ЩIыуэпсымрэ цIыхупсэмрэ

УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Багъ Мэрьям и IэдакъэщIэкIхэм, ахэр зытриухуэхэм хилъхьэ гупсысэмрэ хуабагъымрэ узыIэпашэ. «Гъуэгуанэ тхыгъэ цIыкIукIэ» узэджэ хъуну мы хъыбар кIэщIхэм уи нэгу къыщIагъэхьэж пасэрей дадэхэмрэ нанэхэмрэ я шыфэлIыфэмрэ жумартагъымрэ, цIыхум и псэм и къэбзагъымрэ зэхэтыкIэ нэсымрэ, щIыуэпсымрэ цIыхупсэмрэ зэрызэпыщIа налъэхэр. Ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ апхуэдэ хъыбар зыбжанэ.

Си жэщ уэздыгъэ

Си жэщ уэздыгъэ, цIыхухэр зэхуэзышэсурэ уэршэр укъуэдияхэр щекIуэкIа лъэхъэнэ дахэ! Пасэрей адэжь-анэжьхэр нэху щыху щызыгъэсыфу щыта си уэздыгъэ нэф! Унэфми, я гур къэбгъэнэхурт, я псэр бгъэхуабэрт. ЩIалэ, пщащэ дапщэ уи лъабжьэм къыщызэдэуджа, къыщызэдэфа, щызэдэгушыIа!

Пхъуантэдэлъу зэрахьэ я щыгъын мащIэми къыхэгуфIыкIрэ, я гур къигурыгукIыу зэхэта щIалэгъуалэр, зэбгрыкIыжыну хуэмейуэ, жэщ дапщэ нэху къащытещхьа! МазэкIэ екIуэкI хьэгъуэлIыгъуэхэр сыт хуэдэ лIыгъэ уиIэу къэбгъэнэхурэт! Уи къарури хурикъурт, упэлъэщырт, гуфIэгъуэм и макъ емызэшри зэпыуртэкъым.

Уэ укъыщыблэм бжэр щызэIухат, хуиту, гуапэу, хэти ныщIыхьэрт. Иджы уэри ущыIэжкъым, уи гъусэуи псэ нэхугъэр дэкIуэдащ. Уи къару мащIэм нэхърэ минкIэ нэхъ гуащIэу уэздыгъэ нурхэр зэщIэблэми, игъэхуабэркъым уэр хуэдэу цIыхум и псэр. Дунейр зэщIолыдэ, зэщIопщIыпщIэ, зэщыхуэпыкIащ, ауэ кIуэщIащ псоми ебэкIыу щыта псэ лъагъуныгъэр, гуапагъэр, нэжэгужагъэр. Уэздыгъэ цIыкIу, къэбгъэхуэбэжыну согугъэ иджыри мы дуней упщIыIуар.

Сешэ си псэм си къуажэм

Сешэ, сешэ си гум, си псэм си къуажэм, сыщалъхуам, сыщапIам... Абы дыгъэр нэхъ плъыжьу къыщопс, абы вагъуэхэр нэхъ щызэщIолыдэ, зэщIэлыдэ къудейкъым, къысщогуфIыкIхэр. Ди уэрамыр къалэ уэрамым нэхърэ куэдкIэ нэхъ бгъузэщ, кумблъэмбри нэхъыбэжщ. Уэшх къешхамэ ятIэщ, ятIэ бдзантхьэщ, итIанэми ар нэхъ IэфIщ. Ар си сабиигъуэ сыщытыншарщ, гъащIэр IэфIыпсу къэслъытэу сыщыпсэуарщ.

Иджы аргуэру балигъ Iуэхум сыхэкIауэ сокIуэ къуажэм. Сыхуейщ сеплъыну си сабиигъуэм къепса дыгъэм, сымыжейуэ сызэплъу щыта вагъуэ цIыкIухэм сазэрыхэплъэнури си гурыфIыгъуэщ. Исщ вагъуэхэр... ЖаIэ, вагъуэр ижмэ, вагъуэбэм зыщIишэжу, арауэ къыщIэкIынщ зыри щIыхэмыщIыр. Гъуэгубгъум ирикIуэ жэм лъэужьым сыкъэувыIэри сеплъащ... Ди жэм къуэлэныжьыр къыщысшкIэ, и кIапэ кIыхьышхуэр си нэгум дапщэрэ къриупцIэрэт, зэбэдзауэ зищIурэ сэ къызэдэхащIэу арат. Хьэблэм уэрамыпэм тесу щыта нанэхэмрэ дадэхэмрэ нэкIэ къызолъыхъуэ. Езыхэр щымыIэжми, я тетIысхьэпIэхэр здэщыта щIыпIэхэм сытоувэ, зызогъэзыхри щIыгум Iэ дызолъэ. Сэ къысщыхъурт ахэр сыт щыгъуи псэуну.... Щымщ, щэхущ дэнэкIи. ИтIанэми, къару гуэрым сыкъэмыувыIэу сешэ. ЗыхызощIэ си Iэпкъынэ псомкIи къызэджэр, сызышэр. Ар щIы-анэращ.

Лъэгуажьэмыщхьэу сотIысэхри, нэкIукIэ сыхогъуалъхьэ, лъапцIэу къыщызжыхьа, уэшх къешхами, сытхъэжу, сыкъигурыгукIыу сыкъезыхьэкIа щIыгур къысхуэгуфIэу IэплIэ къызешэкI, сызэрезэша псори, къоIэбэри стрелъэщIыкI, къару нэрымылъагъукIэ сызэщIеIэтэ, хуабагъэу бгъэдэлъымкIэ къызодэхащIэ, сегъэхуабэри… сыкъеутIыпщыж.

ЛъэхъэнэфI

Мо кхъэм дэт мэжджыт цIыкIyм мэрем пшыхь къэс ехыу щыта дадэ дахэшхуэхэр, хэти хъурыфэу, хэти мэлыхъуэ пыIэу, хэти бухъару тегъэсауэ, я пащIэ хужьхэр дахэу тегъэщхъарэ, набдзэ кIырхэм нэ жанкIэ къыщIэплъу, дадэ баш щIaдзми Iэмал зэриIэкIэ зытрамыгъащIэу, хэти баштесыр и блыгум кIэщIэлъу иIыгъыу, лъей фIыцIэм мест пIaщIэхэр фIэлърэ кIэлош пэ хъурейхэм итыжу...

Хуэму, уэршэрхэу, жэщыр хэкIyэтауэ, уэрам кIыфIхэр ирагъэнэхуу финар зырызи яIыгъыу зэбгрыкIыжхэрт... Ей дунеижь... щыIэжкъым дадэжьхэри, плъагъуркъым абы къащIэна пыIэхэри зезыхьэ. Cыту мащIи хъуа адыгэ цIыхухэр.

ШэщIэху

Ди хьэблэм шэщIэху зиIэр ФатIимэтт. Жьы дыдэу къызэIyихырт и унэбжэр, фызхэри зыр зым иужь иту къызэхуэсырт. Си анэр сымаджэт а лъэхъэнэми, шэр зезыхьэр сэрат. ПщIaнтIэм узэрыдыхьэу гъэжьэрымэ IэфIымэр къыпIyрыуэрт. Зы пщэдджыжь къанэртэкъым а цIыху дахэм и Iэнэ хъурей цIыкIyм е лэкъум, е дэлэн пщтыру темыту.

Къалмыкъшей шыбжииплъыр зытекIaри къэкъуалъэу и хьэку цIыкIyм къытрихыжырти, фыз гупым я Iyэхур зэфIэкIыху игъатхъэрт. Сысабийми, сахэст сэри, шэ пэгунитI cхьар зыхуей хуэзэху сежьэу... Тхьэм псапэу къритыж а нанэ дахэ цIыкIyм ерыскъы IэфIy дигъэшхар. Aбыхэм я дуней тетыкIaм, шэщIэхум щаIyэта хъыбархэм я нэпкъыжьэ си гъащIэм къытринащ, сагъэсащ, сыт хуэдэ гугъуехьми шыIэныгъэ сиIэу сыпхрыкIыфу.

Хьэ Пэрий

Джабащхьэм тет мэл хъушэм хьэр хъумакIyэу къахуигъанэри Нухь къехат и лъабжьэмкIэ. Пшэр Iyву телът, бгыжьхэми, дыжьын бгырыпх ящIэлъым хуэдэу, бжьыхьэ дыгъэр пшэхэм къыпхыплъурэ и лъакъуэхэмкIэ ирикIyэрт.

Пэрий мэлхэм фIыуэ яцIыхурт. Абы и нэIэ щIэкIыу зы мэли хэкIынутэкъым. Хьэри, Нухь къэсыжыхункIи, хъушэм къащхьэщыкIынутэкъым. И Iyэху зэфIигъэкIыурэ зыгъэзэж Нухь нэсыжами, Пэрий тIысу зигъэпсэхуртэкъым. Махуэ псом мэл хъушэм и хъуреягъыр ихъумэрт, зэрымыщIэкIэ дыгъужь е мыщэ къатемыуэн папщIэ. Псалъэмакъыншэу а тIyр зэгурыIyэрт, уеблэмэ, Нухь къыщилъагъум деж, цIыхум хуэдэу, и дзэхэр къигъаплъэурэ щыгуфIыкIырт… Нухь сымаджэ дыдэ хъуауэ щыхэлъым, Пэрий ар зыщIэлъ пэшым къахуIyкIaкъым. Шхын иратми еIyсакъым. Нухь къэтэджыжакъым. Пэрий нэщхъейуэ псоми яхэплъэрт...

Тхьэмахуэ дэкIayэ ар къагъуэтыжащ Нухь и гужь лъабжьэм диижауэ кIэщIэлъу. Зи гъащIэр зэгъусэу къызэдекIyэкIa зэныбжьэгъуитIыр зэкIэлъыкIyэжащ. Сыту пIэрэ шымрэ хьэмрэ апхуэдиз пэжагъ яхэлъу Тхьэшхуэм къыщIигъэщIap! Деплъхэмэ, нэхъыфI дыхъун папщIэу къыщIэкIынщ.

Мазэмрэ сэрэ

Мазэмрэ сэрэ щэхуу дызопсалъэ. Сызэхех, а зыращ пэрыуэгъуншэу цIыхум едэIуэфу щыIэр. Къызоплъ гуапэу, щабэу, и нурхэмкIэ къызодэхащIэ.

СыкъыгуроIуэ, къысщогуфIыкI, зэи зызмыхъуэж, дунейр и IэмыщIэ илъми, зызымыгъэщIагъуэ, а зы пIэмрэ зы щхьэмрэ темыкI мазэ нэгу хъурей дахэр.

Ди дэлэлыр жыг закъуэмрэ псымрэщ. Ауэ ахэри, жьыбгъэ блэкIам дэсабыращ, жыг баринэми, закъуэныгъэм иригъэшауи фэ теткъым, и къудамэ Iув лантIэхэр гуапэу триубгъуащ псым. Пшэ фIыцIэ уэшхыхьхэр уэщIым и щхьэр щIахъумэу екIуэкIащ. Мазэм къарууэ иIэр зыхилъхьэри и щхьэм къытехьащ. Илъэс дапщэ хъуауэ си нэ къыпхуикIрэт, мазэ нур цIыкIу, си гухэлъхэр бжесIэну, сызыгъэгулэзхэмкIэ сыбдэгуэшэну. Сыхунэсыртэкъым, сыноплъурэ, гукIэ сынопсалъэурэ, си Iуэху иужь сихьэжырт, иджы, зэкъуэхуауэ укъэзгъуэтащи, е, уэ сыкъэбгъуэта, зэхуэсхьэсамкIэ сыбдогуашэ. Псыри нэхъ кIащхъэ хъуам хуэдэт, жыг уардэми и тхьэмпэ хъейртэкъым. КъыгуроIуэ щIыуэпсым, псэм и псэлъэкIэ псори зыхещIэ. Сэри сыхуейкъым мы уэм щабэм, дахэм, псалъэншэм сыхэкIыну, зэманыр сэркIэ къэувыIа хуэдэщ.

Уэшх

Уэшх, уэшх, уэшх! Си псэр зыгъэтынш, си гур хэзыгъахъуэ, си гукъуэпсхэм лъыр уэру щызезыгъакIуэ. СогуфIэ, щымыIэми куэд фэ къыфщыгуфIыкI, сыныдоплъ щхьэгъубжэм, фыкъызогъэблагъэ дзапэ уэрэдкIэ. Фи ткIyэпс пIaщэхэр зэкIэлъхьэужьу къытолъадэ, нэпс къудамэм хуэдэу зэбгрож, лъагъуэ псыгъуэ цIыкIyхэр хашурэ. Къагъэзэжыну гугъэ уагъэщI.

БлэкIaм къызэримыгъэзэжыр а цIыкIyхэм ящIэркъым иджыри, сабий къалъхуагъащIэм хуэдэу къабзащэхэщ. Арауи къыщIэкIынщ пIaщIэурэ къыщIежэххэр, зэгуэр къыщежьамкIэ яIyэнтIэжын мурадыр яIэу. Уэшх, уэшх цIыкIy! Зи гъащIэр мащIэ икIи кIэщI цIыкIy! СынолъэIy, yмыпIaщIэ, хуэмурэ зекIyэ, а зы лъагъуэ къыплъысам гу щыхуэ, уи нэ пIaщэ къабзэ цIыкIyхэмкIэ зыплъыхь нэхъыбэу, ящыгуфIыкI къыбдэжэ нэрынэ цIыкIyy къелъэлъэх уи къуэш-шыпхъу IэпцIyпцI нэхухэм, япэ уимыщ, ябгъурыт, ядэгуфIэ псоми. ЩIым фынэсмэ, псэ зыIyт дэтхэнэри зэрищтэжым хуэдэу, фыхыхьэжынущ, щIы фIыцIэ зэи зызмыгъэнщIым, фи лъэужьри зыми къилъыхъуэжынукъым.

Умыжэ, сынолъэIy, умыжэ…

Къэбарт Мирэ.

 

Поделиться:

Читать также: