Уэрэдгъуо гъуэзэджэт, IуэрыIуатэр фIыщэу зылъагъут

Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Шэрджэс Алий Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм теухуа хъыбарыр къыжезыIэжар Къэрэшей-Шэрджэсым щежэх Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус Зеикъуэ къуажэм дэса Чыржын Хъусинщ. 
- Мыхьэмэт къыщыхъуар, си щIалэ (зызыхуигъазэр Шэрджэс Алийщ), Лабэ Псыжь щыхэлъэдэжым деж щыса адыгэ къуажэхэм ящыщ зырщ, - ар и къегъэжьэкIэт Чыржыным. – Хьэтхыкъуэр дэни къыщацIыху хэкулIу щытащ. Гуп иришажьэмэ я гъуазэт, къыщигъэзэжкIи я махуэгъитIт, къутын дарийхэр зи шыпхэрыхьт, гъэрхэри зи кIэсырыхьт. Дунейм тетыху и тэмакъым щыз хъун хьэрэм ишхакъым, и пщIантIэпс зыхэмылъ енэцIакъым. Захуагъэм и телъхьэ пэжт, нэджнэпцIыгъэм щыщтэт, щхьэхуещагъэмрэ хъунщIэнымрэ я бий къэмыланджэт. Адыгэ лIакъуэхэр зэкъуэгъэувэным, щхьэж и гуэн теуIуэжыным ахэр къыхэшыным и гъащIэ псом телэжьащ Хьэтхыкъуэр. 
Ар щыпсэуа лъэхъэнэр нэгъэсауэ хьэлъэт, урыс пащтыхьым АдыгэщIыр къизэуну щригъэжьар арати, куэд дыдэрэ зауэм хэтын хуей хъурт, лIыгъэшхуэ зэрихьэрт, пщIэшхуи къыхуащIт, ауэ езым апхуэдэу зэрыщытыр зэи и напщIэ къытещтэкъым, щхьэщытхъугъэр и жагъуэ дыдэти. 
Пащтыхьыдзэм теуэ хуащIыну иришажьэ гупыр сыт щыгъуи, сыт хуэдэ кIуэдыпIэ имыхуами, къызэрыришыжын Iэмал къигъуэтырти, аращ «гъуазэ» фIэщыгъэр, хуэфащэ дыдэу, и цIэм щIыпагъэувауэ щытар…
Ауэ, си щIалэ, зы Iуэху гу лъыптэну сыхуейт: Мыхьэмэт хъыбар и бэщ, куэди топсэлъыхь, и уэрэдри ди лъэпкъым къыщIэна уэрэдыжь нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ. Ара пэтми, IуэрыIуэтэдж Iэджэм щыуагъэ яIэщIокI а лIыхъужьым и цIэр къыщраIуэкIэ. Тэмэму и гугъу зэрыщIын хуейр «Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэ» жыIэкIэм тетущ. «Хьэтх-гъуазэ Мыхьэмэт» фIэзыщхэр щоуэ! Уеблэмэ абы и уэрэдыр жызыIэ лIыжь Iэджэми а щыуагъэр халъхьэр.
Мыхьэмэт «Хьэтхыкъуэ» фIэзыщар езыр щыщIалэ цIыкIум и ныкъуэкъуэгъу-джэгуэгъу зытекIуэу щытахэрщ, ирагъэикIэну пылъу, армыхъуамэ фIым къыхахыу аратэкъым, иужьым ар унагъуэцIэ хуэхъужа пэтми. 
Абы къыхэкIыуи, а лIым пщIэ лей къыхуэзыхь «гъуазэ» фIэщыгъэр зыпытын хуейр и цIэращ, армыхъуамэ езыр сабий цIынэу къыщагъуэтауэ щыта «Хьэтх къуэладжэ» жыхуаIэр аракъым. Ар хьэкъщ. 
КъинэмыщIауэ. Си япэ итахэми нэгъуэщI адыгэ хэгъэгу щыщхэми сахэупщIыхьати, къысхуэцIыхун слъэкIакъым Мыхьэмэт зыщыща къуажэм и цIэри, быну иIари, езым и кIуэдыжыкIэ хъуари. Ауэ шэч лъэпкъ хэлъкъым апхуэдиз зи кIыхьагъыу екIуэкIа урыс зауэжьым джатэпэрыкIуэу хэта а лIыр и лэгъунэ пэщхьагъ телъу зэрымылIэжам. 
Фэ иджы, Тхьэм и фIыщIэкIэ, тхыбзэ фIурылъщ, тхылъу фызэджэм хуэдиз дэ ауэ зэтелъуи ди гъащIэ псом тлъэгъуакъым! Зи гугъу ныфхуэсщIа лIыхъужьым ехьэлIауэ сызыщымыгъуазэу жыхуэсIахэм ящыщ гуэр тхылъхэм ярыту къибгъуатэмэ, уэ адэкIэ пыбдзэжынщ! – жеIэр Чыржынми, Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм теухуа и хъыбар телъыджэр и кIэм негъэс.
- Абы ехьэлIауэ тхылъым иту сызыхуэзар, Хъусин, Мыхьэмэт I8I2 – I8I4 гъэхэм Урысейм Франджым я пащтыхь Наполеон дригъэкIуэкIа щхьэхъумэж зауэм и кIыхьагъкIэ зэрыхэтарщ, уеблэмэ зэрежьа и адыгэшыр щызэримыхъуэкIыу, абыкIэ Франджым я къалащхьэ Парижи иридэту, щалъхуа и лъахэми къызэрырикIуэжарщ. А Iуэхум дахэ дыдэу тетхыхьыжащ ди адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ КIэрашэ Тембот, - зыхуегъазэр Шэрджэсым хъыбар гъуэзэджэр къыхуэзыIуэтэжа Чыржыным. - Урысейр дэ къыдэзауэ пэтрэ, ди гъунэгъум тхьэмыщкIагъэр къыщылъысым, ди лъэпкъ хабзэжьу, адыгэхэм шуудзэ зэрагъэпэщауэ щытащ, урысыдзэм хыхьэу ядэзэуэн я мураду. Ауэ, Iуэхур и зэхуэхъупIэм щынэсым, пащтыхьыжьыр шынэжри, адыгэ шуудзэр гуп щхьэхуэу урысыдзэм яхигъэхьэн идэжатэкъым. КIуэ, Мыхьэмэт хуэдэ шыщхьэмыгъазэ закъуэтIакъуэр щэхуу ядэзэуащ, армыхъуамэ. А щIыкIэм тету, Кавказым икIахэр, сыт хуэдэ лъэпкъ къахэкIаи, къанэ щIагъуэ щымыIэу зыхэтар куржыпщ Багратион и шуудзэрат. Багратиони хэкIуэда нэужь, бгырысхэр Давыдов Денис и партизан дзэ пакIэм хэтащ, ялъэкI къамыгъанэуи ядэзэуащ. Абыхэм ящыщт Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэри.
- Плъагъурэ ар зэрытелъыджэ! Сэ абы сыщыгъуазэххэтэкъым! Мис мыпхуэдэ Iэджэ иджыри къыкъуэкIыжынкIэ мэхъу. Фылъыхъуэ! Лъэпкъым и блэкIа фIыращ щIэблэм и гушхуапIэр, къэкIуэнум и гъуазэр. Ар фи гум ивгъэлъ!.. – жиIат Чыржыным, и псэлъэгъум къыхуиIуэтам зэрыригушхуэр къигъэлъагъуэу. 
Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм теухуауэ (Чыржын Хъусин къыхуиIуэтэжу) Шэрджэс Алий игъэхьэзыра и тхыгъэм адэкIэ къыщыпещэ: 
«Адыгэ IуэрыIуатэр фIыщэу зылъагъуу, уэрэдгъуо гъуэзэджэу я къуажэм дэса Хъусин тIэкIу жьы зыIуригъэхьэри, сэ сыдежьууэрэ Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм теухуа уэрэд гукъинэр къызжиIат. Абы ипэкIи иужькIи сэ уэрэджыIэ куэдым седэIуащ, ауэ яхэзгъуэтакъым Хъусин и макъыр зэзгъэпщэн. Абы нэхъ гъунэгъуу къыбгъэдыхьэр Лемешев цIэрыIуэм и макъ хъарзынэрат, ауэ Хъусин ейр апхуэдэу мылъэщми, нэхъ щабэт, гум хыхьэрт, плъэмыкIыу узыIэпишэрт. 
… А зэзакъуэрат сэ Тхьэм къысхуигъэфэщар а лIыжь телъыджэм сыбгъэдэсыну. А гъэ дыдэм и гъэмахуэм, си IэщIагъэмкIэ Къущхьэхъу хъупIэхэм сыщыIэу, Хъусин дызэримыIэжым теухуа хъыбар гуауэр къыслъэIэсащ».   
Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться: