ТкIуаткIуэ телъыджэу псэхэлъхьэж

ЩIы Хъурейм и щIыпIэ куэдым щагъэлъапIэ дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэн зэрыхуейм хуэгъэза махуэ хэхахэр.
ЩIыуэпсыр къызэрытхуэупса, ди планетэм псэ зыIут тетынымкIэ, къэкIыгъи жыги щыщыIэнымкIэ къалэнышхуэ зыгъэзащIэ псым теухуауэ тщIэм дривгъэплъэжыт. 
ЦIыху къызэрыгуэкIхэр дызэрегупсысымкIэ, псым и къэкIуэкIэу щыIэр щы къудейщ – зэщIэщтыхьауэ, бахъэ теплъэ зиIэу, ткIуаткIуэ щытыкIэм иту. АрщхьэкIэ, щIэныгъэр мы зэманым здынэса лъагапIэм «дыкъеплъыхмэ», псыр зэрыхьэф щытыкIэр, а щым къищынэмыщIауэ, дызэримыгугъауэ, нэхъыбэщ. Псалъэм папщIэ, езы псым минералрэ пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэу зыхишэм е къызэрыунэхурэ къыдекIуэкIым и фIыгъэкIэ, ар, япэрауэ, ди планетэм псэ зыIуту тетым дежкIэ я пкъымрэ я лъымрэ щыщ зы Iыхьэщ, етIуанэрауэ, къэкIыгъэрэ жыгыу дызыщрихьэлIэхэр зыгъэнщI пкъыгъуэщ. 
ЖыпIэнур арамэ, а псоми къахэкIыущ дызэфэ хъу псыр ЩIы Хъурейм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм щIащыщри а Iуэхугъуэр сыт и лъэныкъуэкIи зыщыдгъэгъупщэ щIэмыхъунури. Дегупсыс зэрыхъунумкIи, абы и хъумэнымрэ зэгъэзэхуауэ къэгъэсэбэпынымрэ дунейпсо жылагъуэм дежкIэ къыгуэхыпIэ зимыIэ пщэрылъ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къызэрыувырщ цIыхухэм ди махуэгъэпсым 1992 гъэм къыщыщIэдзауэ иджыри зы къыщIыхыхьар – «Псым и дунейпсо махуэ» зыфIащар. Ар ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм щагъэлъапIэр гъатхэпэм и 22-р арами, дыкъызыхуриджэр сыт хуэдэ махуэми дигу идгъэлъыпхъэщ. 
«Псым и дунейпсо махуэ» жыхуаIэм и къежьэкIэм ехьэлIауэ тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 1993 гъэм мазаем и 22-м иригъэкIуэкIа и зэIущIэращ гъатхэпэм и 22-р Псым и дунейпсо махуэу къыщалъытар. Мыбы гъэ къэс дыкъызыхуриджэ «гъуо псалъэ зэгъэкIуа» иIэщ. Дызэрыт илъэсым ар «Псы здежэхым щызэгуроIуэ» жыхуиIэрщ. 
Ди планетэр мы къэщIыгъэ телъыджэм зэрыхущыщIэ щымыIэу къытфIэщIми, абы щыщу узэфэ хъунур хэгъэгу куэдым щымащIэ дыдэщ, цIыху меларди 3-м нэблагъэм зэрызагъэкъабзэ псыр арэзы укъэзымыщIщ. ЩIы Хъурейм гъащIэр щызэтезыIыгъэ а ткIуаткIуэ гъуэзэджэр ирикъуу къызыIэрыхьэхэм ящыщ дэри дигу идгъэлъыпхъэщ ар зэдгъэзэхуэн зэрыхуейр.
Еджагъэшхуэхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, ткIуаткIуэ телъыджэм къыбгъэдэт цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр зыхуэдэр зыхещIэ икIи и зэхэлъыкIэр абы «хузэтреухуэ». Псым, дымылъагъуми, хысыдж щIыкIэу «къыIэрыхьэ» хъыбарыр, компьютерым ещхьу, «игу» иреубыдэ. Зи фIэщ хъу дэтхэнэми а Iуэхур къыхуэгъэщхьэпэнущ, ткIуаткIуэм и «пкъынэлъынэм» зыхуей псалъэуха щытритхэу, хуей хъуами нэгъуэщIкIэ щызэрихъуэкIыу.
Зи гугъу тщIы ткIуаткIуэм а и хьэл-щэн телъыджэхэм «псыр псэ хэлъхьэжщ», «псыр псэм и зы ныкъуэщ» псалъэжьхэри зэрапэджэжыр нэрылъагъущ.
Куэдрэ зэхэтхащ псым «псэ» зэрыхэтыр зыгъэнаIуэ къэпщытэныгъэхэр Японием щыщ щIэныгъэлI, доктор Мосару Эмото зэрыригъэкIуэкIам теухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр. 
«Гупсысэ хьэлъэхэм хэмыкI, а лъэныкъуэмкIэ зи щхьэр гугъу езыгъэхь цIыхур псом япэрауэ зэгуауэри сэбэпыншагъэм хузэтриухуэри и Iэпкълъэпкъым хэт е къыхыхьэ псыращ. Арагъэнущ уи гум зэрыпхузэфIэкIкIэ фIы ибгъэлъыху, фIым ухуишэу къыщIалъытэри. ГъэщIэгъуэнщ псым и «пкъынэ-лъынэм» и ухуэкIэр нэхъ Iеижу зэтезыкъутэр гулъытэншагъэр зэрыарари. Арагъэнущ зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ сабийхэмрэ макъ щабэкIэ епсэлъэн, дахэ яжеIэн щIыхуейри», - щыхьэту къоув зи гугъу тщIа щIэныгъэлIыр. 
ЦIыхур и гупсысэкIэр, нэхъри дгъэбелджылымэ, фIагъ-IеягъкIэ и зыхэлъыкIэр зыхуэдэр псым «зэрилъагъур» зыгъэнаIуэ лэжьыгъэ удэзыхьэххэр щрагъэкIуэкIащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Коротков Константин и лъэщапIэ-лабораторэми. ПсыщIэ зрагъэхъуа лагъэм (тепщэчышхуэм) ихъуреягъкIэ къеувэкIа гупыр лъагъуныгъэм, гу къабзагъэ-щабагъэм ехьэлIа гупсысэр зэралъэкIкIэ я щхьэм зэрыщаIыгъыным хущIэкъуащ. Ар дыдэм (гупым) хэтхэм псыр зэрахъуэкIри, гупсысэр щтэIэщтэблагъэм, лъагъумыхъуныгъэм, шынагъэм тещIыхьахэмкIэ зэблахъуащ. 
ТкIуаткIуэ лIэужьыгъуитIри щIыIалъэм дагъэувэри ягъэщтащ, маскъал цIыкIужьейуэ зэрызэхэт молекулэхэм я зэкIэлъыкIуэкIэр наIуэ зыщащIын мурадкIэ. «Удахэщ», «улъагъугъуафIэщ», «фIыщIэ пхузощI», «къысхуэгъэгъу» псалъэхэр зыжраIа псым и молекулэхэр тхыпхъэщIыпхъэ дахащэу зэхэуващ. «Си гур пщыкIащ», «уIейщ», «узыужэгъуащ», «зыгъэкIуэд» жыхуаIэ дыджыгъэхэм щамыгъэщIа псым и кластерхэр нэджэIуджэ дыдэу къыщIэкIащ.
КъыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэу, 1995 гъэм Мосару Эмото пщэрылъ зыщищIат псыр макъамэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIигъэдэIуа иужь молекулэхэм зэрызахъуэжым кIэлъыплъыну. 
Пшыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэр «загъэнщIыху» зэхэзыха псыхэр игъэщтурэ, я кIуэцIым щызэхэува кристаллхэр зэпиплъыхьыжати (микроскопкIэ), композиторхэу Бах, Моцарт, Бетховен сымэ я Iэдакъэ къыщIэкIахэм теплъэ дахэ дыдэхэр къарикIуащ, ауэ рок хьэлъэм «едэIуа» кристаллхэм траха сурэтхэм узэхъуапсэ хъун къахэкIакъым. 
Японием щыщ а къэхутакIуэм абы иужькIи къызэригъэпэща и къэпщытэныгъэхэм зэрагъэнаIуэмкIэ, псым и молекулэхэр псом нэхърэ нэхъ нэхъ удэзыхьэхыу икIи нэхъ IупщIрэ пщIыпщIыжу зыпэджэжыр цIыхум гъэфIэгъыбзэ зыщIилъхьэ, нэгъуэщIу жытIэмэ, зэрыубзэ, зэрыдэхащIэ и псалъэхэрщ. 
АтIэ сыт мы махуэр зыхуэгъэзар? ЩIыуэпсым ехьэлIа адрейхэми хуэдэу, ар къыщIаублар, ублэкIынкIэ Iэмал зимыIэу, къыкъуэкI къалэн ткIийхэр зэфIэгъэкIын зэрыхуейм жылагъуэм гу лъегъэтэнырщ. Ди псыежэххэм яIэ хъуа щытыкIэри щапхъэ закъуэу дрикъунщ. Зитлъэфыхьрэ зэман куэд дэдгъэкIмэ, дунейпсо цIыхубэр гузэвэгъуэшхуэ дызэрыхэхуэнури шэч къызытомыхьэнщ. 
Ауэ щыхъукIи, щIыуэпсыр хъумэныр, егъэфIэкIуэныр къэрал псоми я унафэщIхэми абыхэм щыпсэу цIыхухэми я зэхуэдэ къалэнщ. Псым и махуэу гъатхэпэм и 22-м ягъэлъэпIар къыщIагупсысари зытраухуэжари аращ. 

 

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: