Хъыбар кIэщIхэр![]() АхъшэкIэ зыщIагъакъуэ Абыхэм ящыщщ къуажэ щIыпIэхэм щIакхъуэгъэжьапIэ мыинхэр къыщызэIухыным хуэунэтIа пэхуэщIэхэм грантхэмкIэ защIэгъэкъуэныр. Абы и куэдагъыр сом мелуани 10-м нэблэгъэнущ, ауэ ар пэхуэщIэм и уасэм и процент 50-м щIигъунукъым. Ахъшэр зыхухахам трагъэкIуэдэн хуейщ мазэ 18-м къриубыдэу. Мыдрейуэ, ди къэралым щIыналъэхэу Украинэм и дзэхэм я зэран зэкIахэм а грантыр мазэ 30-кIи къагъэсэбэпыну хуит ящI. ПэхуэщIэхэр къыхэзыхынур щIыналъэ властхэращ, ауэ, иужькIэ, ар УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм деж щызэрагъэкIун хуейщ. А унафэр къамыщтэ щIыкIэ апхуэдэ ухуэныгъэхэр езыгъэжьа хьэрычэтыщIэхэм ахэр и кIэм нагъэсыж хъунущ а ахъшэмкIэ. Абы нэмыщI, грантыр зратынухэм хуагъэув щIакхъуэрэ щIакхъуэхэкIыу къыщIагъэкIым и куэдагъым илъэс къэс проценти 3-кIэ хагъахъуэурэ я Iуэхур екIуэкIын хуейуэ. Апхуэдэуи, къэрал дэIэпыкъуныгъэр зылъагъэсыну унэтIыныгъэхэм хохьэ фермерхэм я продукцэхэр къэзыщэху, абыхэм елэжь, ахэр зыщэж мэкъумэш кооперативхэр икIи а Iуэхухэм трагъэкIуадэ ахъшэм и Iыхьэ гуэрхэр мы гъэм щыщIэдзауэ иратыжынущ абыхэм. Псалъэм папщIэ, сом мелуани 5 - 25-м нэсыху и уасэ продукцэ фермерхэм я деж къыщызыщэхуа кооперативхэм ахъэшэм и проценти 10-р иратыжынущ. Сом мелуан 25-50-м къриубыдэм - абы и процент 12-р, сом мелуан 50-м щегъэжьауэ нэхъыбэм – процент 15-р. Мэкъумэш IэнатIэм къыщагъэсэбэпыну электрокъару къэзылэжь газ оборудованэхэр я деж щызыгъэув хьэрычэтыщIэ IуэхущIапIэхэм абы трагъэкIуэда ахъшэм и процент 60-р къэралым хуипшыныжынущ. Ауэ зы IуэхущIапIэм хуэзэу сом мелауни 10 нэхърэ нэхъыбэ иратыжынукъым. УФ-м и Правительствэм иджы къищта унафэм тепсэлъыхьу Мишустин Михаил иджыблагъэ и къуэдзэхэм ядригъэкIуэкIа зэIущIэм щыжиIащ а Iуэхугъуэхэм папщIэ къэралым и бюджетым сом мелард 14-м нэблагъэ мы гъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар. Абы нэмыщI, «Агротуризм» къэрал пэхуэщIэщIэм щхьэкIэ сом мелуан 730-рэ къэрал мылъкум щхьэхуэу къыхэкIынущ. Ари ягъэзэщIэнущ «Агробизнес мащIэм зегъэужьын» къэрал пэхуэщIэщIэм ипкъ иткIэ. ХьэщIэщ ехьэжьахэр УФ-м и Къэрал экспертизэ нэхъыщхьэм къызэритамкIэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ щаухуэну ягъэхьэзыра, Iуэхугъуэ куэдым хуэщIа комплексым и пэхуэщIэр абы я деж щыпхыкIащ. Ар здэщытыну щIыпIэр зыхуэзэр Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ, къэрал мыхьэнэ зиIэ «Iуащхьэмахуэ лъапэ» Лъэпкъ паркырщ. Комплекс яухуэнум хыхьэнущ вагъуиплI зезыхьэ, къатихыу зэтет хьэщIэщу 6, псори зэхэту пэш 600 хъууэ, Iуэхутхьэбзэу къызэщIаубыдэм, я фIагъхэм елъытауэ ахэр я уасэхэмкIэ зэщхьэщыкIынущ, пэш ехьэжьахэри хэтынущ. ЦIыху миным щIигъу зэуэ абыхэм къыщызэтеувыIэфынущ. Апхуэдэуи, зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ цIыхухэм хуэщIа хьэщIэщхэм пэш щхьэхуэхэри яIэнущ, тыншу зэрыщIыхьэну дэкIуеипIэхэри хэту. Абыхэм нэмыщI, комплексым хыхьэнущ шхапIэхэмрэ ресторанхэмрэ, сату щIыпIэхэр, бизнесым ехьэлIауэ зэIущIэхэр щрагъэкIуэкI, лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэпсалъэ хъуну пэшхэр, нэгъуэщIхэри. ХьэщIэхэм Iэмал яIэнущ СПА-комплексхэм, хьэмэмхэм, нэгъуэщIхэми я Iуэхутхьэбзэхэр щызрагъэгъуэтыну, зыщагъэпсэхуну. Гулъытэншэ хъунукъым сабийхэри. Абыхэм щхьэкIэ шхапIэхэр, нэгузегъэужьыпIэ центрхэр, джэгупIэхэр, компьютер пэшхэр, нэгъуэщI куэди щыIэнущ. Ахъшэ хэхъуэмрэ хэщIымрэ 2025 гъэм и еплIанэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм я хэхъуэр псори зэхэту сом меларди 198,6-рэ хъуащ. Абы ипэ ита илъэсым и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 12,3-кIэ нэхъыбэщ ар. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу республикэм и цIыхухэм я щхьэ трагъэкIуэдэжащ псори зэхэту сом меларди 162,8-рэ икIи 2024 гъэм и еплIанэ мазищым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 11,1-кIэ ар нэхъыбэщ. Абы щыщу хьэпшыпхэмрэ пщIэ зыщIат Iуэхутхьэбзэхэмрэ хухахащ сом меларди 162,1-рэ. Ипэ ита илъэсым и еплIанэ мазищым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ари проценти 9,6-кIэ нэхъыбэщ. 2025 гъэм и еплIанэ мазищым къриубыдэу республикэм и цIыхухэм я ахъшэ гъэтIылъыгъэхэр сом мелард 35,8-м нызэрыхьэсащ. Абы ипэ ита илъэсым и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 19-кIэ нэхъыбэщ ар. ЦIыхухэм ипэжыпIэкIэ яIэ ахъшэ хэхъуэри проценти 5,8-кIэ нэхъыбэ хъуащ 2024 гъэм и еплIанэ мазищым щыIахэм елъытауэ. Я лэжьыгъэхэм къапэкIуа хэхъуэри процент 12,1-кIэ, социальнэ ахъшэу ятри процент 11,2-кIэ нэхъыбэщ. Зы мазэм къриубыдэу цIыхур нэхъ мащIэ дыдэу зыхуэныкъуэну ахъшэм и куэдагъыу республикэм щагъэувар сом 20265-рэ, лэжьыгъэ IэнатIэ Iуту лэжьэфынухэм ейр – сом 22089-рэ, пенсэм щысхэм – сом 17428-рэ, сабийхэм – сом 19657-рэ хъуащ. 2025 гъэм республикэм улахуэу ику иту щатам и куэдагъыр (хьэрычэт IэнатIэ мыинхэри хэту) сом 53251,6-рэ хъууэ къабжащ икIи абы ипэ ита илъэсым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 12,5-кIэ нэхъыбэщ ар. А пIалъэм къриубыдэу цIыхухэм ипэжыпIэкIэ къаIэрыхьа улахуэм и куэдагъым, инфляцэри къэлъытауэ, проценти 103,9-кIэ хэхъуащ 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ. 2025 гъэм и дыгъэгъазэм улахуэу ятам и куэдагъыр ику иту сом 73380,7-рэ хъуащ. 2024 гъэм и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 8,1-кIэ, а илъэсым и щэкIуэгъуэм щыIахэм нэхърэ процент 38,1-кIэ нэхъыбэщ ар. Нэгъабэ и дыгъэгъазэм цIыхухэм ипэжыпIэкIэ къаIэрыхьа улахуэм и куэдагъым проценти 2-кIэ хэхъуащ 2024-м и дыгъэгъазэм щыIахэм елъытауэ, 2025 гъэм и щэкIуэгъуэм щыIахэм нэхърэ процент 37,8-кIэ нэхъыбэщ.
Поделиться:
Читать также:
22.04.2026 - 12:11 →
Хамэ щIыпIэхэм щилъэгъуар
15.04.2026 - 13:26 →
Уэрэдыр зи гъащIэ гъусэ
14.04.2026 - 12:39 →
Хьэршым и япэ тхьэмахуэр зэхуащIыжащ
10.04.2026 - 15:39 →
Хьэрш щIэныгъэм зезыгъэужьа
08.04.2026 - 15:18 →
Космонавтикэм и махуэм ирихьэлIэу зэхашэну зэIущIэхэр
| ||






