ХэкIыпIэхэр къалъыхъуэНалшык щекIуэкIащ «ЩIэблэ узыншэ: сабийхэмрэ балигъхэмрэ я псэукIэм и фIагъыр» II Кавказ Ищхъэрэ форумыр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэмрэ академик Сперанский Г.Н. и цIэр зезыхьэ зэпымыууэ IэщIагъэр щрагъэгъуэт Урысей медицинэ академием педиатриемкIэ и кафедрэмрэ. Форумыр хуэгъэпсащ Жьэжьейм и дунейпсо махуэм икIи сабийхэмрэ балигъхэмрэ я узыншагъэмрэ зэIузэпэщыгъэмрэ ехьэлIа Iуэхухэм траухуащ. КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Къармэ Марат зэхыхьэм хэтхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ. Абы къыхигъэщащ илъэс къэс медицинэ щIэныгъэм зыужьыныгъэ лъэбакъуэшхуэхэр зэричыр, ауэ куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэ гъэхъужыгъуейхэр зыпкърытхэм еIэзэныр узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм дежкIэ къалэн гугъуу къызэрынэжыр, абы и хэкIыпIэхэр къэ-лъыхъуэныр форумым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр.
Поделиться:
Читать также:
22.04.2026 - 16:26 →
«ФIагъым и лъагапIэ»
22.04.2026 - 15:02 →
Лэжьыгъэ нэрылъагъухэр
22.04.2026 - 12:22 →
Адэшхуэм и фэеплъщ
22.04.2026 - 12:20 →
Ноби чэнджэщэгъу схуохъу
22.04.2026 - 12:11 →
Хамэ щIыпIэхэм щилъэгъуар
| ||





