Мэкъумэш техникэр зэрырагъэфIакIуэ Iэмал![]() УФ-м и Правительствэм и къалэн нэхъыщхьэхэм хохьэ мэкъумэшыщIэхэм защIэгъэкъуэнымрэ мэкъумэш техникэ паркхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ. Абы къыхэкIыу, 2026 гъэм ахэр зыхуэныкъуэну машинэхэмрэ обрудованэхэмрэ къращэхун, абы и уасэр зэрыхудачых лизинг IэмалкIэ иужькIэ иратыжын папщIэ, къэралым и бюджетым сом мелардитI къыхэкIынущ. Апхуэдэ унафэм Iэ щIидзащ Мишустин Михаил. Мэкъумэш техникэ зэмылIэужьыгъуэу мини 6,5-м щIигъу а ахъшэмкIэ къахуэщэхунущ. ИпэIуэкIэ хъыбар зэрыщыIамкIэ, зэрыхудачых мэкъумэш лизингым ехьэлIауэ лажьэ программэм трагъэкIуэдэну, 2026 гъэм къэрал бюджетым щыхухахащ сом мелард 13-м щIигъу, иджырей меларди 2-р хэмыту. ЛизингымкIэ программэм лэжьэн зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей- Балъкъэрым мэкъумэш техникэ зэхуэмыдэу зы миным щIигъу къыIэрыхьащ. Иджыпсту нэхъыбэу гулъытэ зыхуащIыр кIэрыхубжьэрыхухэр, пхъэнкIийхэр, н.къ. зэрыIуаш техникэхэр къэщэхунырщ. Республикэм и мэкъумэш IэнатIэм нэхъри зыщиужь зэманым абы пыщIа IуэхущIапIэхэр куэду зыхуэныкъуэ финанс дэIэпыкъуныгъэхэм ящыщщ къызэрыхудачых лизинг Iэмалхэр, щыжаIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





