Щхьэлыкъуэ и хьэщIэ лъапIэхэр![]() Урысей Федерацэм боксымкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Фархутдинов Виктор я пашэу тренер гуп иджыблагъэ щыIащ Щхьэлыкъуэ къуажэм и спорт базэм. ХьэщIэхэм зрагъэлъэгъуащ нэгъабэ а жылэм къыщызэIуаха, спорт лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ - гимнастикэмкIэ, боксымкIэ, дзюдомкIэ, нэгъуэщIхэмкIи - зэхьэзэхуэхэр щебгъэкIуэкI хъуну комплексымрэ волейболым, футболым, баскетболым хуэщIа стадионымрэ, ахэр Iэмэпсымэхэмрэ оборудованэхэмкIэ къызэрызэгъэпэщар. А спорт IуэхущIапIэм сабий 400-м нэблагъэм нобэ зыщагъасэ, я ныбжькIэ илъэси 7-м къыщыщIэдзахэмрэ нэхъыжьхэмрэ. Фархутдинов Виктор яIущIащ спортсмен ныбжьыщIэхэм икIи ехъуэхъуащ къыхаха спорт лIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэхэр щаIэну, лъагапIэ нэхъ инхэр къащтэну, цIыху щыпкъэ хъуну. Апхуэдэуи, хьэщIэхэм боксымкIэ чэнджэщхэр цIыкIухэм иратащ, абы и щэхухэмкIи ядэгуэшащ. Къыхэдгъэщынщи, Щхьэлыкъуэ къуажэм и гъэсэнхэм ящыщ куэд УФ-м боксымкIэ и командэ къыхэхахэм хагъэхьащ, иджыпстуи хэтщ. ЖыпIэнурамэ, къуажэм къыдэкIащ ди къэралым дунейпсо классымкIэ спортым и мастеру 2-рэ, спортым и мастеру 35-рэ. Иджыпсту зызыгъасэ ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ дуней псом, Европэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм медаль зэхуэмыдэу 10 къыщахьащ, УФ-м - 40-м нэблагъэ.
Поделиться:
Читать также:
05.03.2026 - 15:26 →
Бахъсэндэсхэм спортым ехъулIэныгъэфIхэр щаIэщ
24.02.2026 - 12:59 →
ТIури домбеякъыу
24.02.2026 - 12:56 →
Спорт хъыбархэр
18.02.2026 - 13:33 →
Спорт хъыбархэр
16.02.2026 - 14:51 →
СПОРТ ХЪЫБАРХЭР
| ||





