Спорт хъыбархэрУэзрокъуэ Минарэ ятокIуэ
«Локо-Дзюдо» фIэщыгъэр зезыхьэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Астрахань къалэм щекIуэкIащ мазаем и 27 - гъатхэпэм и 1-хэм. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 28-м, Белоруссиемрэ Къэзахъстанымрэ щыщ хъыджэбз цIыкIуу 473-рэ, 2013 - 2014 гъэхэм къалъхуауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм хэтащ Налшык къалэ администрацэм Физкультурэмрэ спортымкIэ и управленэм «Дзюдомрэ самбэмкIэ» и спорт еджапIэм и гъэсэн цIыкIуитI. Ди гуапэ зэрыхъущи, Уэзрокъуэ Минарэ и хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым щригъэкIуэкIа зэIущIиплIым щытекIуэри, зэхьэзэхуэм и дыщэ медалыр къихьащ. Ди хъыджэбзым и тренерхэр Борыкъуейхэ Юрэрэ Алимрэщ. Биткаш Давид япэщ
Мэзкуу къалэм мазаем и 26 - гъатхэпэм и 2-хэм щекIуэкIащ кекусинкаймкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэр, «Лъэпкъхэм я Кубок» фIэщыгъэр зезыхьэр. Карате лIэужьыгъуэхэм ящыщу спортсменхэр нэхъ гуащIэ дыдэу щызэпэщIэт зэпеуэм кърихьэлIащ цIыху I500-м щIигъу, хамэ къэралу 43-мрэ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 4I-мрэ я лIыкIуэхэу. Зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIам кIэлъыплащ ММА-мкIэ «UFC»-м тIэунейрэ щытекIуэ Ян Петр, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Газзаев Валерэ, Олимп джэгухэм я чемпион Мудэн Беслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри. Налшык къалэ администрацэм Физкультурэмрэ спортымкIэ и управленэм «Дзюдомрэ самбэмкIэ» и спорт еджапIэм и егъэджакIуэ, дунейпсо классымкIэ спортым и мастер Биткаш Давид зэпеуэм и дыщэ медалыр къихьащ. Ди щIалэм зэхьэзэхуэм и утыкум плIэнейрэ къихьати, зэIущIэм хухаха зэманыр и кIэм нимыгъэсу псоми щытекIуащ. Абы и тренерыр и къуэш Емельянщ. МЫСОСТ Наурыз.
Поделиться:
Читать также:
12.10.2026 - 14:32 →
Дыщэ медалу тху
12.10.2026 - 14:29 →
Спорт хъыбархэр
06.10.2026 - 18:51 →
Спорт хъыбархэр
05.10.2026 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
04.10.2026 - 16:38 →
Спорт хъыбархэр
| ||






