ЕджапIэхэр зыхуей хуагъазэ

«Егъэджэныгъэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэмрэ сабий садхэмрэ къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжын лэжьыгъэхэр щызэпыуркъым. Мы гъэм абыхэм щыпащэнущ Дзэлыкъуэ щIыналъэм икIи абы и школу 6-рэ сабий саду I-рэ къагъэщIэрэщIэжынущ.
Къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынухэм ящыщщ Псынэдахэм Абазэм и цIэр зэрихьэу дэт школыр, Сэрмакъым Лыджыдэм и цIэр зезыхьэр, Дзэлыкъуэкъуажэм и №1-р, Каменномостым Къамбийм и цIэр зезыхьэмрэ №2-мрэ, Дзэлыкъуэдэсым и курыт еджапIэр. Мыбыхэм псори зэхэту сабий 1600-рэ щоджэ икIи лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу школ зэпэщхэр яIэ хъунущ.
Абыхэм нэмыщI, Малкэ къуажэм епхауэ лажьэ, сабий 240-м хуэщIа садри зыхуей хуагъэзэнущ. 
 
Жьым и пIэкIэ
«ГъащIэ купщIафIэ икIи жыджэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Сэрмакъ къуажэм иджырей амбулаторэ зэпэщ щаухуэнущ. Иджыпсту къуажэдэсхэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэзыщIэ сымаджэщыр 1954 гъэм къызэIуахауэ щытащ, илъэс 50-м щIигъукIэ зыхуей хуагъэзакъым икIи медицинэм нобэ къигъэув мардэхэми къитIэсэжыркъым. 
Метр зэбгъузэнатIэ 350-рэ зыубыдыну амбулаторэр ухуэным зыхуагъэхьэзырын щIадзащ, ар здэщытынур сымаджэщыжьым дежщ. Абы къепхауэ щытынущ икIи иджырей медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэнущ къуажэдэсу мини 8-м щIигъум.
НАУРЫЗ Мысост.
Поделиться: