Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм папщIэ

Урысей гвардием и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм хъыбар фегъащIэ. 
Iэщэ зиIэхэм дзэ Iуэху хэхам хэтхэм (СВО) папщIэ ахэр иратыну хуеймэ Урысей гвардием и щIыналъэ IэнатIэм е лицензэ-хуит зыщI лэжьыгъэмкIэ къудамэхэу зи офисхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и район псоми щыIэхэм яхь хъунущ. 
СВО-м папщIэ ят Iэщэм ныкъусаныгъэ, дерт имыIэу щытын хуейщ. Iуэху хэхам къыщагъэсэбэпыну щIэупщIэ нэхъ зиIэу къонэж калибр I2/70-рэ I2/76-рэ зиIэ, ди хэкум, хамэ къэралхэм щащIа Iэщэр. Апхуэдэуи 7.62 мм, 8.6 мм, 12.7 мм калибр зиIэ щакIуэ фочхэм. 
КъинэмыщIауэ, Iэщэ зиIэхэм ахэр СВО-м хэт зауэлIхэм саугъэт папщ1эу ират хъунущ. Апхуэдэм деж   Iэщэр дзэ часть хэхам Iэрагъэхьэ, Урысей гвардием Iэщэр тыгъэ зэрыхуэпщIым щыбгъэгъуэза нэужь. Хъыбарыр ебгъащIэ хъунущ лицензэ-хуит зыщI лэжьыгъэмкIэ къудамэм уэ езыр укIуэу, апхуэдэуи Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр порталымкIэ. Абы папщIэ нэхъ пасэу зебгъэтхын хуейкъым. 
Урысей гвардием и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и къудамэхэм я хэщIапIэхэр: 
 Налшык къалэ, Калининградскэ уэрам, 49;
 Бахъсэн къалэ, Лениным и уэрам, 61-а;
 Прохладнэ къалэ, Лениным и уэрам, 153;
 Нарткъалэ, Лениным и уэрам, 33;
 Тэрч къалэ, Къанкъуэщым и уэрам, 61;
 Май къалэ, Трудовая уэрам, 56;
 Тырныауз къалэ, Эльбрусскэ проспект, 70;
 Дзэлыкъуэкъуажэ, Комсомольскэ уэрам, 83;
 Къэщкъэтау, Мечиевым и уэрам, 108.
БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: