ПхъэщхьэмыщхьэмкIэ республикэм щыпэрытщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъабэ щызэщIакъуэжа пхъэщхьэмыщхьэмрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэхэмрэ я Iыхьэ плIанэр Бахъсэн щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм къалъос, жиIащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым, районым и жыг хадэгъэкIхэм иджыблагъэ щаIущIам.

«Пхъэщхьэмыщхьэ-мэракIуэ продукцэхэмкIэ Бахъсэн щIыналъэр республикэм щыпэрытщ. Апхуэдэу кърахьэлIэжым и процент 25,5-р абы къылъос», - къыхигъэщащ Сыжажэм. Апхуэдэуи, абы зэрыжиIамкIэ, районым и жыг хадэгъэкIхэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу тонн мин 283-м щIигъу нэгъабэ зэщIакъуэжащ, зы гектарым ику иту центнер 423,8-рэ къытекIыу. Республикэм ику иту щыщыIэ бжыгъэхэм нэхърэ центнер 25-кIэ нэхъыбэщ ар.

Къэбэрдей-Балъкъэрым жыг хадэгъэкI IэнатIэр мыхьэнэ нэхъ ин зиIэ унэтIыныгъэхэм хохьэ. ЖыпIэнурамэ, пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу псори зэхэту тонн мелуан 1,103-рэ кърахьэлIэжащ нэгъабэ е 2024 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 7-кIэ нэхъыбэ.

 
 
 
 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: