Куэд къызэщIеубыдэ![]() Хэкупсагъэр щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ яхэлъхьэным, къэралым ис цIыхухэр къыщалъхуа щIыналъэм хуэпэжу псэуным теухуа Iуэхугъуэ мин 43-м щIигъу иригъэкIуэкIащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондыр къызэрызэрагъэпэщрэ. Фондым хэкупсэ гъэсэныгъэр урысейпсо жэрдэмхэмрэ щIыналъэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмрэ къыхэлъытауэ зэтриухуащ. Ар зэрылэжьа пIалъэм къриубыдэу хэкупсагъэм теухуа зэIущIэхэм хэтащ сабий мин 350-м щIигъу. Дзэ Iуэхум теухуауэ щIалэгъуалэм зэхалъхьа уэрэдхэм я фестивалхэр, унагъуэ спорт зэпеуэхэр, спецоперацэм хэтхэм я усэхэмрэ прозэхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъхэр къыдэгъэкIыныр, нэгъуэщI куэди къызэщIеубыдэ а лэжьыгъэм. ЩIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ къалэнышхуэ ягъэзащIэ дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм. Фондыр я дэIэпыкъуэгъуу мамыр гъащIэм къыхохьэжри, зи гугъу тщIы лэжьыгъэм жыджэру хэтщ, - жиIащ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и статс-секретарь-къуэдзэ, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и унафэщI Цивилевэ Аннэ. А фондым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и лэжьыгъэм унэтIыныгъэ пщIы бжыгъэхэр къызэщIеубыдэ, абыхэм я нэхъыщхьэр ЛIыхъужьхэм я унагъуэхэм гулъытэ яхуэщIынырщ, тхыдэм и пэжым щIэблэщIэр щыгъэгъуэзэнырщ. Республикэ фондыр нэхъыбэу зэлэжьхэм ящыщщ дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъыр мыгъэкIуэдыжыныр. Ар цIэ-унэцIэ, сурэт къудейкъым, атIэ ЛIыхъужьхэм я унагъуэхэм гурэ псэкIэ гулъытэ яхуэщIыныр зи лъабжьэ къалэн инщ, зэпымыууэ гъэзэщIэн хуейуэ. «Шэч хэмылъу, Хэкур яхъумэу зи псэр зыта ЛIыхъужьхэм я фэеплъыр хъумэныр ди къалэн нэхъыщхьэщ икIи ар дэркIэ лъапIэщ. ЦIэ-унэцIэ къэс хъыбар къыкIэлъокIуэ, хьэл-щэныфIым, хахуагъэм, къыщалъхуа щIыпIэр, зэрыс лъахэр псэемыблэжу фIыуэ зэрилъагъум и щапхъэу. Дэ быдэу дапыщIащ хэкIуэда зауэлIхэм я унагъуэхэмрэ муниципалитетхэмрэ», - жеIэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ фэеплъ Iуэху, дауэдапщэ пщIы бжыгъэхэр къызэрагъэпэщащ икIи ирагъэкIуэкIащ. Я хъыбарыр зэхуахьэсыфын папщIэ, зауэм и ветеранхэм фондым и къудамэм зыхуагъэзэн хуейщ, я къекIуэкIыкIар тхауэ яIыгъыу. ХэкIуэда щIалэм и унагъуэм зауэлIым и фэеплъыр мыкIуэдыжын ящIын папщIэ, зыхуагъэзэн хуейщ фондым и лэжьакIуэу а Iуэхур зи пщэрылъым. Фондыр еужьэрэкIыу йолэжь нэгъуэщI зы унэтIыныгъэми - дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр щIэблэр хэкупсэу гъэсэным хэшэным и Iуэхум. Зэпымыууэ къызэрагъэпэщ школакIуэхэмрэ студентхэмрэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яIущIэныр. Дыгъуасэ зауэ къалэнхэр зыгъэзэщIэу губгъуэм ита ветеранхэр нобэ республикэм и школхэм, колледжхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм макIуэ, «ЛIыгъэм и дерсхэр», «Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхум теухуа зэпсэлъэныгъэ» урокхэр ирагъэкIуэкI. Нэгъабэ япэу екIуэкIащ «Унагъуэ пшэплъ» урысейпсо джэгукIэр. Проектым къэрал псом и хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ унагъуэхэр зэкъуигъэуващ икIи къигъэлъэгъуащ хэкупсэ гъэсэныгъэр ипэжыпIэкIэ удэзыхьэхыу щытынкIэ зэрыхъунур. «Унагъуэ пшэплъым» и къалэн нэхъыщхьэр хабзэщIэ дахэхэр къыхэлъхьэнырщ, унагъуэ зэкъуэтым, жэуаплыныгъэ зыпылъым и шыфэлIыфэр гъэлъэгъуэнырщ. Псори зэхэту зэхьэзэхуэм хэтащ унагъуэ 24-рэ. КъБР-м къыбгъэдэкIыу Волгоград щекIуэкIа «Унагъуэ пшэплъ» зэпеуэм хэтащ Прохладнэ къалэм щыщ Малышевхэ я унагъуэр. Мы гъэм абы я зэфIэкI щагъэлъэгъуэнущ Урысейм и хэгъэгу псоми щыщ унагъуэ мин 25-м щIигъум, кIэух зэпеуэм щызэIущIэнущ унагъуэ 89-рэ. Дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм унагъуэхэр я нэIэ щIэтынущ, загъэхьэзырынымкIэ ядэIэпыкъунущ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондыр къызэрагъэпэщащ Урысейм и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ. Абы и мурад нэхъыщхьэр дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэмрэ лIыхъужьхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ я щхьэ Iуэхур дэгъэкIынымкIэ ядэIэпыкъунырщ. Фондым и IэщIагъэлIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ сэлэтхэм зыщIагъакъуэ медицинэм и мызакъуэу, щIэрыщIэу егъэджэжынымкIэ, лэжьапIэ увынымкIэ, юридическэ дэIэпыкъуныгъэкIэ, пIалъэ кIыхькIэ унэм щыкIэлъыплъынымкIэ, ныкъуэдыкъуэ хъуахэм псэупIэ къахузэгъэпэщынымкIэ. Фондым и къудамэхэр Урысейм и щIыналъэ псоми щолажьэ.
Поделиться:
Читать также:
05.03.2026 - 12:14 →
ЩхъуантIагъэр нэхъыбэ ящIынущ
05.03.2026 - 12:11 →
Пщащэ набдзэгубдзаплъэ
04.03.2026 - 15:25 →
Нэгъабэрейм къыкIэроху
04.03.2026 - 13:19 →
Къалэм уиутIыпщыркъым
02.03.2026 - 13:00 →
Мэкъумэш техникэр зэрырагъэфIакIуэ Iэмал
| ||





