Мы дунеишхуэм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм яIурылъ бзэрщ - я анэдэлъхубзэрщ. Аращ цIыхум гъащIэр, дунейр къызэрищIэр, фIымрэ Iеймрэ зэхигъэкIыфу щIэблэр нэхъыжьхэм япэ дыдэ зэраущийр, адэ-анэхэм быным гъэсэныгъэ зэрыхалъхьэ Iэмэпсымэ нэхъыщхьэр.
ЩIы хъурейм щызекIуэ бзэхэм ятеухуа къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр щызэхуэхьэса «Ethnologue» («Этнолог») каталогым зэритымкIэ, дунейм щызокIуэ, абы щыпсэу цIыхухэр иропсалъэ бзэ 7151-м. Ахэр хохьэ бзэ унагъуи 142-м. А бзэхэм ящы-щу 40-р нэхъ зызыужьауэ щытщ, абыхэм иропсалъэ дунейм тетхэм я Iыхьэ щанитIыр. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, бзэр дунейм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ дыдэщ. Ар зей лъэпкъым и гупсысэхэр къызэрыщ гъуджэщ, сыту жыпIэмэ и анэдэлъхубзэращ цIыхум и псэм и щытыкIэр нэсу къызэриIуэтэфыр, и гупсысэхэр зэрызэкIэлъихьыфыр, и псалъэр зэригъэшэрыуэфыр. ГъащIэм и «дэкIуеипIэ» куэдым и щIэдзапIэщ анэдэлъхубзэр. АтIэми, бзэр акъыл закъуэкIэ къыпхуэгъэщIынукъым - ар лъэпкъпсо хъугъуэфIыгъуэщ, лэжьыгъэщ, лъэпкъым игущ, и псэщ.
Анэдэлъхубзэм апхуэдиз къару зэриIэращ, дауи, ар хъумэным, зегъэужьыным, къащIэхъуэ щIэблэм яIурылъу, анэбзэм и IэфIыр цIыкIу щIыкIэ сабийм зыхегъэщIэным цIыху акъылыфIэхэм, хэкупсэ нэсхэм сыт хуэдэ лъэхъэни мыхьэнэшхуэ щIратыр. ЦIыхум узэрыщыгугъ хъунури кърипщIэфынущ ар и бзэм зэрыхущытымкIэ. Ущалъхуа Хэкур фIыуэ плъагъури пцIыщ, уи анэдэлъхубзэр, лъэпкъ щэнхабзэр, хабзэр фIыуэ умылъагъумэ. Зи анэдэлъхубзэм апхуэдэ мыхьэнэ ин иIэу къызыщымыхъу лъэпкъым, цIыху щхьэхуэм, гува-щIэхами, зыхащIэнущ яIэщIэкIа щыуагъэр лъэпкъкIуэдым ухуэзышэ гъуэгуу зэрыщытыр.
Зи бзэм и зэфIэкI псори ирикъуу къэзымыгъэсэбэп лъэпкъым и къарур хуэмурэ щIокIуэсыкIри, хамэ лъэпкъхэм, зи бзэр зыхъумэхэм, зезыгъэужьхэм, ар лъэпкъпсо фIыгъуэу къалъытэу пщIэ хуэзыщIхэм, яхошыпсыхьыж, хы Iуфэм Iулъ пшахъуэр хы толъкъуным зэрилъэсым хуэдэу. Апхуэдэ къэхъукъащIэ гуауэхэм, лъэпкъхэм я щхьэ кърикIуа гузэвэгъуэхэм и щапхъэхэр гъунэжу хэтщ дунейпсо тхыдэм. КIуэдыжахэм хабжэ ар анэдэлъхубзэу къэзылъытэ цIыху зимыIэ бзэхэр. Апхуэдэ ди къэралым щыхъуащ камасхэм, сойотхэм, убыххэм, айнхэм, югхэм я анэдэлъхубзэхэр. Мыбдежми щынэрылъагъущ бзэ щымыIэмэ, лъэпкъри зэрыкIуэдыр.
Ди мащIэкъым «лъэрымыхь хъуауэ» е «жейм иIыгъыу» къалъытэ бзэхэри. Апхуэдэхэм хохьэ лъэпкъым къыщIэувэ щIэблэм ямыджыж хъуа бзэхэр. КIуэдыжынкIэ шынагъуэ зыщхьэщыхьащ ахэри. Апхуэдэут а «узыфэ бзаджэр къазэрыпкърыхьар» дунейпсо тхыдэм къриубыдэу кIуэдыжауэ къалъытэ бзэ мини 9-м щIигъум!
Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм ятепщIыхьмэ, 2100 гъэм ирихьэлIэу лъэпкъ мащIэхэм я анэдэлъхубзэхэм ящыщ куэд щыIэжынукъым. ЮНЕСКО-м къыдигъэкI «Дунейм тет бзэхэм я атлас» журналым къыщыхьа дэфтэрхэм итщ мы зэманым зекIуэ бзэхэм ящыщу 2500-м нэсыр (абыхэм яхэтщ цIыху 30 фIэкIа зэрымыпсалъэхэри) къэкIуэну илъэси 10 бжыгъэхэм къриубыдэу дунейм текIуэдыкIыжыну.
Еджагъэшхуэхэм зэрыжаIэу, «зи бзэм елъэпауэр уи псэми елъэпэуэфынущ». Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэ цIыху балигъми къыгурыIуэн хуейщ анэдэлъхубзэм лъэпкъ тхыдэм щиубыд увыпIэр псом нэхърэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр. Щхьэж и анэдэлъхубзэр зэрихъумэжыным хущIэкъун хуейщ, бзэр зей лъэпкъым и тхыдэщ, и гъуджэщ, и псэщ.