Гурылъ темыпыIэхэрУсакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн «Гурылъ темыпыIэхэр» зыфIища и тхыгъэ кIэщIхэм гурыщIэ дахэ, къабзэ къыщыгъэлъэгъуащ. Абыхэм гупсысэ куу ящIэлъщ, цIыхум и гум щыщIэр къыщыгъэлъэгъуащ, жыпIэнурамэ, дэтхэнэ зы тхыгъэри гъащIэм и джэрпэджэжщ. Апхуэдэуи а гурылъхэр бзэ къулейкIэ икIи шэрыуэкIэ къиIуэтащ. Тхьэхущынэ Ланэ. * * * Сэ лъэмыж кIапэм сынытеувэри, уэ сыноплъа къудейт уи напIэр къыщехуэхам. Щхьэ апхуэдизу нэщхъей ухъуа? Пэгуным къибгъэхъуа псынэпс къабзэм хыумылъагъуэу ара уи гум къилъыхъуэр? Умынэщхъей апхуэдизу, къэIэт уи щхьэр. КъэкIуэнщ Ари. КъэкIуэнщ дыгъэпсым ириджэгуу, гъатхэ удз гъэгъакIэ хуэпауэ, псэр зыгъэпIейтей макъамэр и Iупэтелъу. Сыт пщIэр? Щхьэ псы пэгуныр ипкIутыжауэ ущыт, унэщхъейуэ? А ипкIутыжа псым нэхъ хэплъэгъуэн къыпфIэщIауэ арат Абы и теплъэр? Къаплъэ си дежкIэ, еупщI мы си гум. ИтIанэ уэ къэпщIэнущ а уи гур иджыри къэс зылъыхъуар. Сэ зэкIэ лъэмыж кIапэм сытету Iэнкуну сыноплъ къудейуэ аращ, уи деж сыкъэкIуа нэужь ныбжесIэну гурыщIэ псалъэхэр мы псым и Iущащэ макъым къыхэсщыпыкIыу. * * * Умыухыт уэрэдыр, дахащэ! А уэрэдым мы си гур егъэпIейтей. А макъамэр сэ къызэджэ зэпытщ. Уэ ар къыщIипшри къызыхуипшри сэ сщIэркъым, ауэ мы си гур абы зэпымыууэ и дзасэпэфIэлъщ. Сэ си гурыщIэр толъкъуну абы къегъэукъубий! Хэт насыпыфIэ пщIыр уэ а уи уэрэдымкIэ? Хэт и щIалэгъуэ насыпым ебджэр? Хэт апхуэдэ гъуэгу нэхукIэ узыхуэхъуапсэр? Къэгъазэ уи гупэр, сэ схужыIэ зы уэрэд! Сэ сошынэ, уэрэдыр бухыу, мы дунейр уэрэдыншэ пщIынкIэ. Дэнэ уэ апхуэдэ макъамэр къыздипхыр, гур зэщIигъэсту, игъэпхъэру?! Унэм сыщIигъэсыжкъым, пщIантIэм сыдигъэтыжкъым… СынолъэIу: кхъыIэ, умыух уи уэрэдыр. Уи уэрэдырщ си гъащIэр кIэухыншэ зыщIыр. * * * * * * УкъызэрыкIуэм хуэдэурэ уэ си унэм укъыщIэзгъэхьащ, ухэтми сыномыупщIу. «Къэсащ иджы алъандарэ сызэжьар», - жысIэрт сэри сыгуфIэу. Си гугъэт сызэжьар къэунэхуу къысхуэкIуауэ. Уи нитIым сыщIэплъа нэужь, къысщыхъурт сызыхуей псори уэ къысхуздэпхьауэ. Уэ уздэкIуэм укъэсауэ къыщIэкIащ - сэ сежьэну зызгъэхьэзыр къудейт. Уэ укъыздэсын хуеям деж сэ сыкъыщынащ щэху сыхъуауэ, си щIэдзапIэм деж сыщыббгъэдэту. Ар тIуми насыпу къэтлъытэрт: сэ сегупсысыртэкъым а насыпыр зейр узэрыарам… УкъызэрыкIуэм хуэдэурэ уэ си унэм укъыщIэзгъэхьащ, ухэтми сыномыупщIыу, ауэ сэ сыщIэкIащ: укъызэмыупщI уэри сэ сыздэкIуэмкIэ, сэ сызэжьэр къэунэхуауэ къызоджэ… Сэ сщIэжыркъым а лъэбакъуэр щысча дакъикъэр, ауэ си гур зэми нэщхъейщ, зэми мэгуфIэ. * * * КъакIуэ, си псэ! Щхьэ укъыщыувыIэжа мы лъагапIэм и лъабжьэм? КъакIуэ. Сэ вагъуэхэр къыстелъалъэу мыбдежым сыщIыщытыр уэ сыножьэри аращ. КъакIуэ, къыдэкIуей, щхьэ укъызэплъу ущыт? Сэ акъужьыр си щIакIуэу лъагапIэм сыщIытетыр уэ укъэслъыхъуэу аращ. Къежьэ, си Iэр нэшиящ. Уагъэшынауэ ара къыстелъалъэ вагъуэхэм я нурым? КъыдэкIуей, умышынэ, къызэт уи Iэпэр. Сэ пщыхьэщхьэм суригъусэу мыбдежым сыщIыщытыр уи зы Iуплъэгъуэщ. КъакIуэ, къыдэкIуей! КъыхэбэкъукI зы дакъикъэ закъуэ щIылъэ гъащIэми, лъагагъэм уи гум зыщегъэукъуэдий, вагъуэбэр зэгъэдэхащIэ. Сэ ныщхьэбэ лъагапIэм сыкъыщIыдэкIуеяр си гухэлъ къабзэр уэрэдкIэ пхуэсIуэтэну аращ… * * * Къуажапщэм къыщыдыхьауэ къуажэкIэмкIэ къехырт псоми елъэIуу: «Уэрэдыншэу сыкъэнащи, кхъыIэ, зы уэрэд, жылэ, къызэфт», - жиIэу. Ди деж къыщысым, Ар си уэрэдым и пщIантIэм къыдишэри, чысэ хэдыкIа дахащэ цIыкIу къысхуишиящ, вагъуэбэ нур зэщIэблэ-зэщIэпщIыпщIэкIэ гъэщIэрэщIарэ гъащIэ насыпкIэ гъэнщIауэ… II Уэ къызэптащ уи псэм и гъусэу си псэр зыщысхъумэн чысэ хэдыкIа дахэ цIыкIу. Иджы пщыхьэщхьэкIэрэ си псэр абы дызолъхьэри, IэфIу сожеиж, си псэр уи псэм и гъусэу а зы чысэ хэдыкIам зэрыдэлъыр сщIэуэ. Сытым хуэдиз гуфIэгъуэ къысхуихьрэ сэ абы! Си щхьэр а чысэ дахэ цIыкIум теслъхьэмэ, си гур мэгуфIэ, си гукъыдэжыр Iуащхьэмахуэ йохьэйохуэ, щабэу Iэ дэслъэмэ, гуфIэгъуэ хэмыкIыж сохъу. Зы пщэдджыжь дэкIыркъым а ди чысэм удз дахащэхэр къыщымыгъагъэу. Зы пщыдджыжьи думыгъэкIыу уэ абыхэм я нэхъ дахэхэр къипчурэ си пащхьэ къыболъхьэ, я мэ гуакIуэмкIэ махуэщIэм сыхыбошэ. Сэ пщыхьэщхьэкIэрэ си псэр аргуэру гъащIэ насыпыр щысхъумэ чысэм изолъхьэж, си жэщыр пщIыхьыншэу согъакIуэ, махуэщIэр аргуэру епэрхэм я мэ гуакIуэхэмкIэ къысIуощIэ. А псори зи фIыщIэр уэращи - си псэр щхьэузыхь пхузощI.
Поделиться:
Читать также:
06.03.2026 - 17:48 →
Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
06.03.2026 - 15:40 →
ЩIыуэпсымрэ цIыхупсэмрэ
05.03.2026 - 12:17 →
Анэм и уэрэдым теухуауэ
02.03.2026 - 12:57 →
УиIэмкIэ уарэзыныр
28.02.2026 - 15:30 →
Уахэплъэнри щхьэпэщ
| ||




