Я сюжетхэр зэмылIэужьыгъуэщ

Лъэпкъ балладэм иIэ щхьэхуэныгъэхэм теухуауэ щIэныгъэ тхыгъэ гъэщIэгъуэн иIэщ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къэжэр Иннэ. Абдеж абы щызэпкърех ди адыгэ тхакIуэхэм я балладэхэр. Апхуэдэу Къэжэрыр зытетхыхьахэм ящыщщ Къэжэр Хьэмид и IэдакъэщIэкIхэри.

«ЗанщIэу гу лъыботэ Къэжэр Хьэмид и тхыгъэхэм лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэр къыхишэну зэрыхэтыр. Пасэ зэманым и мызакъуэу («Уэредадэ»), зауэ нэужьми («Гъуэгуанэ гугъу»), куэд дыдэ мыщIа лъэхъэнэми захуегъазэ усакIуэм. КъэхъукъащIэ дэзыхьэххэм я нэхъыбэм тхыдэр къызэрыхэщри хьэкъщ. Притчэ жанрыр уигу къэзыгъэкIыж, зэманыр щыукъуэдия щапхъи къыщыбогъуэт усакIуэм и балладэхэм. Абы и щапхъэу къэпхь хъунущ философие гупсысэхэмкIэ гъэнщIа «Псалъэ зеиншэхэр» балладэр. Апхуэдэу абы и балладэхэм я сюжетри зэмылIэужьыгъуэщ. Къэжэрым и IэдакъэщIэкIхэм «гъащIэм щыщ хъыбаруи» зыкъызэкъуэзых яхэтщ, щIым укъытезыIэтыкI гупсысэхэм тезыгъэчыныхьхэми уащрохьэлIэ.

Иджырей балладэм и зэфIэкIхэр Къэжэрым лъэныкъуэ куэдкIэ къыщегъэлъагъуэ «Данко къэпцIа» тхыгъэм. И гъэпсыкIэр къапщтэмэ, балладэр «усэ хуиткIэ» дызэджэм тету тхащ. Апхуэдэ Iэмалыр Къэжэрым къыщIыхихари гурыIуэгъуэщ. Рифмэм къигъэув хабзэхэр усакIуэм тригъэкIуэтурэ гупсысэм утыкур хуит хуещI. ГъэщIэгъуэныращи, жанрыр къыхэзыгъэщхьэхукI щэнхэр мыбы къызэрыщыкIуэр щIагъыбзэ жыIэкIэм кIуэцIыгъэпщкIуауэщ.

         Псом япэу мыр лIыхъужь гуэрым теухуа хъыбару зэрыщытыр наIуэщ, ауэ пасэрей хъыбарыжьхэм пэджэж нэщэнэхэр хэплъагъуэркъым:

         Гушхуэ, гу пщтыр къритати –

         тепыIэгъуэ имыIэу,

         махуэм жэщыр къыпыту,

         кърихуэкIырт имыгъэтIысу.

Зэ еплъыгъуэкIэ, лIыхъужьым романтизмэм ижь къызэрыщIихуар зыхыбощIэ, ауэ нэхъ куууэ ухэплъэмэ, а романтизмэр IуэрыIуатэм, пасэрей хъыбархэм узыщрихьэлIэ хабзэ дунейм пэIэщIэщ.

Къытегъэзэжыныгъэ, анафорэ, къэпхъуэтэныгъэ художественнэ Iэмалхэм я гъусэу Къэжэрым и тхыгъэм уэрэд нэщэнэ гуэрхэри къыхыхьэу жыпIэ хъунут, ауэ уэрэдым и гъэпсыкIэм пэщIоуэ «усэ хуитым» и сатыр «быркъуэшыркъуэхэр». Балладэм и бзэри хуитыныгъэм зэрыхущIэкъур нэрылъагъущ – усакIуэм пэрыуэгъу лъэпкъ зыхуимыщIыжу, гуемыIу псалъэхэри и тхыгъэм къыхегъэхьэ:

         ЖыIэзыфIэщу,

                            «Захуагъэ»,

         «хуитыныгъэ»,

                            «шыкIуртIымокъуэ»…

         – Къэзывхэм яхухэти!

УсакIуэр зэжалIэ Iэмалхэр (зэрымыщIэкIэ къэхъу рифмэ узыпэмыплъахэр: «къыпыту – щхьэхуиту – зэрылъытэу»), «пкIэлъей цIыкIукIэ» зэджэ усэ гъэпсыкIэр поджэж В. Маяковскэм и хъэтIым. ГъэщIэгъуэныращи, урыс усакIуэшхуэм и цIэр Къэжэрым къыщриIуэр тхыгъэм и кIэух дыдэращ, ауэ кIуэ пэт нэхъ ижьырабгъу зызыщI «пкIэлъей цIыкIум» а образым шэщIауэ ухуешэ.

Зи гугъу тщIы жанрым къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхэм ящыщ зыщ псэр зыгъэпIейтей шынагъуэ гуэр зыхыуигъэщIэныр. «Данко къэпцIами» ар щынэрылъагъущ: лIэныгъэри, лъыри, блэ фIыцIэжь шынагъуэри… Ауэ, гу зылъытапхъэщи, гуауэшхуэм – Данко зэрызиукIыжам – авторыр зэрытетхыхьыр бзэ телъэщIакIэщ, прозэкIэщ. ЛIыхъужьыр, зэрыжытIащи, романтикщ, ауэ мы балладэм апхуэдэ щытыкIэм гъащIэр егъэлеяуэ пхъашэу къызэрыхущIэкIри щыщIихъумэркъым:

         Зы закъуэт щIалэм къыхуэнэжыр –

         жэщ кIыфIу къыщыхъуа щыгур,

         игукIэ къигъэнэхуу,

         цIыхухэм яригъэлъагъуу…

         И бгъэм ныхуехь кIэрахъуэр,

         гъуазэр и гущхьэм еIусэу,

         асыхьэтуи кIэрахъуэр мауэ,

         ауэ –

                            щIалэр зыщыгугъауэ –

         и гур къэмылыд мафIэшхуэу:

         триухэжат абы и гур,

         триухэжакIэт лъагъуэщIэм…

Апхуэдэ IэмалымкIэ Къэжэр Хьэмид жанрым и зэфIэкIыр щIэрыщIэу къытхузэIуехыж. Балладэм и щэнхэм нэгъуэщI нэкIэ дригъэплъыж хуэдэщ. КъызэщIэзыкъуэж пычыгъуэр, къызэрыхэдгъэщащи, прозэу тхащи, «прозаизмэкIэ» дызэджэ дуней еплъыкIэри IупщIу къыхощ: «…Арати, Маяковскэм зиукIыжащ, жаIэри, зэхуэсри щIалъхьэжащ. АрщхьэкIэ зыми къыгурыIуатэкъым усакIуэм зыщIиукIыжа щхьэусыгъуэр…»

Балладэм и образым дамыгъэ купщIафIэм (символым) и лъэщагъыр зыщIишэну хущIокъу. АбыкIэ тхылъеджэр зыгъэгупсысэн Iуэхугъэ гуэрхэр къыхегъэхьэ. АпхуэдэхэмкIэ гъэнщIащ Къэжэр Хь. и «Псалъэ зеиншэхэр» тхыгъэр. Балладэм и образ нэхъыщхьэхэр – псалъэхэр (армырами къэхъугъэ гуэрхэм я дамыгъэу щыт пэтми) усакIуэм япэщIыкIэ псэ зыIуту ди нэгу къыщIегъэувэ:

         Апхуэдэу Дахэр, ЩIасэр,

         ГуакIуэри я гъусэжу –

         зы защIыр зеиншищми,

         йожьэж псэупIэ лъыхъуэ.

ИужькIэ «псэ къабзэ зыIут» а лIыхъужьхэр зи купщIэр IупщIу къыпхуэмылъагъуж дамыгъэм зэрыхуэкIуэжыр наIуэ къохъу: «… зэман дэкIауэ, жэщIахэу, / ди къалэм къосри, къыдохьэ…». НэгъуэщIу жыпIэмэ, купщIэ хэгъэщхьэхукIа зыхэтлъагъуэ дамыгъэхэм я «зыужьыкIэр» ди нэгу къыщIегъэувэ.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, балладэ жанрым изагъэу нэгъуэщI ди усакIуэхэми тхыгъэ дахэхэр яIэщ. Ауэ дэ дыкъызытеувыIар иджырей лъэпкъ балладэм хэтлъагъуэ щхьэхуэныгъэхэрщ, къэтщтари усакIуэ зыбжанэм я IэдакъэщIэкIхэрщ. Апхуэдэу щытми, ди къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэм тещIыхьауэ жыпIэ хъунущ, къэбэрдей-шэрджэс балладэхэр нобэкIэ зызымыхъуэжу щыт нэщэнэ хэгъэщхьэхукIа гуэрхэм тету зэрыщымытыр. Ауэ, абы щыгъуэми, ди усакIуэхэм «балладэ» фIэщыгъэр зрат я IэдакъэщIэкIхэм Iэмал имыIэу къыщыбгъуэтынущ а жанрым къикIуа гъуэгуанэ кIыхьым щызэригъэпэща нэщэнэ хэха гуэрхэр. Ауэ балладэм нэхъ зызымыхъуэжа и хабзэхэм щыщу нобэкIэ абыхэм яхэтыр сюжетностыращ. Апхуэдэу къыхэгъэщыпхъэщ иджырей балладэхэм лиризмэр щэн нэхъыщхьэ зэрахуэхъуари, нэхъыбэм философие гупсысэр я купщIэу къызэрыкIуэри».

БЕЗРЫКЪУЭ Данэ.
Поделиться: