анэм къытIурилъхьа а фIыгъуэм дыщытепсэлъыхькIэ. Бзэм и макъхэр къэгъэлъэгъуа зэрыхъу тхыбзэри аращ. Анэдэлъхубзэр лъэпкъым къыдекIуэкIыу, къыщIэхъуэ щIэблэм Iурылъу къэтэджыныр уасэ зимыIэщ. Аращ ар лъэпкъыр зыIэт дамэу къыщIалъытэр. Тыншу щытауэ пхужыIэнукъым адыгэ лъэпкъым и тхыбзэм къикIуа гъуэгуанэр. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэси 170-м нэсащ тхыбзэ диIэ зэрыхъурэ. Сыт хуэдэ зэманми ди лъэпкъым и хэкупсэ нэсхэр иропIейтей адыгэбзэм зиузэщIыным. Пасэ зэманым абы елэжьащ узэщIакIуэхэу Хъан-Джэрий СулътIан, Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ сымэ. Абыхэм кърахьэжьа Iуэхум пищэу, адыгэбзэм и тхыбзэр зэфIэгъэувэным пэрытащ лъэпкъ еджагъэшхуэ Бырсей Умар. 1853 гъэм гъатхэпэм и 14-м Тифлис къалэм дунейм къыщытехьауэ щытащ абы и къалэмыпэм къыщIэкIа «Адыгэ псалъалъэ» тхылъыр. А махуэр къалъытэ адыгэ тхыбзэм и щIэдзапIэу. Ар и тегъэщIапIэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2003 гъэм унафэ щхьэхуэ къищтащ гъатхэпэм и 14-р илъэс къэс Адыгэ тхыбзэм и махуэу дгъэлъэпIэным ехьэлIауэ. Ди бзэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ иIэн папщIэ, апхуэдэ лъэпкъпсо унафэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Анэдэлъхубзэрщ лъэпкъым и псэр. Тхыдэм, гъуазджэм, щэнхабзэм зиужьынри аращ зэлъытыжар. Абы къыхэкIыу ди бзэм и къабзагъэр тхъумэныр, ар щIэблэм яIурытлъхьэныр псоми ди зэхуэдэ къалэнщ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и цIэкIэ, сэ къызбгъэдэкIыу сохъуахъуэ иджыблагъэ дгъэлъэпIа махуэшхуэм фIыгъуэ къытхудэкIуэну!

Хэкупсэхэм сыт щыгъуи гулъытэ хуащI анэдэлъхубзэр хъумэным, зегъэужьыным, зегъэузэщIыным, щIэблэр лъэпкъ хабзэм щIэпIыкIыным. Апхуэдэ мардэхэм тетщ Кенжэ къуажэм щэнхабзэмкIэ и уардэ унэр, адыгэгу-адыгэпсэщ абы и лэжьакIуэхэр. ХабзэфI хъуауэ, илъэс къэс абы щагъэлъапIэ адыгэ тхыбзэм и махуэр. Анэдэлъхубзэр лъэпкъ щIэныгъэу, щэнхабзэу, гъэсэныгъэу зэрыщытыр щIэблэм я деж нэхьэсыныр ЩэнхабзэмкIэ унэм и къалэныр. Абы къекIуалIэ щIэблэм гъэ къэс ирагъэтх ад Iуэрытхыр. Дауи, унэм и лэжьыкIуэхэми ар ятх. Адыгэбзэм гулъытэ хуэщIыныр мы IуэхущIапIэм зэи щызэпыуркъым. Къыхэгъэщыпхъэщ «Ди къежьапIэхэр» Iуэхур. Абы хеубыдэ «Адыгэ пщащэ», «Акъыл жан», «Бзэрабзэ адыгэбзэ», «Псалъэ, адыгэ псалъэ», «АдыгэбзэкIэ къызжеIэ», «Ар дауэ?» зэпеуэхэр, «Анэбзэ», «Си бзэ, си псэ», «Нанэ и псэ» гупжьей лэжьыгъэхэр. Мыбдеж Iуэху щхьэпэ дыдэу щекIуэкIхэм ящыщщ мыри: сабий цIыкIу зиIэ нысащIэхэр къыдогъэблагъэри, быным адыгэбзэр IурыплъхьэнымкIэ сэбэп адыгэ джэгукIэхэм дахутопсэлъыхь, джэгукIэ Iэмалу адыгэм къыдэгъуэгурыкIуахэм щыдогъэгъуазэ.

  Адыгэбзэм и пщIэр Iэтыным теухуауэ иджыблагъэ зы Iуэху дахэ щекIуэкIащ ЩэнхабзэмкIэ унэм. Адыгэ тхыбзэм и махуэм и щIыхькIэ, бзэр зэгъэщIэнымкIэ, джынымкIэ щхьэпэ, республикэм щыпсэу куэдым къацIыхуа «Мыст» джэгукIэр едгъэкIуэкIащ. Абы хэтащ «Анэбзэ» гупжьейм хэт щIалэгъуалэр. Ахэр зыIэпишащ адыгэбзэм и псалъэхэм я купщIэр къэбгъэлъагъуэурэ ущызэдэуэршэр, ущызэдэгушыIэ икIи ущызэпеуэ джэгукIэм. ДжэгукIэм и хабзэм къызэригъэувым тету, псалъэ щхьэхуэм и мыхьэнэр къыбоIуатэ, езы псалъэр къыхумыгъэщу – ар зищIысыр гупым къебгъэщIэн хуейщ. Лъэпкъыбзэр пхъумэнымкIэ Iэмал куэд щыIэщ. А Iэмалхэр дыгушхуэу къыдогъэсэбэп. Бзэм и IэфIыр, адыгэ дунейм и телъыджагъыр зыхэфщIэну фыхуеймэ, Кенжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм фыкъеблагъэ! Дыфпоплъэ, ди бжэр зэIухащ!

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

Читать также: