Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм фэтэр куэду зэхэту щыIэ унэхэм хиубыдэ мылъку зэхэлъыр капитальнэу зэгъэпэщыжыныр къызэрызэрагъэпэщым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 9-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм фэтэр куэду зэхэту щыIэ унэхэм хиубыдэ мылъку зэхэлъыр капитальнэу зэгъэпэщыжыныр къызэрызэрагъэпэщым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 9-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.

2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын, Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.

3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ

Налшык къалэ

2026 гъэм щIышылэм и 29-м

№261-П-П

 

* * *

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм фэтэр куэду зэхэту щыIэ унэхэм хиубыдэ мылъку зэхэлъыр капитальнэу зэгъэпэщыжыныр къызэрызэрагъэпэщым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 9-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым

къищтащ 2026 гъэм щIышылэм и 29-м

1-нэ статья

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм фэтэр куэду зэхэту щыIэ унэхэм хиубыдэ мылъку зэхэлъыр капитальнэу зэгъэпэщыжыныр къызэрызэрагъэпэщым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №62-РЗ-м, 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) и 9-нэ статьям мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

1) 4-нэ Iыхьэм щIыгъун «, унэр зейм счет хэхар е щIыналъэ операторым апхуэдэ унафэр къызэрыIэрыхьа щIыкIэм щыхьэт техъуэ IэмалымкIэ, апхуэдэ унафэр абы автоматизированнэ мардэм тету хэIущIыIу зэращI системэхэр къигъэсэбэпмэ» псалъэхэр;

2) 5-нэ Iыхьэм хэт «щIыналъэ операторым хуагъэхьахэр» псалъэхэр «щIыналъэ операторым Iэрыхьахэр» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;

3) 5-1-нэ Iыхьэм хэт «щIыналъэ операторым хуагъэхьахэр» псалъэхэр «щIыналъэ операторым Iэрыхьахэр» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын, «фэтэр куэду зэхэт унэм хыхьэ пэшхэр» псалъэхэм яужькIэ «мы статьям и 4-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ» псалъэхэр щIыгъун;

4) 6-нэ Iыхьэм хэт «унэр зейм хуагъэхьа нэужькIэ» псалъэхэр «унэр зейм щыхуагъэхьа махуэм щегъэжьауэ» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.

2-нэ статья

1. Мы Законым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.

2. Фэтэр куэду зэхэт унэм щыщ пэшхэр зейхэм я зэхуэсым унэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэгъэпса фондыр зэрызэхэтыну щIыкIэр зэхъуэкIыным теухуауэ къыщащта унафэр счет хэхар зи цIэкIэ къызэIуаха цIыхум (адэкIэ – счет хэхар зей цIыхур) хуагъэхьа е зи лэжьыгъэр фейдэ къегъэщIыным пымыщIа IуэхущIапIэу фэтэр куэду зэхэт унэхэм хиубыдэ мылъку зэхэлъыр капитальнэу зэгъэпэщыжыныр къызэгъэпэщыным елэжьым (адэкIэ – щIыналъэ оператор) «Урысей Федерацэм и ПсэупIэ кодексым и 173-нэ, 177-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Федеральнэ закон №403-ФЗ-м, 2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м къыдэкIам, къару игъуэтыным и пэ къихуэу хуагъэхьамэ, апхуэдэ унафэм къару щигъуэтыр псэупIэр зейм счет хэхам теухуа унафэр къыIэрыхьэу мазэ дэкIа нэужьщ икIи щIыналъэ операторым апхуэдэ унафэр къыIэрыхьэу мазищ дэкIа нэужьщ, фэтэр куэду зэхэт унэм щыщ пэшхэр зейхэм унэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэгъэпса фондыр зэрызэхэтыну щIыкIэр зэхъуэкIыным теухуауэ къащта унафэр фэтэр куэду зэхэт а унэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным теухуа хабзэхэу «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм фэтэр куэду зэхэту щыIэ унэхэм хиубыдэ мылъку зэхэлъыр капитальнэу зэгъэпэщыжыныр къызэрызэрагъэпэщым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 9-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуахэр ягъэзащIэмэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ

2026 гъэм мазаем и 6-м

№2-РЗ

Поделиться: