Къурал зэкъуэшхэм я гъуэгуанэ хьэлъэр

ЛIыхъужьхэр тхылъхэм ит къудейкъым, ахэр ди зэманым къытхэтщ. Нобэ хуэдэ махуэрщ «хэкупсэ» жыхуаIэм и мыхьэнэр нэхъ къыщыбгурыIуэр. Тэрч районым хы­хьэ Курп Ищхъэрэ къуажэм къыщыхъуа Къурал зэкъуэш­хэр блы хъурт, абыхэм ящыщу тхур дзэ Iуэху хэхам кIуащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, щыр хэ­кIуэдащ.

Къурал Анзор Валерэ и къуэр - 1981 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м къалъхуащ. Дзэм ираджэри, 1999 - 2001 гъэхэм УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм хэтащ. 2024 гъэм и гъатхэпэм дзэ частхэм ящыщ зым и къудамэм и унафэщIу ягъэувауэ, и къалэнхэр щигъэзащIэрт Харь­ков щIыналъэм хыхьэ Волчанск къалэм деж. Иужьрейуэ абы зыпащIэну Iэмал щаIар 2024 гъэм накъыгъэм и 24-рщ. ИужькIэ ­хъыбарыншэ хъуауэ екIуэкIыурэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджыб­лагъэ лIыхъужьым и хьэдэр къашэжри, зэрыхабзэу, зауэлIым ­хуащI пщIэ иIэу щIалъхьэжащ. Анзор унагъуэшхуэт, абы къыщIэнащ сабиибл. 
Къурал Адэлбий - 1988 гъэм мазаем и 9-м къалъхуащ. Дзэ Iуэху хэхам и къалэнхэр щигъэзэщIащ 2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 19-м щегъэжьауэ. Ар щызэуащ Марьинкэрэ Бахмутрэ. ЗэрызэгурыIуа пIалъэр иухыу къигъэзэжа нэужь, уIэгъэ зэрытелъыр и анэм къригъэщIатэкъым. И узыншагъэр иригъэфIэкIуэжри, аргуэру дзэ Iуэху хэхам тригъэзэжащ. Абы щыгъуэщ и къуэш нэхъыжь Анзори гъусэ къыщыхуэхъуар. Зэкъуэшхэр хэхуат Ленинград щIыналъэм щызэрагъэуIуа дзэ частым. ЯпэщIыкIэ зэгъусэу къулыкъур ирахьэкIащ. Адэлбий лейтенант нэхъыжь цIэр иIэу миномёт взводым и пашэт, Анзор - зауэлI офицерыр - зэпыщIэныгъэмкIэ взводым и унафэщI ящIат. ИужькIэ зэкъуэшхэр къулыкъу щахькIэ зэпэIэщIэ хъуащ. 2024 гъэм фокIадэм и 18-м Адэлбий и гъащIэр щIитащ ­Курск щIыналъэм щыпсэухэр ихъумэу. Адэлбий «Хахуагъэм пап­щIэ» медалрэ ЛIыхъужьыгъэ орденрэ къыхуагъэфэщащ, езыр мыпсэужу. 
Къурал Ахьмэдхъан - 1989 гъэм фокIадэм и 16-м къалъхуащ. УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм къулыкъу щищIащ 2017            гъэм. МГУ-м и экономикэ факультетыр къиухат. Дзэм 2022 гъэм и фокIадэм ираджащ. Запорожскэ щIыналъэм и Ра­ботинэ къуа­-жэм и къалэнхэр щигъэзащIэу, 2023 гъэм бадзэуэ­гъуэм и 25-м хэкIуэдащ. Гуп зыхэтам зэрыщыжаIэжымкIэ, зауэр щекIуэкI щIыпIэм зауэлIыр езым и жэрдэмкIэ Iухьат, и ныб­жьэгъухэм ядэIэпыкъуну. Ар пулемётчикт. Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ, Жуковым и медалымрэ ЛIыхъужьыгъэм и ор­денымрэ (дунейм ехыжа нэужь) къыхуагъэфэщащ.
Хэкур яхъумэу, лIыхъужьыгъэ яхэлъу хэкIуэда Къурал зэкъуэш­хэм я фэеплъыр щалъхуа жылэм щахъумэ. ЩIалэхэр къыщыхъуа уэрамым иджы абыхэм я цIэхэр зэрехьэ - Къурал зэкъуэшхэм я уэрам.
Жылэм ущыдыхьэкIэ баннер ягъэуващ лIыгъэ яхэлъу хэкIуэда зэкъуэшитIым, Адэлбийрэ Ахьмэдрэ, я сурэт тету. Ди лъахэгъу­-хэм я щIыхькIэ фэеплъ пхъэбгъу къыщызэIуахащ Курп Ищхъэрэ курыт еджапIэми.
2025 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Налшык къалэм дэт школ-интернат №1-м абыхэм я фэеплъ пхъэбгъу къыщызэIуахауэ щытащ, Урысей Федерацэм и къэрал гимныр оркестрым игъэзащIэу. Зы Iуэхум - Хэкур хъумэным - пэрыту, ауэ илъэс зэхуэмыдэхэм хэ­кIуэдащ зэкъуэшхэр. 
Адэлбийрэ Ахьмэдрэ зи гугъу тщIа школ-интернатым щIэныгъэ щызрагъэгъуэтат. Зэкъуэшхэр егугъуу еджат, ныбжьэгъу куэд яIэу, хуэныкъуэм зыщIагъэкъуэну хьэзыру. ЕджапIэм и унафэщI Зэхъуэхъу Балъкъыз къыхигъэщащ интернатым и тхыдэм ахэр я лIыхъужьыгъэкIэ къызэрыхэнэнур. Къуралхэ я щIалэхэм псэ­е­мыблэжу я къалэныр ягъэзэщIащ, Хэкур хъумэным теухуауи я ­хьэкъ къызытранакъым.
Мы зэманым СВО-м я къалэнхэр щагъэзащIэ абыхэм иджыри я къуэшитIым - Азэмэтрэ Назиррэ. Азэмэт командирым и къуэдзэ къулыкъур иIыгъыу Бахмут къалэм и Iэгъуэблагъэм и къалэн ­щегъэзащIэ, Назир - Росгвардием хэту. Узыншэу, ТекIуэныгъэм ­иригушхуэу Тхьэм къигъэкIуэж!

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: