Гулъытэ лъапIэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым ­Лэ­жьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм къриубыдэу республикэм щыщу 48835-м социальнэ дэIэпыкъуныгъэ зэхуэ­мы­дэ­хэр иратащ икIи псори зэхэту Iуэхутхьэбзэу мелуани 7-м щIигъу абыхэм хуалэжьащ.

Гулъытэ хэха хуащIащ а дэIэпыкъуныгъэхэм нэхъыбэу хуэныкъуэхэм. Апхуэдэ гупым цIыху 7323-рэ хэгъэхьэн хуейуэ нэгъабэ къалъытащ икIи ахэр министерствэм щатхащ, Iуэху­тхьэбзэхэри хуалэжьащ. Зи ныбжьыр хэкIуэтахэр щаIыгъ интернатымрэ махуэкIэ абыхэм щакIэлъыплъ стационархэмрэ ягъэкIуэну цIыху 87-м лъэIухэр ятхащ, а Iуэхугъуэхэм щхьэкIэ чэзухэр ди республикэм щы­мыIэу щытми.
Социальнэ лэжьакIуэхэр зи къарум къимыхьхэм я уна­гъуэхэм кIуэурэ ядэIэпыкъуащ. ЖыпIэнурамэ, зи ныбжь хэ­кIуэ­тахэу е ныкъуэдыкъуэхэу цIыху 5208-м я унэхэм щыIэжу Iуэху­тхьэбзэ зэхуэмыдэу мелуан 1,5-рэ хуалэжьащ. 
ЕхьэкIыпIэ зимыIэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэм хуэныкъуэ­хэми хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэми къахэхъуащ. Апхуэдэ гулъытэ хуащIащ цIыху 18789-м. 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 30-м щIигъукIэ нэхъыбэщ ар. 
Зи ныбжь хэкIуэтахэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным ехьэ­лIауэ щыIэ пэхуэщIэхэр республикэм жыджэру щагъэзащIэ. Уеблэмэ «ГъащIэ кIыхь икIи жыджэр» программэм къыхашахэм я куэдагъыр процент 45,7-м нызэрыхьэсащ, абы щхьэкIэ плану ятелъа процент 30,1-м фIыуэ щIрагъэгъуу. 
КъищынэмыщIауэ, щIэуэ кърагъэ­жьа пэхуэщIэм, цIыху­хэм пщIэ щIамыту пIалъэ кIыхь­кIэ ядэIэ­пыкъуным хуэгъэп­-сам, ипкъ иткIэ цIыху 228-м гулъытэ хуа­щIащ. Абыхэм яхэтщ дзэ Iуэху хэхам фэбжь хэзыхауэ цIы­хуищ. 
Министерствэм щыжаIащ ­гъащIэ кIыхьымрэ жыджэ­рым­рэ хуэунэтIа программэмрэ пщIэ щIамыту пIалъэ кIыхькIэ цIыхухэм ядэIэпыкъунымкIэ пэхуэщIэмрэ япэ игъэщыпхъэу зэрыщытыр икIи ди респуб­ликэм зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ я псэу­кIэр егъэфIэкIуэныр абыхэм куэдкIэ зэрелъытар.

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:

Читать также: