Iейри фIыри зыхэтЩIалэгъуалэм я Iуэхухэмрэ щIэблэр гъэсэнымрэ гулъытэшхуэ хуещI ди къэралым. ПсынщIэу зызыхъуэж зэманым хэзэгъэфу, къэралым и зыужьыныгъэм щхьэпэфу, хабзэфIхэр яхъумэфу ахэр бгъэсэныр лэжьыгъэ тыншу пхужыIэнукъым. «Урысей Федерацэм щIалэгъуалэ политикэм и IуэхукIэ» Федеральнэ законым гъэсэныгъэр егъэджэныгъэм къыгуэхыпIэ имыIэу хэтын хуейуэ къыщыгъэлъэгъуащ. Нобэ гулъытэ хэха хуащI хэкупсагъэм, псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэхэм, тхыдэмрэ щэнхабзэ щIэинымрэ пщIэ хуэщIыным. Хэкупсэ гъэсэныгъэм хохьэ щIэблэм тхыдэр егъэщIэныр, къэрал дамыгъэхэм пщIэ хуегъэщIыныр, жылагъуэ IуэхухэмкIэ жыджэрыным. Мыхьэнэшхуэ иIэу къагъэлъагъуэ бжыгъэ технологиехэр къэгъэсэбэпауэ цIыхуцIэ зиIэм къыдекIуэкI лъапIэныгъэхэм щIалэгъуалэр дегъэхьэхыным. Ауэ щIалэгъуалэм я Iэпэгъу яхуэхъуа гаджетхэм ахэр къыкIэрыпшыныр зэрыгугъур дощIэ. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм лъэпкъыбзэхэр егъэджынымкIэ и къудамэм и унафэщI Мыз (Къардэн) Залинэ къыхегъэщ иужьрей илъэс тIощIым ди гъащIэм хэухуэна хъуа, ауэ армырами ебзыхьэкIа зэманыр къытфIэзыдыгъу гаджетхэр тIэщIэмылъу нобэрей дунейр уи нэгу къызэрыщIэгъэхьэжыгъуейр, сэбэпынагъыу абы иIэм, мыхъумыщIагъэ куэди къазэрыдэкIуар - цIыхур, псом хуэмыдэу сабийр, абыхэм йосэри, зэпымыууэ хуэныкъуэу, арыншэу мыпсэуфу мэхъу. «Телефоным Iуэхугъуищ къыддегъэпсынщIэ: дыщыхуей дакъикъэм цIыхум зыпытщIэну Iэмал къызэрыдитыр, ди щIэныгъэм, къэухьым зэрызригъэужьыр, уеблэмэ ди зэштегъэу зэрыхъур. Ауэ абы дихьэхыпэу сабийм къыпхуемыгъэзэж щIэхъур псом япэу адэ-анэрщ зи къуэншагъэу къэслъытэр, - жеIэ Залинэ. - Сабий къалъхуагъащIэм гъынэнэн зэрыщIидзэу, телефоныр IэщIалъхьэ. Си жагъуэщ, япэ классым кIуэ сабийхэм хэплъыхьауэ смартфон лъапIэхэр къызэрыхуащэхур. Зи къэухьым иджыри зимыужьа, зи акъылыр тхылъымпIэ напэ къабзэм хуэдэ сабийм дунейм Iейуи фIыуи щекIуэкIыр езым зэхигъэкIыжын хуейуэ хуагъэтIылъри, и псэм зэран хуохъу. Абы телефоныр иIыгъыурэ, зыгуэрым епсэлъэнуи хуэмеиж мэхъу, цIыху хэтыкIэм щоу. Си щхьэ къэсщтэнщи, си бынхэм телефон къащыхуэсщэхуар ебланэ классым щыкIуам щыгъуэщ, ари Iэмалыншагъэм къыхэкIыу. ЗанщIэуи дызэгурыIуащ: фIыуэ еджэмэ, хьэл-щэн тэмэм яIэмэ, щэбэтым сыхьэт ныкъуэкIэ ар яIыгъыну. Нэгъабэ щIалэр ебгъуанэ класс, хъыджэбзыр еянэ хъуати, махуэм сыхьэт ныкъуэ фIэкIа телефоным я зэман щамыгъэкIуэну дызэгурыIуащ. Иджыпсту программэ зэхуэмыдэхэр щыIэщ, псалъэм папщIэ, «адэ-анэм я кIэлъыплъыныгъэр» телефоным тыбоухуэри, зэман хухэпхар икIа нэужь, ар мэункIыфI. Абы ди Iуэхур нэхъ тынш ищIу къызолъытэ. Иджыпсту адэ-анэхэми нэхъыжьыIуэхэми жаIэу зэхыбох сабийхэр жыIэмыдаIуэ хъуауэ, Iуэху мыфэмыцхэм дахьэхауэ. Ауэ, девгъэплъыт, икIи дызыщIэвгъэгупсысыжыт: нанэ-дадэ, адэ-анэ дапщэ щыIэ нобэ я быныр ягъэтIысрэ епсалъэу, хабзэм, щэнхабзэм хагъэгъуазэу, жэщкIэрэ таурыхъхэр я къуэрылъхухэм хуаIуатэу? Апхуэдэхэр мащIэ дыдэщ, сыту жыпIэмэ, хэт зэман иIэкъым, мэлажьэри, хэт гукъыдэж иIэкъым, хэти «интернет нанэщ», абы щекIуэкIыр фIэнэхъапэу. Залинэ и Iуэху еплъыкIэр деIыгъ Тэрч къалэм дэт курыт еджапIэ №2-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ МэшылI (Щокъул) ФатIими: «Ди зэманым и нэщэнэхэм ящыщщ смартфоныр. Ар япэм зэрызэпсалъэ Iэмэпсымэу щытамэ, иджыпсту цIыхумрэ дунеймрэ зэпызыщIэ Iэмал гъуэзэджэ хъуауэ жыпIэ хъунущ. Ар апхуэдизкIэ ди гъащIэм хэпщIащи, гъэщIэгъуэнкъым смартфоныр щIалэгъуалэм Iэпэгъу зэрахуэхъуар. Зы лъэныкъуэкIэ абы шынагъуэшхуэ хэмылъу къыпщыхъунущ. Езы щIалэгъуалэм зэрыжаIэщи, зэманым зыдрагъэкIуу аращ. Пэжщ, смартфоныр дэIэпыкъуэгъу тыншщ Iуэху зэфIэбгъэкIынымкIи узыхуей тхылъ къэбгъуэтынымкIи. Гугъу уемыхьу, унэм ущIэсу Iуэху куэд пхузэфIегъэкI, адэ-анэм я быным асыхьэту зыпащIэф, зэныбжьэгъухэр зэрощIэ, я егъэджэныгъэм къыщагъэщхьэпэ. Ауэ, уегупсысмэ, нэгъуэщI гугъуехьхэри абы къешэ. Телефоным сабийм зэман куэд фIехь. Ар куэдрэ къэзыгъэсэбэп еджакIуэр сыт и лъэныкъуэкIи абы щогугъ, и узыншагъэм зэран зэрыхуэхъум и гугъу умыщIыххи. Дохутырхэм жаIэ зи Iэпкълъэпкъыр иджыри фIыуэ зэрымыубыда сабийм зэпымыууэ телефоныр иIыгъыу щысмэ, узыфэ гуэрхэр къызэрыхэкIыр: я жейр зэпеуд, я нэр зэIегъэхьэ. Дауи, щIалэгъуалэм телефоныр ямыIыгъыххэуи тхуэщIыну къыщIэкIынкъым, ауэ зэман хэха гуэр яIэн хуейщ. Сабийм дежкIэ нэхъапэр тхылъ еджэнымрэ щIэныгъэ зригъэгъуэтынымрэщ». БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
15.06.2026 - 17:06 →
Лэжьыгъэр зрегъэлъагъу
15.06.2026 - 16:11 →
ЦIыкIухэм папщIэ
15.06.2026 - 16:00 →
Дунейм фызыфI нэхъ мылъкушхуэ щыIэкъым
15.06.2026 - 15:22 →
Зым и щапхъэр адрейм и бзыпхъэу
15.06.2026 - 13:58 →
ЕхъулIэныгъэхэр яIэу
| ||




