Тхыдэм и напэкIуэцI щхьэхуэ

Илъэс къэс мазаем и 15-м Урысейм щагъэлъапIэ НэгъуэщI къэралхэм къулыкъу щезыхьэ­кIа зауэлIхэм я фэеплъ махуэр. Нобэ илъэс 37-рэ ирокъу абы щхьэусыгъуэ хуэхъуа Iуэху­гъуэу 1989 гъэм Совет Сою­зым и дзэ­хэр Афганистаным  кърашыжауэ зэры­щы­тар.

Дзэм къулыкъу щепхьэкIын къа­лэн гугъур къэралым и кIуэ­цIым щызэфIэзыгъэкIхэм нэ­мыщI, нэхъ пщIэ леи яIэу, уеб­лэмэ я Iуэху зыIутыр я унагъуэхэм жраIэну Iэмал ямыIэу, Афганистаным яшахэм я хъыбар щымыIуа унагъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым иса къыщIэкIынкъым. Ди къэралым щыщ сэлэту мин 15-м нэс хэкIуэдащ Афган зауэ зыфIащауэ илъэси 10-кIэ екIуэкIам. Псори зэхэту, абы пхыкIащ совет сэлэт мин 600-м нэс. 
Нобэрей гупсысэкIэ узэплъэ­кIыжрэ зыгурыбгъэIуэну ухуежьэ­мэ, дауи, упщIэу къэнэнур нэхъыбэщ, жэуапу бгъуэтынум нэхъ­рэ. ИтIани, къэрал зэхущы­тыкIэм къигъэув жэуаплыныгъэ­ти, Совет Союзым и зауэлIхэри хэтащ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум а лъэхъэнэм къыщыхъея зэпэщIэ­ты­ныгъэм. Афганистаным абы щы­гъуэ тепщэгъуэр щызыIыгъыр ком­мунист тетыгъуэрати, СССР-м зыщIимыгъакъуэу мыхъуну игъэ­у­­ват. Абыхэм къапэщIэт оппозицэр зыузэдыр США-мрэ абы и уна­фэ щIэтхэмрэт. «Зауэ щIыIэ» жы­хуаIэу Совет Союзымрэ ­Къу­­хьэпIэмрэ я зэхущытыкIэ ­пхъашэрат политикэм щытепщэри, Афганистаным щекIуэкIа зауэри а зэгурымыIуэныгъэм и зы щапхъэу арат. 
Унафэ къащтар захуэрэ къуан­шэрэ зэхэдгъэкIын мурад дэ диIэ­къым. Зэхъуэкыныгъэхэр къэ­су, къэралым щекIуэкI еп­лъыкIэхэр щызэпэщIэувам щыгъуэ, цIыху куэд къэпсэлъауэ щытащ советыдзэр а Iуэхум хэп-  щIауэ зэры­щытар щыуагъэу            къа­гъэлъа­гъуэу. Ар тхыдэмрэ зэ­ма­нымрэ зэ­­рагъэзэхуэнщ. Ди дежкIэ мы­хьэнэ зиIэр а зэ­пэщIэ­тыныгъэ иным Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым щыщ зауэлIхэри зэры­хэтарщ, дэт­хэнэ зыми и пщэ къы­дэхуэр игъэзащIэу, и натIэм итым зэ­рыIущIарщ. Афганистаным къу­­­лыкъу щихьащ «Адыгэ псалъэ» газетым и шофёру илъэс зыбжанэ хъуауэ лажьэ Соблыр Хьэ­сэнбий. А щIыналъэрщ абы «Адыгэ» цIэ лейр щигъуэ­тар икIи «И хахуагъэм папщIэ» медалу тIу къыщратар. 
Советыдзэр кърашыжыну уна­фэ къыщащтар 1988 гъэрщ. ООН-м и нэIэ щIэту, Швейца-     рием Афганистанымрэ Пакиста­нымрэ хамэ къэрал IуэхухэмкIэ я министрхэм зэращIылIауэ щытащ Женевэ зэгурыIуэныгъэр. Абы ипкъ иткIэ, СССР-м и дзэхэр республикэм къришыжыну уна­фэ ягъэуват. 1988 гъэм накъыгъэм и 15-м сэлэтхэр кърашыжын щIадзэри, иужьрей дзэ зэгу­хьэ­ныгъэм 1989 гъэм ма­заем и 15-м Афганистаныр ибгынауэ щы-тащ. 
НэгъуэщI къэралхэм къулыкъу ще­зыхьэкIа зауэлIхэм я махуэр Афганистаным щыIахэм я закъуэкъым зытеухуар. Абы хеубыдэ и Хэкум и гъунапкъэм икIыу, и пщэ къы­далъхьа къалэныр дэнэ щIы­пIэ щызыгъэзэщIа сэлэтхэри. Но­бэ апхуэдэхэр дигу нэхъ къы­щIэд­гъэкIыжыр дзэ Iуэху хэхам хэтхэращи, дэтхэнэ зыри и уна­гъуэм узыншэу Тхьэм къри­шэ­лIэж. 

КЪУДЕЙ Iэминэ.
Поделиться: