Узыфэхэм зэрапэщIэт Iэмалхэр ягъэбелджылы

КъБР-м и Парламентым Лэ­жьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъумэ­нымрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ эндокринологиемкIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хэха Къэбэрдей-­Балъкъэрым зэрыщратым.

ЗэIущIэм хэтащ хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщIым и къуэдзэхэу Жанатаев Сэлимрэ Къардэн Муратрэ, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительст­вэм-рэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, республикэм узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министрым и къуэдзэ Къармэ Марат, депутатхэр, медицинэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъу­мэ­нымрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщI Къэ­жэр Хъусен къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ диабетым пэ­щIэтынымкIэ щIыналъэ проектыр и лъабжьэу, поликлиникэм къыщыщIэдзауэ сымаджэщ­хэм щыщIэкIыжу дэIэпыкъуныгъэр и чэзум икIи IэкIуэлъакIуэу цIыхухэм ялъэгъэIэсыныр республикэм зэтеубла зэрыщы­хъуар. ЗэфIагъэкIа лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ, нэхъапэм федеральнэ сымаджэщхэм ща­гъуэту щыта дэIэпыкъуныгъэ зэ­мылIэужьыгъуэ куэд иджы республикэм пщIэншэу ща­Iэрохьэ. «Абы щыгъуэми, къы­хэгъэщыпхъэщ зи гугъу тщIы узыфэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр. Аращи, нобэ ди къалэн нэхъыщхьэр зэпхар ахэр пасэу къэхутэнырщ», - жиIащ Къэ­жэрым.
Къармэ Марат къыщыпсалъэм, къыхигъэщащ иужьрей илъэсхэм IэнатIэр куэдкIэ къы­зэрагъэщIэрэщIэжар. Зэхъуэ­кIыныгъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщу абы къигъэлъэгъуащ эндокринологие центрхэмрэ «диабет лъэгум» щеIэзэ кабинетхэмрэ щIыналъэм къы­зэ­рыщызэIуахар. Мыхьэнэшхуэ иIэу къалъытэ сымаджэхэр узы­фэм зэрыкIэлъыплъыну Iэмалхэм зэрыщагъэгъуазэми.
Штатым хэмыт IэщIагъэлI-эндокринолог нэхъыщхьэ, Медицинэ технологие лъагэхэмкIэ унэ­тIыныгъэ куэду зэхэт республикэ клиникэ центрым и эндокринологие къудамэ №1-м и унафэщI Щэхъалы Иннэ жи­Iащ «эндокринологие» унэтIы­ныгъэмкIэ медицинэ дэIэ­пыкъу­ныгъэр лъэныкъуищкIэ зэрыратыр: амбулаторэм, стационархэм, технологие лъагэ зи тегъэ­щIапIэ IэнатIэхэм.
2025 гъэм эндокриннэ узы­фэхэр зиIэхэм я бжыгъэм хэ­хъуауэ къэзыгъэлъэгъуар диабетым ирисымаджэхэри абы­хэм яхэту къызэрапщытарщ. Къэ­бэрдей-Балъкъэрыр къалъытэ лъхъумбым (йод) щымащIэ щIыналъэу, ар щитовиднэ же-ле­зам и узыфэхэр, лышхри яхэту, къызыхэкI Iуэхугъуэщ.
2023 гъэм республикэм и ­район сымаджэщ нэхъыщ­хьэхэм я поликлиникэхэр къы-зэрагъэпэщащ гликированнэ гемоглобиныр къызэрапщ Iэ­мэпсымэхэмкIэ. Абы Iэмал ­къаритащ илъэситIым къриубыдэу апхуэдэ къэхутэныгъэ­кIэ зи узыншагъэр къапщы-тэхэм я бжыгъэр цIыху мини ­10-м щIигъукIэ нэхъыбэ ящIыну.
Щэхъалыр къытеувыIащ щIыналъэм и эндокринологие IэнатIитIым, Медицинэ технологие лъагэхэмкIэ унэтIыныгъэ куэду зэхэт щIыналъэ клиникэ центрымрэ Республикэ клиникэ сымаджэщымрэ епхахэм, я лэжьыгъэм. Гугъуехьхэм ящыщу сымаджэхэм лъэпощхьэпо яхуэхъу зыбжани абы къигъэлъэгъуащ. Псалъэм папщIэ, лъакъуэм хэлъ псантхуэхэмрэ лъынтхухэмрэ зэран хуэхъу диабетыр къыщахутэ кабинетым сымаджэм цIынагъэ иIэу гу лъатамэ, дохутырхэр ­хуиткъым КТ-ангиографие ищIыну (формэ 057-у) ар ягъэ­кIуэну. Щыпсэу щIыпIэм щыIэ поликлиникэм игъэзэжу сымаджэм щIэрыщIэу зригъэтхы­жын хуей мэхъу, абы Iуэхур кIыхьлIыхь ещI, зэрадэIэпыкъуфынури егъэгувэ.

Республикэм 2022 гъэ лъандэрэ инсулин помпэхэр щагъэув (Iуэхугъуэ 40 апхуэдэу ягъэзэщIащ). Республикэ кли­никэ сымаджэщым и хирургхэм лъынтхуэ операцэ гугъухэр ирагъэкIуэкI, диабет зиIэхэм я лъакъуэхэр памыхыу кърагъэлын папщIэ. Апхуэдэуи 2025 гъэм лазеркIэ нэм и сетчаткэр зыгъэбыдэ операци 165-рэ ящIащ.
Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, жьэжьей лышххэм епха операцэ республикэм щащIыркъым - сымаджэхэр федеральнэ IуэхущIапIэхэм ягъакIуэ. Жьэжьей уз гъэтIылъа яIэу диа­бетым ирисымаджэ цIыхуи 110-м диализымкIэ дэIэпыкъу­ныгъэ щхьэхуэ ират, ар илъэс 25-рэ ипэкIэ щыIа щытыкIэм елъытауэ зыужьыныгъэшхуэу къалъытэ.
Штатым хэмыт сабий IэщIагъэлI-эндокринолог нэхъыщхьэ, Республикэ сабий клиникэ унэтIыныгъэ куэду зэхэт центрым и къудамэм и унафэщI Дыщокъуэ Еленэ жиIащ сабий эн­докринологие центрыр 2022 гъэ лъандэрэ зэрылажьэр, абы гъуэлъыпIэ 40 зыщIэхуэ стационарыр, поликлиникэ къудамэр, сымаджэхэм папщIэ еджапIэхэр къызэрызэщIиубы­дэр. 2025 гъэм и кIэм ирихьэлIэу диабет уз зиIэ сабийуэ 418-рэ ятхауэ щытащ. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, сымаджэ хъухэм ­хохъуэ: 2026 гъэм и щIышылэ-мазае мазэхэм я закъуэ сы­маджэ 22-рэ къахутащ.
2025 гъэм «Диабетым и школ»-м цIыху 759-рэ (сымаджэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ) щрагъэджащ. «Алементар-щхьэхуимыт узыфэхэм я еджапIэри» къызэIуахащ. Сабийр пшэр хъумэ, гугъуехь, узыфэ гуэрхэр къыхокI. Псом хуэмыдэу япэ илъэситхум сабийм и шхэкIэм зэрыкIэ­лъымыплъырщ абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу дохутырхэм къагъэлъагъуэр.
Дыщокъуэр къытеувыIащ IэщIагъэлIхэр зэраIэми: республикэм сабий эндокринолог 16 щолажьэ, къэбгъэлъа­гъуэмэ, мардэхэм тепщIыхьмэ, ар къозэгъ. АрщхьэкIэ апхуэ­дэ IэщIагъэлIхэр здэщымыIэ щIыпIэхэм дохутырхэр махуэ ­хэ­хахэм ягъэкIуэныр зэтеублэжыныр къэпсэлъам фIэкъа-былщ. 
2025 гъэм я узыншагъэр къапщытэну федеральнэ сымаджэщхэм сабий 62-рэ ягъэкIуащ. IуэхущIапIэр ирогушхуэ сымаджэхэр хущхъуэкIэ къазэрыхузэгъэпэщым: иджырей ин­сулинхэмкIэ, тестхэмкIэ, мастэхэмкIэ. Урысейм щыяпэхэм ящыщу республикэм 2022 гъэм глюкозэр зэпымыууэ къэ­зыпщытэ IэмэпсымэхэмкIэ сабийхэр къызэригъэпэщу щIи­дзащ. Иджыпсту цIыху 400-м мониторхэр, 90-м инсулин помпэхэр къагъэсэбэп.
Къэпсэлъам гугъуехь нэхъыщхьэуи тIу къигъэлъэгъуащ. Япэр - технологие лъагэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэм ­хухах мылъкур зэрахуримыкъурщ: помпэр хуагъэувыным пэплъэу цIыху 50-м нэс чэзум щытщ (къэбгъэлъагъуэмэ, 2024 - 2025 гъэхэм апхуэдэу къащэхуар 15 къудейщ). ЕтIуанэ гугъуехьыр - гибрид зэпыщIэныгъэ зиIэ иджырей помпэхэр ­къазэрыIэрымыхьэрщ.
ЗэIущIэм хэтахэм даIыгъащ йодыр зэрымащIэм зэры­пэ­щIэтын щIыналъэ программэ зэхэлъхьэн зэрыхуейр. Ар сэбэп хъуну къалъытэ совет зэманым екIуэкIыу щыта цIыхубэ профилактикэм хуэкIуэжынымкIэ.
Щхьэхуэу зэIущIэм хэтахэр къытеувыIащ хущхъуэхэр ди къэралым къыщыщIагъэкIхэмкIэ зэпхъуэкI зэрыхъуну Iэмалхэм. IэщIагъэлIхэм къыхагъэщащ Урысейм фIагъ лъагэ зиIэ инсулинхэмрэ хущхъуэхэмрэ зэрыщащIыр.
ЗэIущIэм щыжаIахэм япкъ иткIэ, комитетым къищтащ ­КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм гу зылъитапхъэ чэнджэщ зыбжанэ.

Поделиться: