ЛIэщIыгъуэхэр блэкIми, Пушкиныр псэущ![]() УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIуэкIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр теплъэгъуэхэр, литературэ зэпеуэхэр. Къэрал Лъэпкъ библиотекэм хамэ къэрал литературэмкIэ и къудамэм щекIуэкIащ литературэм и сыхьэт. Абы кърагъэблэгъащ класс нэхъыжьхэм щIэс еджакIуэхэр. Пушкин Александр и гъащIэм, и тхыгъэхэм, и хъэтIым теухуауэ къэпсэлъащ къудамэм и лэжьакIуэхэр. ДыщэкIхэ Нателлэрэ ФатIимэрэ ныбжьыщIэхэм гу лърагъэтащ Пушкиным и тхыгъэхэр нэгъуэщIхэм ейхэм къахэзыгъэщым. ШколакIуэхэм ирагъэлъэгъуащ «ЛIэщIыгъуэхэр блэкIми, Пушкиныр псэущ» зыфIаща тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. УсакIуэшхуэм теухуа видеотеплъэгъуэри гъэщIэгъуэн ящыхъуащ къызэхуэсахэм.
Поделиться:
Читать также:
07.03.2026 - 12:53 →
Гулъытэ лъапIэхэр
07.03.2026 - 11:52 →
ХэкIыпIэхэр къалъыхъуэ
07.03.2026 - 10:10 →
Адыгэ ЛIыхъужьхэм иджыри къахохъуэ
06.03.2026 - 15:08 →
Лъы хуэныкъуэхэм папщIэ
06.03.2026 - 12:26 →
Нэхъыбэ къахуэщэху хъуащ
| ||





