Гуныкъуэгъуэр щхьэщах![]() «Урысей зэкъуэт» партым и щIыпIэ къудамэу Налшык къалэ округым щыIэм зэIущIэ щрагъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым и лэжьакIуэхэм. Зэхыхьэр теухуауэ щытащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм психологие дэIэпыкъуныгъэ етыным, защIэгъэкъуэным. Iуэхур зи жэрдэмыр партым и Налшык къалэ щIыпIэ къудамэм и гъэзэщIакIуэ секретарь Адыгэунэ Анжелэщ. «Ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ ди сэлэтхэм я унагъуэхэм мылъкум и мызакъуэу, цIыхугъэкIи защIэгъэкъуэным. IэнатIэ гугъум Iутхэм нобэрей зэIущIэмкIэ хьэкъ ящытщIыну дыхуейщ дэтхэнэми и чэзум дыдэIэпыкъуну дызэрыхьэзырыр, апхуэдэуи и зэримызакъуэр къыгурыдгъэIуэным иужь дитщ», - жиIащ Анжелэ. ЗэIущIэм кърихьэлIахэр зэIухауэ икIи дзыхь зэхуащIу зэпсэлъащ. Институтым и IэщIагъэлIхэу доцент, психологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Нэгъуей Будимир, унафэщIым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмрэ информатизацэмкIэ и къуэдзэ, психологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Багъ Риммэ, унафэщIым гъэсэныгъэ, профориентацэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ, егъэджакIуэ нэхъыжь Пщыгъэуш Рузанэ, ассистент Багъэтыр Луизэ сымэ ядэлэжьащ къызэхуэсахэм икIи зэхахахэм, ялъэгъуахэм ятеухуауэ дяпэкIэ зэлэжьын хуейхэр яубзыхуащ. Стрессым узэрыпэлъэщынум теухуауэ къыщыпсалъэм, Багъ Риммэ ягуригъэIуащ ар къызыхэкIыр, абы адэкIи зэрызиужьыну щIыкIэхэр, уи нэIэ тебгъэтын зэрыхуеймрэ узэрыпэлъэщыну Iэмалхэмрэ. Апхуэдэу абдеж къыщызэхуэса цIыхубзхэр гужьеигъуэр езыр-езыру зэрызыщхьэщахыну щIыкIэхэм иригъэсащ, щытыкIэр зэрызэрагъэзэхуэфыну методикэ лъэщхэмкIэ ядэгуэшащ. «Стрессыр узыфэкъым, атIэ Iэпкълъэпкъым зэрызыкъуигъащIэ нэщэнэщ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ ар умыгъэужьыхыу, къызыхэкIар къэпщIэфрэ зэпIэзэрыт щытыкIэм утехьэжыфу зебгъэсэным. КъызэрыгуэкI бэуэкIэ техникэу дгъэлъэгъуахэр къызыIыхьа цIыхум сэбэп хуэхъуфынущ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэр» къэсыху», - къыхигъэщащ Багъ Риммэ. Эмоцие щытыкIэхэм узыншагъэм зэрызригъэхъуэжым тепсэлъыхьащ Нэгъуей Будимир. Абы игъэбелджылащ психологие щытыкIэмрэ Iэпкълъэпкъым и щытыкIэмрэ зэрызэпыщIар икIи эмоциехэр зэрызэрагъэзахуэм тепсэлъыхьащ. «Ди Iэпкълъэпкъым сыт щыгъуи жэуап ехь псэм игъэвымкIэ. Хуабжьу уезэшамэ, уи жейр ныкъуэмэ, щхьэр узмэ - ахэр и нэхъыбэм сымаджэ нэщэнэ къудейкъым, атIэ мыхьэнэ зумыта е къэбгъэлъэгъуэну Iэмал зимыIа гурыщIэхэм (эмоцэхэм) зыкъыуагъащIэу аращ. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэри къэхъукъащIэри зыхэфщIэфу, а зыхэфщIэр къэвгъэлъэгъуэну хуитыныгъэ зэфтыж, абыкIэ фи психикэм фыхуосакъ, а фызыхуэсакъар узыншагъэм егуауэркъым», - къигъэнэIуащ Нэгъуей Будимир. Пщыгъэуш Рузанэ зи гугъу ищIар ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ институтым зыщыхурагъаджэ IэщIагъэмрэ къэкIуэну гъэ еджэгъуэм щIэуэ къыхагъэхьэнухэмрэщ. Багъэтыр Луизэ тепсэлъыхьащ дзэ Iуэху хэхам хэтахэмрэ абыхэм я унагъуэм щIэсхэмрэ психологие дэIэпыкъуныгъэ зэрыратым, абы теухуа проектыр гъэзэщIа зэрыхъум. «ДэIэпыкъуныгъэ» проектыр къыщIызэрагъэпэщар унагъуэм исхэм зыщIагъэкъуэн папщIэщ – я Iыхьлыр щыдэкIым деж къыщыщIэдзауэ абы къигъэзэжыхукIэ. «Дэ зэуIуу долэжь зи бын, щхьэгъусэ зауэм зыгъэкIуахэр гузэвэгъуэм, гужьеигъуэм, пIейтеигъэм къыхэшыным, абыхэм щхьэзакъуэуи, гупуи дадолажьэ, дерсхэр ядыдогъэкIуэкI. Нэхъыщхьэр цIыхум и щхьэ дзыхь трищIэжыфу, гуныкъуэгъуэм зримыгъэхьу егъэсэнырщ», - жиIащ Луизэ. ЗэIущIэм хэтахэм IэщIагъэлIхэм упщIэ куэдкIэ зыхуагъэзащ, я чэнджэщхэми щIэдэIуащ, дяпэкIэ зэдэлэжьэну зэгурыIуащ.
Поделиться:
Читать также:
22.04.2026 - 12:11 →
Хамэ щIыпIэхэм щилъэгъуар
15.04.2026 - 13:26 →
Уэрэдыр зи гъащIэ гъусэ
14.04.2026 - 12:39 →
Хьэршым и япэ тхьэмахуэр зэхуащIыжащ
10.04.2026 - 15:39 →
Хьэрш щIэныгъэм зезыгъэужьа
08.04.2026 - 15:18 →
Космонавтикэм и махуэм ирихьэлIэу зэхашэну зэIущIэхэр
| ||






