ПцIыми, дыхьэшхэнщ

Мэлыжьыхьым и 1-р - ГушыIэмрэ ауанымрэ я махуэщ

ГушыIэмрэ ауанымрэ я махуэр дунейм и къэрал куэдым я махуэгъэпсым къыщыхэгъэбелджылыкIахэм ящыщщ. Хабзэ хъуащи, мэлыжьыхьым и 1-м цIыхухэр щабэу зэдогушыIэ, бзаджагъэ зыхэмылъ ауанхэмкIэ зохъурджауэ. Дэтхэнэ махуэщIми хуэдэу, гушыIэмрэ ауанымрэ я махуэм щIэдзапIэ гуэр иIэщ, атIэми абы теухуауэ щыIэ тхыгъэхэр апхуэдизу зэтемыхуэщи (зэхуэмыкIуи къахэкIыуи), езы махуэм и купщIэм хъарзынэу хуокIуэ, и мурадми йозэгъ.

 Совет философ, щэнхабзэм и тхыдэдж, IуэрыIуатэдж цIэрыIуэ Шахнович Михаил итхыгъауэ зэрыщытамкIэ, ГушыIэмрэ ауанымрэ я махуэм щIэдзапIэ хуэхъуар гъэмрэ щIымрэ щызэхэкI, ижь зэманым илъэсыщIэр кърагъэхьэу щыщыта лъэхъэнэрщ. Гъатхэпэм и иужьрей тхьэмахуэм яублэрэ мэлыжьыхьым и 1-м нэсыху цIыхухэм щIымахуэр ирагъэжьэжырт, джэгукIэ, къафэкIэ, гушыIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэнщIауэ зэманыр ягъакIуэу. КъызэралъытэмкIэ, апхуэдэу и арэзыныгъэ къахьырт алыдж мифологием дыхьэшхым и тхьэу хэта Гелос.

Лъэпкъ куэдым ящыщ узэщIакIуэхэм трагъэчыныхь ГушыIэмрэ ауанымрэ я махуэщIым и щIэдзапIэр я деж щыIэу. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, индусхэр, инджылызхэр, франджыхэр, нэмыцэхэр. Урысейм и гугъу пщIымэ, а махуэщIыр япэу Iэтауэ Москва щагъэлъэпIащ 1703 гъэм. А махуэм и пщэдджыжьым къалэ уэрамхэм гъуохэр къыдыхьат цIыху зэхуэсыпIэ нэхъ инхэм ящыщ зым театр теплъэгъуэ гъэщIэгъуэныщэ зэрыщекIуэкIынумкIэ псоми хъыбар ирагъащIэу. ЖыхуаIа зэманым ирихьэлIэу къалэдэсхэм ящыщ куэд а щIыпIэм щызэхуэсат. Театрыр щекIуэкIыну утыкушхуи къыщызэрагъэпэщат абдеж, Iупхъуэхэр Iулъыжу. ЩIэдзэгъуэр нэса нэужь, Iупхъуэр яIэтри, «Мэлыжьыхьым и 1-м зыри уи фIэщ умыщI!» псалъэхэр хьэрфышхуэкIэ тхауэ зытету яшэщIа щэкI Iыхьэр къыщIэщащ. Ар хэти дыхьэшэн къыщыхъуащ, адрейр губжьым хидзащ, ещанэр дыхьэгъым хуэкIуащ. Абдеж пэублэ щыхуэхъуауэ жаIэ а махуэм жаIэхэм дзыхь хуэмыщIыныр.

Интернетым и Iэмал минхэм зыщиужьа иджырей лъэхъэнэм мэлыжьыхь гушыIэхэм зэманым хуэкIуэ теплъи ягъуэтащ. Къапщтэмэ, илъэс зыбжанэ ипэкIэ мэлыжьыхьым и 1-м Google-м (Интернетым къыщызэрагъэпэща дунейпсо къэзылъыхъуэ IэнатIэ) езым къыпыщIа цIыху мелуанхэм хъыбар яхидзащ а махуэм къыщыщIэдзауэ IуэхутхьэбзащIэ абыхэм зэрахуищIэнумкIэ. Google Nose («пэ») зыфIаща а IэмалымкIэ я напэкIуэцIым къихьа цIыхум къыщIихьэфынут зылъыхъуэ Iуэхум ехьэлIа мэхэр, ар цIыхуу, хьэпшыпу, ерыскъыпхъэу е нэгъуэщI гуэру щрырет. Iуэхутхьэбзэр зэрылажьэр зыгъэунэхуну хуейхэм абы хухаха кнопкэ гуэр трапIытIэрти, абы къыкъуэщам теухуауэ лэжьыгъэ гуэрхэр ягъэзащIэрт. Иужьрейуэ ягъэзэщIэн хуейм нэса нэужь, «Мэлыжьыхьым и 1-мкIэ!» псалъэухар экраным имыхуэу къытридзэрт.

Куэдым къэдгъэсэбэп Википедие цIэрыIуэм 2020 гъэм и мэлыжьыхьым и 1-м «Википедием къеблагъэ!» псалъэхэм я пIэкIэ къытридзауэ щытащ «Ныбжьэгъу! Уэ Википедием зыщебгъэтха?» псалъэухар, совет зэманым «Уэ доброволецхэм зыхебгъэтха?» къыхуеджэныгъэм щIыгъуа сурэтым ещхь и гъусэу.

Ноби Интернетым куэду щыбгъуэтынущ ГушыIэмрэ ауанымрэ я махуэм теухуа хъыбархэр. Ди газетым «дунейпсо бэджыхъым» щиIэ Iэмалхэр къэдгъэсэбэпу, дэри фи пащхьэ идолъхьэ мэлыжьыхь гушыIэ зыбжанэ, фи гукъыдэжым зыкъедгъэIэтын мурадыр диIэу, дэтхэнэми дерс къызэрыхэхыпхъэри къыхэдгъэщу. Абыхэм ящыщ гуэрхэри гъащIэм къыщыхъуа къыщIэкIынщ, адрейхэри пцIыми, дыхьэшхэнщ. ЗэрыжаIэу, дэтхэнэ гушыIэми гушыIэ тIэкIу хэлъщ (адрейр зэрыщыту пэжщ!!!)

ГушыIэхэр

                               * * *

 - Укъыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу сыт хуэдэ саугъэт узыхуейр, си дахэ? – йоупщI лIыр и щхьэгъусэм.

- ЗэкIэ сщIэркъым. Сегупсысакъым.

- Апхуэдэу щыщыткIэ, зы илъэскIэ угупсысэну пIалъэ узот! - мэгуфIэ зи бохъшэр нэщI лIыр.

                                * * *

 Аслъэныр кумб куу гуэрым ихуауэ зишхыхьыжырт. Кумбым зы жыгышхуэ къыщхьэщытти, абы номин тесщи, мыдрейм щодыхьэшх, ауан ещI:

- Ыхьы, джэду фыщIа! Хуэзэр къыпщыщIа иджы! Уи лъэбжьанэхэм пщэхъу, уи дзэхэм саугъэт цIыкIуфэкIухэр къыхащIыкIынущ, уи фэр алэрыбгъу папщIэу уардэунэм и лъэгум ираубгъуэнущ, уи щхьэр блынджабэм фIадзэнущ. Аращ уэ пхуэфащэр!

Апхуэдэу сыхьэт ныкъуэкIэ щIэнэкIащ номиныр аслъэным. Абдежым къудамэр къыгуэщIыкIри, номиныр псэущхьэхэм я пщым деж къыщыхутащ.

- Ди пащтыхьышхуэ, уи фIэщ зэрыхъун! Си хьэлыншагъэм сриукIытэжри, къысхуэбгъэгъуну сынолъэIуну сыкъехауэ арам…

                                * * *

ЛIитI зопсалъэ.

- Уи щхьэгъусэр дыгъуэпшыхь театрым щыслъэгъуащ, пыхусыху хъуауи фэ есплъащ.

- Сыту? Лажьэ иIэкъым.

- АпхуэдизкIэ псчэрти, залым щIэс псори абы хуеплъэкIырт.

- Ааа. БостеищIэ щитIэгъати арагъэнщ…

                             * * *

- Си Дунейнэху, сытыт уи гугъар нэхущым сычэфу, си накIэри щIэудауэ сыкъыщыкIуэжам? – йоупщI лIы чэфыжьыпкъэр и щхьэгъусэм.

- УкъыщыкIуэжам уи накIэр щIэуфIыцIыкIауэ щытакъым уэ! – губжьауэ жэуап итыжащ фызым.

                              * * *

Зэныбжьэгъу цIыхубзитI телефонкIэ зопсалъэ:

- Уэдыдыд, Нусэ, си щхьэгъусэр бдзэжьеящэ кIуащи, телефоныр къытрихыркъым. Согузавэ. Абы цIыхубз гуэр здишауэ шэч сощIри, си пIэм сизагъэркъым!

- Сыт занщIэу нэхъ Iейм ущIегупсысыр, Улэ? Уи гур занщIэу умыухыж. Псым хэхуауэ арами пщIэркъыми?

                             * * *

- Пенсэ сыкIуэрэ сытIысыжмэ, си етIуанэ тхылъыр сухыну си мурадщ, - жи цIыхубзым.

- Уэ тхылъ птхыуэ ара? – йоупщI абы нэIуасэ къыхуэхъуагъащIэ цIыхухъур.

- Хьэуэ. Седжэу аращ…

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться:

Читать также: