Зэреджэм хуэдэурэ зрагъасэ

IэщIагъэ щрагъэгъуэт курыт еджапIэхэм я студентхэмрэ школакIуэхэмрэ я зэхьэзэхуэ нэхъыщхьэм - «Профессионалы-2026» чемпионатым - и щIыналъэ Iыхьэр щекIуэкIащ ди республикэм.

Мы гъэм колледжхэм IэщIагъэ 45-м щыщу 8-мкIэ, щIэупщIэ нэхъ зиIэхэмкIэ, зэпеуэхэр щрагъэкIуэкIыну утыкухэр щызэтраублащ.

Университетым и Педагогикэ колледжым я зэфIэкIхэмкIэ щызэпеуащ класс нэхъыщIэхэм я егъэджакIуэ, сабий гъэсакIуэ хъунухэр. Гулъытэ хэха игъуэтащ щIыналъэм дежкIэ мыхьэнэ ин зиIэ унэтIыныгъэщIэм – «Туризмэмрэ хьэщIагъэмрэ».

КъБКъУ-м и Медицинэ колледжым щызэпеуащ акушер хъунухэр, дохутыр IэщIагъэр къыхэзыхахэр (лечебное дело), узыншагъэм зэреIэзэ технологие щхьэхуэхэр зыгъэлэжьэнухэр.

ХъыбарегъащIэ технологиехэмрэ экономикэмкIэ колледжыр «Веб-технологиехэмкIэ» зэхьэзэхуэм и утыку хъуат, студентхэр иджырей интернет Iэмалхэр къэгъэIурыщIэнымкIэ зэхьэзэхуащ.

ДизайнымкIэ колледжым модельер хъунухэр щызэныкъуэкъуащ зэманым декIу щыгъынхэмрэ зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэмрэ зыхуэдэнумкIэ.

Мы гъэм нэхъыфIу къалъытэным щIэбэнащ КъБКъУ-м и студент 41-рэ, я IэщIагъэм, щIэныгъэм и мызакъуэу, технологие Iэмэпсымэ пэрытхэр къызэрагъэсэбэпыфри къапщытащ.

Эксперт 56-рэ якIэлъыплъащ зи зэфIэкIыр утыку къизыхьэну жэрдэм зыщIахэм. Абыхэм яхэтащ еджапIэ нэхъыщхьэм и колледжхэм я егъэджакIуэхэр, республикэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэхэр, апхуэдэуи профильнэ организацэхэм щыщ IэщIагъэлI Iэзэхэр.

Зэхьэзэхуэм хыхьэу студентхэмрэ школакIуэхэмрэ папщIэ мастер-класс гъэщIэгъуэнхэр къызэрагъэпэщащ, ныбжьыщIэхэм я къэухьым зрагъэубгъун, практикэ щIэныгъэ ирагъэгъуэтын папщIэ.

ТекIуахэм я ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу щытыр зыпэрыхьэну IэнатIэм теухуауэ куэд къызэращIэрщ, уеблэмэ щылэжьэн, зыщиужьын IэнатIэ къыхуагъэлъэгъуэнкIэ зэрыхъунурщ.

«Профессионалы-2026» чемпионатым мы гъэм къыхыхьар куэдкIэ нэхъыбэщ. Абы Урысей псом, Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэту, унэтIыныгъэ 296-м нэс къызэщIеубыдэ. Ар щыхьэт тохъуэ IэщIагъэ щрагъэгъуэт курыт еджапIэхэм зегъэужьыным гулъытэ нэхъыбэ зэрыхуащIым.

Мы Iыхьэм щытекIуахэм путевкэ иратынущ 2026 гъэм гъатхэпэм и 30-м къыщыщIэдзауэ мэлыжьыхьым и 30 пщIондэ екIуэкIыну чемпионатым и къыкIэлъыкIуэ, щIыналъэ зэхуаку Iыхьэм хэтыну.

Проектышхуэр ягъэзащIэ «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ проектым и «Профессионалитет (экономикэ зыужьыныгъэм папщIэ кадрхэр)» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ, ар хуэунэтIащ къыдэкIуэтей щIэблэр гъэсэным, егъэджэным, зыпэрыт IэнатIэм зегъэужьыным.

ДАРИЙ Дахэнур.
Поделиться: