Тхыдэм щыхьэт хуэхъу уэрэдыжьхэр

 Къэбэрдейр къыщежьахэм ящыщщ «Андемыркъан и уэрэдыр». Иджы абы къэбэрдей уэрэдкIэ деджэ хъунущ, сыту жыпIэмэ «Къэбэрдей» цIэр Андемыркъан и уэрэдым къыхощ: «КъэбэрдеищIым Андемыркъан щызоуэ» жеIэ уэрэдым.

Бахъшысэрей зекIуэм къикIыжа нэужь, Талъостэн лIэри абы и шынэхъыщIэ Беслъэн ПцIапцIэ теуващ. 1532 гъэм Беслъэн Астрахъан зекIуэр къызэригъэпэщащ. Абы кIуа шуудзэм Индыл и икIыпIэр къахуэзыхутар, куэдым зэрыжаIэмкIэ, Андемыркъанщ. Беслъэн и Астрахъан зекIуэм уэрэд траусыхьакъым, траусыхьами, ди деж къэсакъым.

А зекIуэм къызэрикIыжхэу Беслъэн Андемыркъаныр иригъэукIащ, абы и укIыныгъэм кIэщIу иужь иту и уэрэдыр яусащ, а зи гугъу тщIы гъэпсыкIэ дыдэм иту, псынщIэ дыдэуи адыгэ лъэпкъ псоми зэлъащIысри, жаIэу щIадзащ. Уэрэдыр едзыгъуибл хъууэ яусауэ щытащ, ауэ ди деж къэсар едзыгъуиплIщ.

Къыхэзыдзэм: Андемыркъанри

Ежьухэм: Уо!

(Уойрэ) тенджыз тIуащIэ гущэмэ къыщалъхур.

Ежьухэм: Уойра, уэрирэу рирэщ, уорирэщ, уой.

Шышэр и Iуст, Андемыркъаныр къыдокIыр.

Ежьухэм: Уой-рирэ, уо-рирари!

Уэрэдым и макъамэ нэхъыщхьэр къыхэзыдзэм жиIэмрэ ежьу гупым жаIэ макъамэмрэ зэпэщхьэхуэ пэтми, зы уэрэд хъуащ. А тIум ящыщ зыр къэту щытмэ, ар уэрэд ныкъуэу, къыхэзыдзэм жиIэ псалъэр зыхэт макъамэр жиIэкIэ, ежьур имыгъусэмэ, уэрэдыр иримыкъуауэ, нэмыгъэсауэ, и псалъэхэр гурыIуэгъуэ пэтми, ежьур имыIэмэ, хужымыIэ хъуащ. Къыхэзыдзэм и макъамэ нэхъыщхьэр жимыIэу, ежьу къудейр жаIэкIэ, уэрэдыр мыгурыIуэгъуэ хъуащ. Арати, макъамэ нэхъыщхьэмрэ ежьумрэ зэгуэхырабгъу ямыIэу, зэмыгъусэнкIэ Iэмал имыIэу зэрыубыдащ. Абы щыгъуэми, ежьум уэрэдым къулыкъушхуэ щигъэзащIэ хъуащ, гупыр зэщIигъэуIуэным и мызакъуэу, уэрэдыр къыхэзыдзэм и тональностыр, жезыгъэIэр ежьур ару къэуващ.

Къэбэрдейм и тхыдэр къэзыIуэтэж уэрэдхэм ящыщу яусауэ щытар, мыр Нэгумэм и тхылъым къыщехь, «Темрыкъуэ ЛIыхъу и уэрэдырщ». Беслъэн ПцIапцIэ и ужькIэ Идар и къуэ нэхъыжь Темрыкъуэ теуващ. Темрыкъуэ къэрал лэжьакIуэ Iущу къыщIэкIащ. 1555 гъэм и лIыкIуэхэр урыс пащтыхь Иван деж игъэкIуащ, 1557 гъэм ипхъу Гуащэней пащтыхь Иван щхьэгъусэу иритри Къэбэрдейр Урысейм гуигъэхьащ, армырамэ, тырку сулътIанхэмрэ кърым хъанхэмрэ яшхыну щытащ. Темрыкъуэ и лIыгъэмрэ и Iущагъымрэ, Къэбэрдейм яхуищIа фIы куэдым я фIыщIэу уэрэд дахэ, езыр псэуэ, хузэхалъхьауэ щытащ. Апхуэдэу, езыр псэууэ уэрэд зыхуаусауэ щытар лIыхъужь зырызыххэщ.

Мы уэрэдым и гъэпсыкIэр нэгъуэщIщ. Къыхэзыдзэм уэрэдым и псалъэхэр зэкIэлъигъэпIащIэу жеIэри, гупым я ежьур кIыхьу зэпашу, къыхэзыдзэм жиIэ макъамэм зыкIи темыхуэу уэрэд псо ирикъуу макъамэ «уэрирэ» фIэкIа псалъэ зыри хэмыту жаIэ. Уэрэдым хэт псалъэхэм я кум ежьу къыдэувэркъым. Къыхэзыдзэм и псалъэм щыщу зы пычыгъуэ жиIа нэужь, ежьухэм я макъамэ щхьэхуэр уэрэд псо хъууэ жаIэ. Мыбдежым зэпэмыджэжу щхьэж и Iыхьэр щхьэхуэу жеIэ, зым щиухым адрейм къыщIидзэу. Уэрэдыр, шэч хэмылъу, джэгуакIуэхэм яусащ.

Къэбэрдейм къыщежьар «Къэрэкъэщкъэтау зауэм и уэрэдырщ». Талъостэн Бахъшысэрей кIуэуэ хьэмкIэшыгуищэ из щэкI кърым тэтэрхэм къазэрытрихар я гум гужьгъэжьу илъти, абы игъэзагъэртэкъым, ауэ фIэгъэнапIэрэ гъуэгугъэлъагъуэрэ ягъуэту къыщIэкIынтэкъыми, хъарзынэу къагъуэтащ. Къэбэрдейм ирахуа, е езыр яукIыжынкIэ шынэу щIэпхъуа, сытми, Лэзэрокъуэр кърым тэтэрхэм деж къыщыхутащ. Арати, тэтэрхэр Лэзэрокъуэм къишэри къатригъэуащ. «Хьэжь укIыдзэр ди Лэзэрокъуэм къытхуешэ» жеIэ уэрэдым. Нэгумэм зэритхыжымкIэ, а Къэрэкъэщкъэтау зауэм нэхърэ нэхъ зауэ гуащIэ Къэбэрдейм и нэгу щIэкIакъым. А зауэ гуащIэм хэта лIыхъужьхэм лIыгъэу щызэрахьам, хэти псэууэ къызэрелам, хэти лIыгъэ зэрихьэу зэрыхэкIуэдам уэрэдыр траусыхьащ. Ди нэгу къыщIэдгъэхьэнти, зауэлI гупыр ешауэ, гугъуехьышхуэкIэ текIуэныгъэр къахьауэ шууэ къэкIуэжу. Хэти уIэгъэу, хэти укIыгъэрэ шыкхъаблэм телърэ къахьыжу къыздэкIуэжым, зыгуэрым уэрэдыр къыхидзащ, адрейхэр абы ежьууащ.

Къыхэзыдзэм: (Уар, уаредэ) ди Къэрэкъэщкъэтаумэ,

Ежьухэм: Уо!

 - (Уо, уо-уоредэ),

Ежьухэм: Уо-уонау рирэ, уо!

 - (Уор) лъыпсие жагъуэр даушэ!

Ежьухэм: Уо-уонау рирэ, уо!

 - (Уо-риро, уой) даушэ!

Ежьухэм: Уо-уонау рирэ, уо!

«Къэрэкъэщкъэтау зауэм и уэрэдыр» дзэ гупышхуэм я текIуэныгъэм теухуамэ, тэтэрхэр къэзышэу къэбэрдейхэм къатезыгъэуауэ щыта «Лэзэрокъуэ и уэрэдыр» щхьэзакъуэм теухуа уэрэдщ. КъыщыщIа лейм щхьэкIэ езы Лэзэрокъуэ и щхьэм хуиусыжа уэрэдщ. Уэрэдым и гъэпсыкIэр адрей уэрэдхэм, иджыри къэс зи гугъу тщIахэм, къащхьэщокI. Къыхэзыдзэм къыщыщIа лейм щхьэкIэ тхьэусыхэурэ зы куплет псо жеIэ. Абы иуха нэужь, ежьум къыщIадзэри «уэрирэ» фIэкIа нэмыщI мыхьэнэ къызэрыкI псалъэ зыри хэмыту куплет псо жаIэ. Къыхэзыдзэми, ежьухэми жаIэ макъамэхэр зыкIи зэтехуэркъым, икIи а тIур зэпэджэжыркъым. Апхуэдэу щыт пэтми, тIум я зыр къэту уэрэдыр ирикъуркъым. Къыхэзыдзэм и псалъэхэр макъкIэ уэрэду къыжиIэу иуха щхьэкIэ, уэрэдым хэт псалъэхэр гурыIуэгъуэ пэтми, гупым уэрэдыр и кIэм зэрынэмысар, зэрыныкъуэр IупщIу уолъагъу, пэрэ кIэрэ иIэу уха иIэкъым. Абы щыгъуэ ар зэщхьыр бжыхь ныкъуэхущ. Мис а уэрэдыр:

Къыхэзыдзэм: Уэ алъпыжьым урищхьэт,

Сэ лIыхъущхьэм срикъуэт,

Си мыщIыкъуэ гущэмэ сыдэхуэщ.

Ежьухэм: Уарирэ, айрирэ, айрэу!

– Айрэу, уарирэу рирари!

Си мыщIыкъуэми сыдохуэри,

Схуэмыфащэри къысщощIри,

Сы-Лэзэрокъуэт!

Ежьухэм: Уарирэ, айрирэ, айрэу!

– Айрэу, уарирэу рирари!

Адыгэ уэрэдыжьхэр псори я псалъэм ещхьщ, я макъамэри я ежьури, н.ж., уэрэдыр зытраусыхьа Iуэхугъуэм елъытащ абы псалъэу хэтыр. Уэрэдыр зауэм, лIыгъэ зехьэным теухуамэ, абы псалъэу хэтым къаIуатэри аращ. А псалъэхэм щIагъэува макъамэми, абы и ежьуми къаIуатэр лIыхъужьыгъэщ. Псалъэм къаIуатэр тхьэусыхафэмэ е гуIэмэ, макъамэри ежьури тхьэусыхафэщ, гуIэщ. Абы щыгъуэми, дэтхэнэ зы уэрэд-псалъэми езым и макъамэ щхьэхуэрэ и ежьу щхьэхуэрэ иIэжщ. Зэтехуэу уэрэдитI хэткъым.

Ди уэрэдыжьхэр адыгэ лъэпкъым ди тхыдэщ, ди бзэщ, ди хабзэщ, ди макъщ, ди щэнхабзэм и лъагагъыр къэзыгъэлъагъуэщ. Лъэпкъым зиужьын щхьэкIэ мыхьэнэшхуэ яIащ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар

ТАБЫЩ Муратщ.

Поделиться: