Балъкъэрхэм я махуэр зэдагъэлъэпIащХабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым мы махуэхэм щагъэлъэпIащ Балъкъэр лъэпкъым я къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр. Республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ щыпащащ абы иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм. Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, «Искож» хьэблэм къыщызэIуахам, зэкъуэтыныгъэм и концерт щекIуэкIащ, балъкъэр лъэпкъым я къэщIэрэщIэжыныгъэм и щIыхькIэ. Пшыхьыр ягъэдэхащ къалэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм. Апхуэдэхэщ центрым и унафэщI Мэзыхьэ Анастасие и гъэсэн «Гармония» студием екIуалIэ цIыкIухэр, ПIаз Аннэ зи художественнэ унафэщI «Иоканто» студиер, Шолоховэ Ксение зи унафэщI «Пандора» къэфакIуэ гупым ящыщхэр. Пшыхьым щагъэзэщIа уэрэдхэмрэ къызэджа усэхэмрэ Хэкум, щIыналъэм и щIыуэпсым и дахагъэм, насыпу къэлъытапхъэм теухуат. КъБР-м и Лъэпкъ къэрал библиотекэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэм къыщызэрагъэпэщащ «Мы вернулись к родному очагу» зэхыхьэмрэ «Долгий путь на землю предков» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэмрэ. Абы щатащ «Символы гостеприимства балкарского народа» мастер-классыр. НыбжьыщIэхэм я библиотекэм, Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэм, щекIуэкIащ «Горит наш огонь…» литературэ-макъамэ пшыхьымрэ «В семье единой» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэмрэ. ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм, Усыгъэм и алеем, Мечиев Кязимрэ ПащIэ Бэчмырзэрэ я фэеплъхэм деж усэ къеджэнымкIэ зэпеуэ щекIуэкIащ, а усакIуэхэм ятеухуауэ. Налшык и спорткомплексым къыщызэрагъэпэщат ныбжьыщIэхэм (2020-2011 гъэхэм къалъхуахэм) я республикэпсо спорт зэхьэзэхуэхэр. КъинэмыщIауэ, Къэщкъэтау къуажэм и спорткомплексым IэпщэрыбанэмкIэ урысейпсо зэпеуэ щекIуэкIащ, илъэс 17-18 хъухэм папщIэ. Налшык къалэм и Сабий музыкэ школхэм, библиотекэхэм гъэлъэгъуэныгъэхэр, тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я зэIущIэхэр, лъахэхутэ дерсхэр, лекцэхэр, литературэ сыхьэтхэр, мастер-классхэр къыщызэрагъэпэщащ. Бахъсэн, Прохладнэ къалэхэм, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ, Лэскэн, Май, Прохладнэ, Тэрч, Аруан, Шэджэм, Шэрэдж, Iуащхьэмахуэ районхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэхэм, библиотекэхэм, курыт еджапIэхэм щекIуэкIащ концертхэр, пшыхьхэр, выставкэхэр, литературэ, тхыдэ, лъахэхутэ сыхьэтхэр, зэIущIэхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр, кино гъэлъэгъуэныгъэхэр.
Поделиться:
Читать также:
10.06.2026 - 14:43 →
ЦIыжьдадэ лIэужьыгъуэхэр
10.06.2026 - 13:38 →
Псы къабзэр нэхъапэщ
10.06.2026 - 12:30 →
Лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ
10.06.2026 - 11:02 →
ЩIыфэ узыфэхэм зэрызащыпхъумэнур
09.06.2026 - 18:19 →
Километр 43-м щIигъу
| ||




