ЛIыгъэм и макъамэХъыбарыжьхэр (абыхэм тхыдэжькIи еджэу урохьэлIэ) IуэрыIуатэм и зы жанру зэрыщытым шэч хэлъкъым; лIэщIыгъуэ Iэджэм къыкIуэцIрыкIащ абыхэм я нэхъыбапIэр, ди лъэпкъымрэ ди лъахэмрэ я нэгу щIэкIа бэнэныгъэм, гугъуехьхэм, псэзэпылъхьэпIэ дакъикъэхэм я тхыдэ пэлъытэу. УапкърыплъыхьыIуэмэ, дэтхэнэ хъыбарыжьми къыхэбгъуэтэнущ зэгуэр дунейм тета цIыху гуэрым и лъэужь. Пэжщ, зэман кIыхьым а хъыбарым таурыхъ теплъэ щритри мащIэкъым, итIани абы и купщIэр къызэтонэ, иужькIэ сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэ халъхьэми. Аращ адыгэ хъыбарыжьхэм я нэщэнэ нэхъыщхьэр - тхыдэм и пэжыпIэкIэ зэрыгъэнщIарщ. Нэгумэ Шорэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» лъабжьэ хуищIар, дызэрыщыгъуазэщи, «къэбэдейхэм къаIуэтэж хъыбарыжьхэрщ». «Зэхуэхьэсауэ хъуам ипкъ иткIэ, кIэщIу щытми, адыгэ лъэпкъым и гъащIэ блэкIар къэзгъэлъэгъуэн къызэхъулIащ», - итхыгъащ Шорэ.
Шорэ и зэманым адыгэхэр я тхыдэм щыгъуазэу зэрыщытар а хъыбарыжьхэмкIэт. «Ди лъэпкъым тхыбзэ зэримыIэм къыхэкIкIэ, - етх Шорэ, - а хъыбарыжьхэр, япэми хуэдэу, иджыри зэрызекIуэр IуэрыIуатэ къудейуэщ…»
«Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр» зи Iэдакъэ къыщIэкIам и фIыгъэкIэ ди деж къэсащ «IуэрыIуатэ къудейуэ» лIэщIыгъуэ кIыхьхэм къащхьэдэха хъыбар телъыджэ куэд - абыхэм ящыщ зыбжанэ иужькIэ кIуэдыжыпащ, Шорэ иужькIэ зыми итхыжын лъэмыкIауэ.
Адыгэ хъыбарыжьхэр тхыдэм и пэжыпIэкIэ зэрыгъэнщIам шэч къытрихьэу щытакъым Хъан-Джэрии; абы и тхыгъэхэм (псалъэм папщIэ, «Шэрджэс тхыдэжьхэм») ущрохьэлIэ пасэрей хъыбарыжь куэдым я лъэужь; Хъан-Джэрий итхыжащ адыгэ хъыбарыжь зыбжани - «Пщы Къанбулэт», «Къунчыкъуэ и зекIуэ», нэгъуэщIхэри.
Адыгэ хъыбарыжьхэм гъунэжу ущрохьэлIэ урыс тхакIуэхэм, усакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэми; дуней псом щыцIэрыIуэщ адыгэ хъыбарыжьхэм япкъ иткIэ Лермонтов М. Ю. итха поэмэ хьэлэмэтхэр; Толстой Л.Н. и дневникыр щыхьэт тохъуэ тхакIуэм адыгэ хъыбарыжьхэм пщIэшхуэ хуищIу зэрыщытам («лIыгъэм и щапхъэщ» - иритхэгъащ Толстой и дневникым, Жамбулэт и хъыбарым еджа нэужь).
Апхуэдиз къару ябгъэдэлърэ пэт, пасэрей адыгэ хъыбарыжьхэр джыныр Iуэху щхьэхуэ хъуакъым, зэзэмызэ гулъытэ гуэр хуащIми. Гу лъатэ, псалъэм папщIэ, абы къыдэгъуэгурыкIуэ хъыбарыр щIымыгъумэ, уэрэдыжьыр гурыIуэгъуэ зэрымыхъум. Ар пэжми, уэрэдым и кIэрыдзэн пэлъытэукъым пасэрей адыгэ хъыбарыжьхэм ябгъэдыхьэн зэрыхуейр, ахэр жанр щхьэхуэщ. Дауи, хъыбарыжьхэм щыщ куэди ди деж къэсащ уэрэдхэм я кIэрыдзэну, уэрэдыр ирагъэбелджылыуэ. Апхуэдэ къежьапIэ яIэщ хъыбарыжь Iэджэм, сыту жыпIэмэ, хъыбарым нэхърэ уэрэдыр нэхъ щIэх яIэщIэгъупщыкIыж хабзэщ. Апхуэдэ хъыбархэр, уэрэдхэм къакIэрыхужа нэужьи, куэдрэ мэпсэу, уеблэмэ, нэхъ «щхьэхуит» хъуауэ, езыр-езыру заужь, хуэм-хуэмури хъыбарыжь жанрым и хабзэхэм йотIэсапэ. Апхуэдэу зиужьащ псалъэм папщIэ, Жамбулэт и хъыбарым. Жамбулэт и уэрэдри «Сборник сведений о кавказских горцах» альманахым 1872 гъэм традза нэужь Жамбулэт и уэрэдым зыри ирихьэлIэжакъым, ауэ хъыбарыр иджыри къэс мэпсэу. Псэу къудейкъым - уэрэдым и жьауэм къыщIэкIри, езыр-езыру зиужьащ, хъыбар жанрым и щапхъэ гъуэзэджэм нэсащ.
Куэд щIащ хъыбарыжьхэр IуэрыIуатэм и жанр щхьэхуэу зэрыщытыр белджылы зэращIрэ. Пэжщ, а жанрым и гъунапкъэхэмрэ и хабзэхэмрэ IупщI дыдэкъым, ар куэдрэ хагъэзэрыхь таурыхъым е легендэкIэ зэджэхэм. Шэч хэлъкъым: хъыбарыжьхэм (дэ зи гугъу тщIыр историческэ преданиекIэ зэджэрщ) ядыдолъагъу таурыхъхэми легендэхэми я нэщэнэ гуэрхэр - куэд щIауэ къыщызэдэгъуэгурыкIуэкIэ, абыхэм ялъ зэхэмылъэдэныр Iэмал зимыIэщ, атIэми нэрылъагъущ хъыбарыжьым (преданием) езым и хабзэрэ и бзыпхъэрэ зэрыбгъэдэлъыр, ар зи щхьэ хущытыж, зи гъунапкъэхэр белджылы, зи художественнэ фащэхэр щхьэхуэ IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэу зэрыщытыр. И лъабжьэкIи и хэкIыпIэкIи хъыбарыжьыр таурыхъым къыщхьэщокI, абы и купщIэр зэгуэр къэхъуа Iуэхум и пэжыпIэрщ. Таурыхъым апхуэдэ хэкIыпIэ иIэкъым, иIэнкIи хъунукъым, зыхуэунэтIари нэгъуэщIщ, зыми и фIэщ хъуркъым ар, псоми къагуроIуэ «зэрыпцIы дахэр», къызэрагупсысар. Хъыбарыжьым уи дзыхь иумыгъэзын плъэкIыркъым, аращ абы и къалэн нэхъыщхьэр - зэгуэр къэхъуа Iуэхум (цIыхум, лъахэм я нэгу щIэкIыгъам) и тхыдэщ, сыт хуэдизкIэ гъэщIэрэщIами, сыт хуэдиз щыуагъэрэ пцIырэ хэзэрыхьами. Iуэху гуэрым теIукIа нэужь, хъыбарыжьым езыр-езырурэ зеужь, зы макъамэр хэкIуэдыкIыжмэ, нэгъуэщI макъамэр кIэропщIэ, абы щIыгъуу хъыбарым хопшахъуэ таурыхъ пкъыгъуэхэр - пцIыр, щауагъэр, егъэлеиныгъэр, нэгъуэщIхэри.
Поделиться:
Читать также:
06.03.2026 - 16:06 →
Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъхэр ягъэбыдэ
02.03.2026 - 13:09 →
Я сюжетхэр зэмылIэужьыгъуэщ
28.02.2026 - 12:00 →
И щIэинхэр хуэсакъыу яхъумэ
26.02.2026 - 14:41 →
Лъэпкъ щэнхабзэм зезыгъэужьа Гъуэт Хъусин къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу
25.02.2026 - 15:00 →
Адыгэ литературэм и зэхэублакIуэ
| ||




