Адэм и къалэныр инщ

Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ «Адагъэ: Иджырей гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Адэхэм я зэгухьэныгъэ» форум иныр.
Къэралым и щIыналъэ 70-м къикIа лIыкIуэхэр зэхуэзышэса съездыр тхыдэ мыхьэнэ зиIэ зэхыхьэ хъуащ, адэхэм я зэщIэхъееныгъэм илъэс зыбжанэ ипэкIэ зэрызиужьыну щIыкIэхэр игъэбелджылыуэ.
ЗэIущIэр къызэгъэпэщынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ къэрал къулыкъущIэхэр. УФ-м и Президентым и Администрацэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Кириенкэ Сергей и Зэрызыхуигъазэм къыхигъэщащ Адэхэм я зэгухьэныгъэм иджырей къэрал демографие политикэм зиужьынымкIэ къалэнышхуэ зэригъэзащIэр.
Урысейм и «Адэхэм я зэгухьэныгъэм» и Президиумым хагъэхьащ Инвесторхэм я Лъэпкъ Ассоциацэм и лIыкIуэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и Iэтащхьэ, «Адэхэм я зэгухьэныгъэм» и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Тхьэгъэлэдж Артур. Абы и Iуэху еплъыкIэ пэжым, адэ-анэ институтым зегъэужьыным, унагъуэ лъапIэныгъэхэр хъумэным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ къыхуагъэфэщащ Урысейм и «Адэхэм я зэгухьэныгъэм» и ЩIыхь тхылъыр. Апхуэдэ пщIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и статусыр федеральнэ утыкум щигъэбыдащ. 
Тхьэгъэлэдж Артур зэрыжиIэмкIэ, ди республикэмрэ абы и лIыкIуэхэмрэ мы форумым къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зы щагъэзэщIащ, ар нэхъыфIхэм ящыщу къалъытащ. Зэхыхьэм къыщыхагъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэрал унагъуэ политикэм щыпашэу зэрыщытыр. ЩIыналъэм и Iуэху бгъэдыхьэкIэу форумым къыщагъэлъэгъуахэр лъэпкъхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэр зэфIэхынымкIэ Iэмэпсымэ хъарзынэу  къалъытащ. 
«Адэхэм я зэгухьэныгъэм» и щIыналъэ къудамэу ди лъахэм щыIэм и лэжьыгъэр зыхуэунэтIар КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ къулейр, хабзэр хъумэнырщ, унагъуэ лъапIэныгъэхэр гъэбыдэнырщ, сабийхэр гъэсэнымкIэ адэм иIэ мыхьэнэр гъэлъэщынырщ, адэхэмрэ сабийхэмрэ гъунэгъу зэхуэщIынымкIэ щIэгъэкъуэн хъунырщ, абыхэм яку дэлъ дзыхьыр гъэбыдэнырщ.

Iэрыс Iэсият.
Поделиться: