Махуэшхуэ тIуащIэр ягъэлъапIэ

Хабзэм и хъумакIуэ дзэхэр зэрыщыIэрэ илъэс 2I5-рэ, Урысей лъэпкъ гвардиер къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 10 зэрыхъум я щIыхькIэ ЩIалэгъуалэм я унэм Iуэху гуапэ щекIуэкIащ.

Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, республикэм и Правительствэм щыщхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я къулыкъущIэхэр икIи зи махуэшхуэхэр зыгъэлъапIэхэм ехъуэхъуащ.

- Хэкум и хъумакIуэу ущытыныр  щIыхь зиIэ икIи жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэнщ. Ар япэ итахэм я хабзэ нэхъыфIхэм пащэу пщIэрэ щIыхьрэ яIэу щIэблэм ягъэзащIэу къокIуэкI. Фэ хэлъхьэныгъэшхуэ хувощI жылагъуэ хабзэр къызэгъэпэщыным, щIэпхъаджагъэм, экстремизмэм, терроризмэм пэщIэтыным, фохъумэ мыхьэнэшхуэ зиIэ промышленнэ, къэрал хэщIапIэхэр, фыкIэлъоплъ Iэщэр зэрызэрагъакIуэм.  Ди жагъуэ зэрыхъущи, махуэ къэс гугъуехь Iэджи къыкъуокI, арщхьэкIэ фэ екIуу а шынагъуэхэм фаполъэщ. Фи IэщIагъэм фызэрыхуэIэижьым и фIыгъэкIэ къалэн псори фогъэзащIэ. Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и гупым фIыщIэшхуэ фхузощI фи хахуагъэм, лIыгъэм, тхьэрыIуэм фызэрыхуэпэжым, хэкупсагъэм папщIэ, апхуэдэщ гвардейцхэм я щIэблэщIэм я дежкIэ щапхъэ нэс ветеранхэри.  Хэхауэ захузогъазэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэу лIыгъэ, хахуагъэ къэзыгъэлъагъуэхэм.

Егоровэ Татьянэ КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и лэжьакIуэхэм, дзэ къулыкъущIэхэмрэ ветеранхэмрэ узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэщIэхэр, мамырыгъэ, гуапагъэрэ зэIузэпэщыгъэрэ яIэну ехъуэхъуащ.

АдэкIэ Управленэм и лэжьакIуэ къыхэжаныкIахэм яритащ Парламентым къыбгъэдэкI тыгъэхэр.

ЗэIущIэр иухащ махуэшхуэ концерткIэ.

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: