ХХ лIэщIыгъуэм ди къэралым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм, абы ис лъэпкъхэм ягъэва бэлыхьхэмрэ зыхэта гугъуехьхэмрэ ящыщу, щIыналъэм игъуэта зыужьыныгъэ къызэрымыкIуэхэм датемыпсэлъыхьмэ, гум къыдридзей Iуэхугъуэ хьэлъэхэм халъытэ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр. Дауи, гузэвэгъуэ куэдкIэ гъэнщIауэ щытащ а мафIае илъэсхэр. А лъэхъэнэ пхъашэм къриубыдауэ ноби псэр зыхэхыщIэ Iуэхугъуэт ди къэралым щыпсэу лъэпкъ куэд щалъхуа щIыналъэхэм залымыгъэкIэ ирашауэ зэрыщытар.
1944 гъэм и пэщIэдзэр уаеу къызыхущIэкIа лъэпкъхэт къалмыкъхэр, кърым тэтэрхэр, шэшэнхэр, ингушхэр, къэрэшейхэр, нэгъуэщIхэри. Мазэ бжыгъэкIэ къэралым щекIуэкIа а Iуэху мыщхьэпэр, гуауэр зи щхьэ кърикIуа лъэпкъхэм ящыщащ ди къуэш балъкъэрхэр. Гъатхэпэм и 8-м 1944 гъэм балъкъэрхэр я щIыналъэм залымыгъэкIэ ирахуауэ щытащ. Ахэр Курыт Азиемрэ Къэзахъстанымрэ я щIыпIи 120-м хагуэшат. Нэхъ Iеижыр арати, къэрал унафэ хэхаи къыдэкIауэ щытащ залымыгъэкIэ зи псэупIэр зрагъэбгына лъэпкъхэм къэралыгъуэ ямыIэжу къалъытэу.
Егъэлеяуэ хьэлъэт а гъатхэпэр балъкъэрхэм я дежкIэ. Абыхэм ядэгузавэрт, ядэгуIэрт гъунэгъу пэжу, ныбжьэгъуфIу, благъагъэкIэ яубыдауэ къекIуэкI адыгэхэр. Ар зи нэгу щIэкIа куэд щымыIэжми, нэхъыжьыIуэхэм яхэтщ а Iуэхугъуэм иджыри зи гур къыхигъэузыкIхэр. Абыхэм ящIэж щысхьрабгъу ямыIэу зи жьэгу пащхьэм псы ирагъэжыхьыжауэ щыта лIыжьхэр, фызыжьхэр, сабийхэр. Зи цIыхухъухэр зауэ IэнатIэм Iуту къэралым и щхьэхуитыныгъэм щIэбэн адэ-анэхэм, щхьэгъусэхэм, шыпхъухэм, сабийхэм къатехьа лейр я щхьэми ягуми къахуигъэтIасэртэкъым. Апхуэдэ махуэ жагъуэт а псоми я дежкIэ гъатхэпэм и 8-м и пщэдджыжь нэмэзыр.
Хамэ щIыналъэм гугъущэ щехьа ди къуэш балъкъэрхэм яшэчыфащ зыхадза бэлыхьхэри щыщIэныгъэхэри. Уеблэмэ, я лъэпкъ зэхэщIыкIыр куут, лъэщти, хамэщI щыIэми, яхъумэжыфащ я анэдэлъхубзэри, хабзэри, щэнхабзэри. Нэхъыщхьэращи, я гумрэ я гугъэмрэ яфIэмыкIуэду, гъащIэр, цIыхур фIыуэ ялъагъуу къэнащ. Бэлыхь псори лIыхъужьыгъэ хэлъу къызэранэкIри, балъкъэрхэр зыужьыныгъэм и гъуэгу нэхум, хуитым теувэжащ, илъэс 13 дэкIри. Балъкъэр усакIуэшхуэ Кулиев Къайсын зэрыжиIауэ, «…дэ уIэгъэ куэд дгъуэтащ. Гузэвэгъуэшхуэ къыхыхьат ди гъащIэм, Иухуэу ди плIэр, дыкъызэфIигъащIэу. Ауэ ди лIакъуэр абыи къелащ».
Гугъуехьрэ бэлыхькIэ гъэнщIауэ щыта илъэсхэр блэкIащ, лIэщIыгъуэхэми захъуэжащ. Зэманым псори и пIэ иригъэувэжащ, езым зэрихабзэу. Балъкъэрхэри Iуащхьэмахуэ хуиту Iуплъэжащ, я анэдэлъхубзэр Кавказ къуршыжьхэм щыIужащ. Ар насыпышхуэтэкъэ-тIэ а лъэпкъым и дежкIэ?! «Ди лъэпкъри ядопсэу ди лъэпкъ зэкъуэшхэм. А гуфIэгъуэшхуэр дигухэм щыпсэунщ, ХъыбарыфI псоми я щхьэу ар щытынщ. Пэрыхьэжащ щIыр зывэр и лэжьыгъэм, Пэрытхэм Iэщым къагъэлъагъуэ лIыгъэ, Бахъсэн щыпсэухэм икIи шэрэдждэсхэм. Я бынхэр еджэу нобэ школхэм щIэсхэщ. Зэгуэр дунейр дэ кIыфI къыщыттехъуам, Апхуэдэ гъащIэт ди псэм къилъыхъуар!» - жиIэгъащ усакIуэшхуэм иужькIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис лъэпкъ псори, балъкъэрхэри къытхэту, нобэ дызэдопсэу, дызэгурыIуэу, дызэдэIуэжу, къэрал унафэ дахэм дыщIэту, зэныбжьэгъугъэ ин ди зэхуаку дэлъу. А фIыгъуэхэр къапэкIуащ адыгэхэм, балъкъэрхэм, урысхэм, ди щIыналъэм ис адрей лъэпкъхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэм, яхэлъ зэхэщIыкIым, бэшэчагъым, шыIэныгъэм. АдэкIи ефIэкIуэныгъэ, ехъулIэныгъэ куэд диIэныр дэтхэнэми ди хъуэпсапIэщи, нахуапIэ ухъу.