НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 1, бэрэжьей

♦Къуалэбзухэм я дунейпсо махуэщ

♦Ауанымрэ дыхьэшхымрэ я махуэщ

♦1930 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артисткэ Щауэжь Розэ.

♦1937 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м щIыхь зиIэ и механизатор Дадэ ХьэмытIэ.

♦1943 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ дохутыр, жылагъуэ лэжьакIуэ Тэмазэ Анатолэ.

♦1950 гъэм къалъхуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ, Адыгэ Республикэмрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ КIуэкIуэ Елизаветэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 15 - 16, жэщым градуси 7 - 9 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Делэри, мыпсэлъэху, губзыгъэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

10.06.2026 - 10:42 НОБЭ
09.06.2026 - 07:23 НОБЭ
08.06.2026 - 12:17 НОБЭ
05.06.2026 - 12:20 НОБЭ
04.06.2026 - 10:01 НОБЭ