Япэ увыпIэхэр къыхуагъэфэщащ![]() Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым архитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым щеджэхэр иджыблагъэ Краснодар къалэм къыщызэрагъэпэща архитектурэ зэпеуэм хэтащ. «Архитектурэм и махуэхэр» Дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэм ипкъ иткIэ Кубань къэрал университетым щызэхаша зэхьэзэхуэм Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм къикIауэ гуп 11 хэтащ. Абыхэм псоми ягъэзэщIэн хуейуэ зы къалэн къапэщылът: Тэн Iуфэ Iус Ростов къалэм и Офицер жыг хадэр щIэрыщIэу зэзыгъэпэщыж икIи езыгъэфIакIуэ пэхуэщIэ сыхьэт 72-м къриубыдэу зэхагъэувэн хуейт. Къалэным Iуэхугъуэ зыбжанэ къызэщIиубыдэрт. Псом япэрауэ, гуп къэс къихутэн хуейт щIыпIэм епха щхьэхуэныгъэхэр, абдеж къыщыхалъхьэну пэхуэщIэр езэгърабгъу хъун папщIэ. ЕтIуанэрауэ, а лэжьыгъэр къыщIыхэпхын икIи пхыгъэкIын щIыхуей щхьэусыгъуэхэр къыхэщу гъэлъэгъуэныгъэ зэпэщ ягъэхьэзырыну къапэщылът. ЕкIуэкIа зэпеуэм япэ увыпIэр къыщызыхьар КъБКъУ-м икIа, Иуан Дисанэ зи унафэщI студент гупырщ. Гупым хэтащ Хэжь Даринэ, тут Аскэр, Тэнащ Аскэр, Васильченкэ Маргаритэ сымэ. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, щIалэгъуалэр зэлэжьын хуей хъуа щIыпIэр къалэм зэрыхэухуэна щIыкIэкIи, езым иIэ гъэпсыкIэкIи тынш дыдэхэм ящыщтэкъым. Жыг хадэр езыр зэщIэкIэжат, зекIуапIэхэр къыхэмыщыжу хэкIуэдэжат, цIыхухэр абдеж зэрыщыземыкIуэр къапщIэу бгынэжат. Ар гъущI гъуэгумрэ машинэ куэд щызэхэзежэ гъуэгумрэ зэрапэгъунэгъум дыдэм къыхэкIыу, шынагъэншагъэр къызэзыгъэпэщ дамыгъи ухуэныгъи зыщIыпIэ дежи иIэтэкъым. КъищынэмыщIауэ, жыг хадэм и Iэгъуэблагъэм итт цIыхушхуэ щызэблэкI нэгъуэщI щIыпIэхэри: Екатеринодар къалэр хуит къэзыщIыжахэм я фэеплъ скъарри, къэувыIэпIэхэри, шхапIэри, къэхьэуэ ефапIэхэри абдеж щызэхэтт. Жыг хадэр абыхэм яхэзагъэртэкъым, уеблэмэ лейуэ къыпщызыгъэхъу нэщэнэхэр мымащIэу хэплъагъуэрт. – Краснодар къалэм япэу сыдыхьауэ арати, гъущI гъуэгум зэрытрагъэувэрэ илъэси 125-рэ ирикъуа трамвайм къызит гухэхъуэм сызэщIиIыгъэу зыщысплъыхьырт. Ауэ слъагъур сурэт гуэрым и теплъэгъуэ зырызу фIэкIа нэгъуэщIу къысщыхъуртэкъым: гъущI гъуэгур щхьэхуэу «псэурт», къэувыIэпIэхэм гъащIэ щхьэхуэ ирахьэкIырт, жыг хадэрати, ар къалэ дунейм зэрыхэувэ щIыкIэр къыбгурыIуэххэртэкъым. Трамвайр зэрыкIуэ гъущI гъуэгум къызита гурыщIэхэм дыкъыщежьэу ди пэхуэщIэр зэхэдгъэувэныр гупым хэтхэм игъуэу къэтлъытащ, – жеIэ Хэжь Даринэ. ЩIыпIэм нэIуасэ зыхуащIа нэужь, КъБКъУ-м икIа гупым хэтхэм хэкIыпIэ гъэщIэгъуэн къагъуэтащ: зауэ тхыдэм епха жыг хадэр къалэм къепхыным траухуащ. Псыжь и кIуапIэ-жапIэхэр къигъэлъагъуэу, фэеплъ скъарым и гупэкIэ псыкъиу иIэщ. Абы пэмыжыжьэу щыт къэувыIэпIэм трамвай зэмылIэужьыгъуэхэм я теплъэр къызытещ къэхьэуэ ефапIэ зыбжанэ щызэхэтщ. Архитектор ныбжьыщIэхэм а теплъэгъуэ хьэзырхэр къащтэри, жыг хадэм къыхэкIрэ, псыкъиумрэ къэхьэуэ ефапIэхэмрэ я гупэмрэ щIыбагъымрэ псыгъуэ кIыхьу къапекIуэкIыу жыгыщIэхэмрэ чыцэ IэрыщIхэмрэ ягъэтIысащ, я зэхуакум дэлъ ухуэныгъэ лейхэр дахыжри, жыг хадэм гъущI хъар дыхьэпIэ хуащIащ, зи бгъуитIым епэрхэр екIэкI лъагъуэхэр – Псыжь и кIуапIэ-жапIэхэм къыпащэ хуэдэу – хуащIащ. ПэхуэщIэм ущеплъкIэ, а псор зы гупсысэм и шыбзэм зэрыщIэкIар къапщIэу, хъарзынэ дыдэу зэхэухуэна хъуат. Гупым и ныкъуэр пэхуэщIэм и 3D жыпхъэм елэжьащ, адрейхэм ар гъэлъэгъуэныгъэм хуагъэхьэзыращ. Утыку кърахьа IуэхущIафэм къэпщытакIуэхэр къызэрымыкIуэу дихьэхат, студентхэм я къэухьыр зэрыбгъуэр, къалэм и щIыпIэхэр зэрапхыну хэлъэт къазэрыкъуэкIар, дэтхэнэ зы теплъэгъуэми бгъэдыхьэкIэ хэха зэрырахьэлIар къыхагъэщащ. Абы къищынэмыщIауэ, зэхьэзэхуэм хэтхэм дэтхэнэми я IэдакъэщIэкIхэм я зэпеуэ щхьэхуи екIуэкIащ. КъБКъУ-м и щIалэгъуалэ гупым мыбдежи лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр щагъэлъэгъуащ, ахэр фIы и лъэныкъуэкIи къызэрыхэщын щIэныгъэ куууи ирахьэлIащ. «Дыжьыныр» хуагъэфэщащ студент нэхъыщIэхэм ящыщу «ЖьауапIэ хъурей» фIэщыгъэр зиIэ пэхуэщIэр зыгъэхьэзыра Къулий Лимэ. Тэнащ Аскэр и «Иджырей гъуазджэм и музей» зыфIища лэжьыгъэмрэ Тут Аскэр и «Къат 16-у зэтет унапIэ» пэхуэщIэмрэ япэ увыпIэр иратащ. II икIи III нагъыщэхэр зиIэ фIыщIэгуапэ тхылъхэр хуагъэфэщащ «Машинэ гъэувыпIэ зиIэ унапIэ» пэхуэщIэр зи Iэужь Хэжь Даринэрэ «ЦIыху 330-рэ зыщIэхуэн еджапIэ» лэжьыгъэр зей Васильченкэ Маргаритэрэ. Куэдым гъэщIэгъуэн дыдэ къащыхъуащ шале гъэпсыкIэ зиIэ хьэщIэщым и жыпхъэр. Ар зыгъэхьэзыра АфIэунэ Азэмэт II нагъыщэ зиIэ щытхъу тхылъыр къыхуагъэфэщащ. ТекIуэныгъэ къэзыхьа ныбжьыщIэхэм яунэтIащ, лэжьыгъэми куууэ хагъэгъуэзащ КъБКъУ-м архитектурэмрэ дизайнымкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэхэу Атэбий ФатIимэт, Тутай Алим, Щынахъуэ Астемыр, ГъукIэлI Хьэзрэт сымэ.
Поделиться:
Читать также:
03.03.2026 - 13:16 →
ЩIалэгъуалэм я зэхэщIыкIыр къаIэт
02.03.2026 - 13:11 →
Кавказ тажым хэс налмэс лъапIэ
24.02.2026 - 12:48 →
Зэреджэм хуэдэурэ зрагъасэ
17.02.2026 - 15:55 →
ЩIалэгъуалэм я унэм
14.02.2026 - 13:11 →
Мэкъумэш IэщIагъэхэр къыхрагъэх
| ||





