Гупсысэр нэхьэсынырщ нэхъыщхьэр

«ТхакIуэхэм я дунейпсо махуэ» зыфIащар 1986 гъэ лъандэрэ ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм ягъэлъапIэ. Литераторхэм, редакторхэм, журналистхэм, тхакIуэхэм, тхылъеджэхэм гулъытэ хэха щыхуащI махуэр гъатхэпэм и 3-м трагъэхуащ. 

1921 гъэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон къыщызэрагъэпэщауэ щыта «PEN» зэгухьэныгъэм (клубым) щызэкъуэуват хуиту тхэным нэхъ тезыгъащIэхэр, нэхъ гурыIуэгъуэу жытIэмэ, зи къалэмыпэм къыщIэкI сатырхэр зыхуэгъэзам теухуауэ къапэрыуэ щыIэн хуэмейуэ къэзылъытэхэр. Апхуэдэ зэхуэс зэхэшэнымкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар тхакIуэ Доусон Кэтринщ. ЗэгухьэныгъэщIэр къызэрызэрагъэпэщу, и унафэщIу ягъэувар куэдым къацIыхуа Голсуорси Джонт. А къулыкъур абы илъэс куэдкIэ зэрихьащ. 
И япэ зэхуэсым ехьэлIа хъыбарыр зэрызэбгрыкIыу, зэман кIэщIым къриубыдэу, IэнатIэщIэм и къудамэхэр къэрал 11-м къыщыунэхуащ. Мы зэманым абыхэм я бжыгъэр 130-м щIегъу. 
Клубым и фIэщыгъэр зэрызэхэгъэува аббревиатурэм лъабжьэ хуэхъуа псалъэхэм ятеухуауэ еплъыкIитI щыIэщ. Япэр ар зэригъэувыр инджылызыбзэм хэт зыгурыгъэIуэкIэхэу «poets» (усакIуэхэр), «essayists» (очерк, эссе зытххэр), «novelists» (новеллэ, роман хуэдэхэм зезыпщытхэр) жыхуаIэхэм къатехъукIауэщ. ЕтIуанэ еплъыкIэм ар зыхуишэр «pen» псалъэм инджылызыбзэм къыщикI зэрытхэ Iэмэпсымэрщ («къалэм», «ручкэ»). 
Тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, «PEN» зэгухьэныгъэм и 48-нэ зэхуэсыгъуэу 1986 гъэм екIуэкIар арат къыщыхалъхьар «ТхакIуэхэм я дунейпсо махуэ» зыфIащам гулъытэ хэха хуэщIын зэрыхуейр. Жэрдэмыр ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбэм даIыгъат. ТхэкIэ узыншэм и телъхьэхэм я зэгухьэныгъэм и мыхьэнэр зэрымылъахъшэр хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм я деж къыщылъытэныр нэхъри тынш ищIащ а зэманым ирихьэлIэу абы (клубым) и къудамэхэр къэралищэм щIигъум зэрыщыIам. 
Псалъэр, жьэрыIуэтэбзэу къыщыкIуэкIи тхыбзэм и зы Iыхьэ щыхъукIи, къаррушхуи мыхьэнэшхуи зиIэщ. Ар Iэзэу къэзыгъэсэбэпым и гупсысэр дунейм къытезышэщ, ауэ щыхъукIи и Iэщэ телъыджэщ, цIыху дэхуэхам и гур къыдэзышеижщ, гъунэгъу зыхуэзыщIым дежкIэ щIэныгъэ хэхыпIэщ, тхыдэм хэзышэщ, къекIуэкIахэм щыгъуазэ хуэзыщIщ, зи щыуагъэм хущIемыгъуэжхэр зыгъэхыщIэщ. 
Тхэныр къызэрежьэрэ илъэс минхэр блэкIащ. Лъэхъэнэ жыжьэхэми тхыбзэ гъэщIэгъуэнхэр зэрыщыIам и фIыгъэкIэ, ди деж къэсащ хьэтхэмрэ шумерхэмрэ я деж къыщыщIэдзауэ алыджхэм я деж щыщIэтIыкIыжауэ псэуа цIыху гумызагъэхэм, Iущхэм я IэдакъэщIэкIхэр, кIуэ къарыкI псори нобэрей щIэныгъэлIхэм яхузэхэмыгъэкIа пэтми.
ЛIэщIыгъуэкIэрэ тхакIуэхэр, усакIуэхэр, «псалъэм хуэIэзэхэр», къызыхуигъэщIар ара фIэкIа умыщIэну, цIыху щхьэхуэхэм я гъащIэм, жылагъуэм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм я мыхьэнэр зэпкърыхыным, мыгурыIуэгъуэхэм жэуап къахуэлъыхъуэным яужь ит зэпытщ, щыпсэуа лъэхъэнэм къыщхьэщыкIыныгъэу иIахэр я тхыгъэхэм къыщагъэлъагъуэу. 
ЦIыху Iущхэм гу зэрылъатауэ, тхэкIэ узыншэр щIэншэщ, ныбжьыфI уиIэу къепхьэжьами, къыпхуэнэжа уи гъащIэр пхутегъэкIуэдэнущ. Псори зытеухуэжар уи гупсысэм, уи дуней еплъыкIэм нэхъыщхьэ дыдэу хэплъагъуэр щIэджыкIакIуэм деж пхунэхьэсынырщ.
 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

18.01.2026 - 12:33 Ди щIыпIэцIэхэр
29.10.2025 - 11:40 НОБЭ