Мыхьэнэ ин зиIэ лэжьыгъэхэр![]() «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэмыжхэр, автомобиль трассэхэм щхьэпрыкI гъуэгухэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр ди щIыналъэм щрагъэкIуэкI зэпытщ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща, гъуэгухэм къыщыхъу насыпыншагъэм, щызэтрихьэ машинэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ мэхъу. Республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэри абыхэм куэдкIэ елъытащ. 2026 гъэм лъэпкъ пэхуэщIэм пащэнущ икIи дызэрыт илъэсым къриубыдэу къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу автомобиль трассэм щхьэпрыкI, метр 224-рэ зи кIыхьагъ гъуэгур. Абы нэмыщI, Прохладнэрэ Елъхъуэтрэ зэпызыщIэ автомобиль гъуэгум хуэзэу тэрчыпсым телъ лъэмыжыр зыхуей зэрыхуагъазэу, ар къызэIуахыжынущ. Лъэмыжым метри 182-рэ и кIыхьагъщ. Зи гугъу тщIа щIыпIитIми лэжьыгъэхэр иджыри щокIуэкI, ауэ ахэр зэхуагъэувыжа пIалъэм тету мы гъэм и кIэм нагъэсынущ. Апхуэдэуи, лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ щыIэ мардэм кърагъэтIэсэнущ Бахъсэн псым телъ лъэмыжри. Ар зыхуэзэр Чернэ Речкэ, Благовещенскэ къуажэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгурщ. Лъэмыжхэмрэ гъуэгухэмрэ къэгъэщIэрэщIэжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр хуэгъэпсащ республикэм и транспорт инфраструктурэр егъэфIэкIуэнымрэ щIыналъэхэр зэпызыщIэ гъуэгухэм цIыхухэр зэпымыууэ тыншу щызекIуэнымрэ. Ахэр и чэзум къэгъэщIэрэщIыжыным Iэмал къыдет гъуэгу къэхъукъащIэхэм я бжыгъэр дгъэмэщIэну, шынагъуэншагъэр абыхэм къыщызэдгъэпэщыну», - жиIащ республикэм и гъуэгухэм я щытыкIэр къэзыпщытэ Мэсей Назир. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2019 - 2025 гъэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэмыжрэ трассэхэм щхьэпрыкI гъуэгуу 36-рэ щыIэ мардэм кърагъэтIэсащ, республикэм и гъуэгу IэнатIэм зиужьынми ар шэсыпIэ хуэхъуащ.
Поделиться:
Читать также:
05.03.2026 - 12:14 →
ЩхъуантIагъэр нэхъыбэ ящIынущ
05.03.2026 - 12:11 →
Пщащэ набдзэгубдзаплъэ
04.03.2026 - 15:25 →
Нэгъабэрейм къыкIэроху
04.03.2026 - 13:19 →
Къалэм уиутIыпщыркъым
03.03.2026 - 13:24 →
Куэд къызэщIеубыдэ
| ||





