ЦIыхубэм гуапэу зэдаIэт

Республикэм и Музыкэ къэрал театрым дыгъуасэ концерт гукъи­нэж щекIуэкIащ Балъкъэр лъэп­къым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм и щIыхькIэ.

Махуэшхуэм хуэщIауэ, IуэхущIапIэм и пэIущIэ пэшым щагъэуват сурэтхэмрэ дэфтэрхэмрэ щызэ­хуэхьэса «Моя Балкария» выставкэмрэ декоративно-прикладной ­гъуаз­джэм и хьэпшып гъэщIэгъуэн­хэмрэ.
ГуфIэгъуэ пшыхьым кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­п­сэу­хэм­рэ ди хьэщIэхэмрэ, щIыналъэм и унафэщIхэм ящыщхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, студентхэр, еджа­кIуэ­­хэр.
Къызэхуэсахэм Iэгуауэшхуэхэр хуаIэту концертыр ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ цIэрыIуэхэм. Артистхэр къеджащ балъкъэрхэм я тхыдэм, лъэп­къым и щIыхьыр зыIэт лэ­жьакIуэхэм, щIыналъэм и щIыуэпс телъыджэм теухуа усэ купщIа­фIэ­хэм.
Щхьэхуэу къытеувыIащ ди республикэм имызакъуэу, къэралми щыцIэрыIуэу щыта тхакIуэшхуэхэу КIыщокъуэ Алим­рэ Кулиев Къайсынрэ яку дэлъа зэныбжьэгъугъэ быдэм, Хэку зауэшхуэм, гугъуехь куэдым ахэр зэгъусэу зэрыпхыкIам.
Пшыхьыр зэхуащIыжащ «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» уэрэдымрэ зэныбжьэгъугъэм и къафэкIэ.
Балъкъэрхэм я махуэшхуэм иращIэкI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр, цIыху­бэм зэдаIэту, мы махуэхэм республикэм и щIыналъэ псоми ще­кIуэкIынущ, концерт нэгузыужьхэм къадэкIуэу, выставкэхэр, еплъыныгъэхэр, зэпеуэхэр зэхашэнущ.
ТЕКIУЖЬ  Заретэ.
Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Поделиться: