Хэплъэжынри щхьэпэщ«Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» жыхуиIэр и IэдакъэщIэкIщ УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий. Зи гугъу тщIы псалъэхэм, къарыкIыр дэщIыгъуу, къызэрытхыжари аращ.
Жьабзэ зыIурылъ – дахэу, цIыху къигъэдаIуэфу псэлъэф, жьакIуэ.
Жьагъэ уз - 1) тхьэмбылым ефыкI уз зэрыцIалъэ шынагъуэ; 2) тхьэмбылым щIыIэ еуэн.
Жьагъуэ – шэмэджыпэр къегъэзыхыщауэ кIым фIэлъмэ.
Жьажьэ – пасэрей адыгэ бжьэматэм (чыхуу щытам) и щхьэхэм фIагъэтIысхьэж, зи кIапэ лъэныкъуэр быдэу пха бгъэн пхырым арат зэреджэр.
ЖьакIэпэнэпс – зи бын, зи къуэш хэкIуэдам закъримыгъэлъагъуурэ, лъэныкъуэгъазэ зищIу щыгъкIэ хужаIэ: «ЖьакIэпэнэпсу егъей».
ЖьакIэупс зэкIуж – пасэм щыгъуэ лъы зи яку дэлъхэм щыщу къуаншэр хеящIэм игъэтIысырти, зилъ телъым сэ зэщIэлъыкIа иритырт, и бийм и жьакIэр иупсыну. Къуаншэр имыукIыжу и жьакIэр хуиупсмэ, зэкIужауэ къалъытэрт, иукIмэ, лъы щIэжыным аргуэру пищэрт.
ЖьакIэ хъырицэ – жьакIэ цIырхъ дыдэ.
Жьакъэ – шэмэджыр захуащэу и кIым фIалъхьамэ.
Жьанэ – бгы зэхуаку, къуэ кIуэцI куу.
Жьэгугъуанэ – пасэм жьэгум и бгъуитIымкIэ щыIэ блынхэм хащIыхьу щыта кумб, хьэкъущыкъу хуэдэхэр ирагъэувэу.
Жьэгукъутэ: жьэгукъутэр къыхуэгъэкIуэн. къыхуэхьын – и унэр зэхэкъутэн.
Жьэгумыгу - япэм хъыджэбзхэм, гушыIэурэ, жьэгу яжьэр иракъухьырти, ар баш цIыкIукIэ къратхъэурэ узышэну щIалэхэм яхуэплъэрт.
Жьэгъубабэ – 1) сабийхэм я жьэгъур къыщIэзыгъэж уз (свинка); 2) балигъхэми я жьэгъур къыщIэзыгъэж, узыншагъэр езыгъэкIакIуэ уз (зоб).
Жьэгъу быдз – 1) шэмэдж дакъэм къытепIиикI, шэмэджыкIым и гъуанэм ирагъэтIысхьэ жыр быдз цIыкIуращ; 2) бжэнхэм я жьэгъум щIэс, хьэмцIыракIэм ещхь цIыкIуитI.
Жьэгъуагуэ – бзэмыIу, тэмэму мыпсэлъэф.
Жьэгъупс – 1) шэмэджыр къутэгъуафIэ мыхъун папщIэ, и дакъэм ирадзэ гъущI пIащIэращ; 2) упщIэ пыIэм, пыIэ къекъухым и тхьэкIумэхэм ирадэ, жьэгъущIэпхэ пыIэпсхэрщ.
ЖьэдэIэн – шым къыщIэдэкъуэн, жьэдэуэн.
Жьэнпэпкъ: жьэныпэ къикI – ныкъэм (куэтэным и кIапэм) хэлъ лъынтхуэхэр къэзыгъэлалэу цIыхум лъы къыдэх езыщIылIэ узыфэ (геморрой).
Жьэпэпс – пэрыхьэту, гъунэжу.
Жьэпхъаджэ – жьэ бзаджэ зэщIэзых.
Жьэпхъалъэ – щхьэтепIэ зимыIэ тебэ куу.
Жьэрыкуэ – хэкъузэкIэ лъахъсэтэным традзэ тхыпхъэ (орнамент).
ЖьэрыIуэбзэ – ямытхыу яIуатэ (устная речь).
Жьэсэр – пщым лей зриха мэкъумэшыщIэр абрэджу ежьэжырти, пщым къыхуиIуэхурт иджы езым зыкъыщихъумэну, мыбэлэрыгъыну. Апхуэдэм «ар жьэсэру ежьэжащ» хужаIэрт.
Жьэхыжын – гъавэр жьэхыжын – Iуамыхыжурэ илъэлъыхьыжын щIэзыдза гъавэхэкI.
Жьыкурэ – цIыху жьгъей, быхъу-лъахъшэ.
Жьырыху пшынэ – пшынэ ныбэм къриху-иришэж жьымкIэ макъ зыгъэIу пшынэ.
Жьы уз – къупщхьэ зэрытыпIэхэр тэмэму зымыгъэлэжьэж уз (артрит, полиартрит).
Жьыхулъатэ – вертолёт.
Жьыхъарз - жьы кIэрахъуэ.
Забжэ – мэз бжэным и фэ.
Забзэ – хывыфэм и IувыпIэм къыхэха кIапсэ, пхъэIэщэм ирахьэлIэу щытащ.
Зал – ерыскъым пкъыгъуэу хэлъым и къарур.
Зауэ зэIущIэ – военный совет.
Зауэ тхьэрыIуэ – военная клятва перед походом или боем.
Зашэ – пхъэIэщэм и пэгъум хэукIа пхъэ Iунэхэрщ.
Зэбзэгъу – 1) зыбзэкIэ псалъэхэр, зэлъэпкъэгъухэр; 2) щэху гуэр зэдэзыщIэ, Iейми-фIыми щызэрыIыгъ.
Зэблэгъу – зэщхьэгъусэ зэгурыIуэ-зэдэIэпыкъу.
Зэгущ – захуэ, къыхэщ имыIэу зэхуэдэ (и дзэхэр зэгущ).
Зэдэшх – зэрытемыгъэкIуа, зэхуэдэу зи Iуэху езыхьэкIа (ничья).
Зэдыкъэшэгъу – зи къэшэгъуэ икIи зэныбжь щIалэхэр.
ЗэкIэзэрыблэ – шыхэр, выхэр зэбгъурымыту, зэкIэлъхьэужьу щIэщIамэ.
ЗэкIэзэрыблэ – шухэр зэкIэлъхьэужьу икIи зэгъунэгъуу кIуэн.
ЗэкIэ-зэужь – чэзу.
ЗэкIужыбжьэ: зэкIуж Iэнэ – зэщыIеяхэр зэрызэкIужам теухуа Iэнэ е бжьэ къэIэтыгъуэ.
Зэлэгъу – 1) зэныбжьэгъу, зы ныбжьым итхэр. 2) я теплъэкIэ зэфэгъу щэкI.
ЗэлъиIэ-зэлъиплъэ – къэмыхухьа, псори зыдэплъагъу.
Зэмыщхьыбгъу – математикэм «ассиметрия» жыхуаIэрщ.
Зэпэбаш – фочыр щытрагъапсэкIэ, фочыпэм щIагъэувэу къыздрахьэкI пхъэ быдэ зэпха цIыкIуитI. Зауэ тхьэрыIуэ щащIкIэ, зауэлIитIым я бгъэхэм нэс Iэтауэ яIыгъ зэпэбашым псори зырызу щIагъэкIыурэ, а щIыкIэм тету тхьэ ирагъаIуэрт.
ЗэпэIуу – фэр зэрызэпадэ щIыкIэ: зэпэIуу ядри, щхьэфэду традыхьыж.
ЗэпыгъэпIынэн – Iэхъуэгъуэ тегъэкIыу зыгуэр зэпыIун.
Зэпыдза – псыхъуэм и лъэныкъуитIымкIи, бгитIым (шытхитIым) я зэхуаку дэсу псэухэр.
ЗэпызыщIэ –связь.
Зэпырылъ – псоми яфIэгъэщIэгъуэн.
Зэрабгыж – зи цIэмкIэ зыгуэрым уебг хъуну цIыху Iей, ябгэ (къызэрацIыхумкIэ апхуэдизу цIыху Iейщ, ябгэщи, и цIэмкIэ зыгуэрым уебгыфынущ).
Зэрыгъэдаурыкъын – зэдэуэн.
Зэрыгъэчысчэн – зэрыгъэхьэлэбэлыкъын, зэрызехьэн.
Зэрыуэзэрыбг – 1) зэрызехьэ, 2) зэдемыкъу (шыхэр).
Зэрыхъу – ямыгъасэу, щхьэрыутIыпщу къэхъуа цIыху.
ЗэхэщIэ - зэрышэн IуэхукIэ щIалэмрэ хъыджэбзымрэ я лIыкIуэхэр зэхыхьэу щызэрыцIыху.
ЗэхэIэ-зэхэпхъуэ – зэрыхьзэрий, хьэгъэпхъагъэ.
Зэхъун-зэIущэ – ику иту псэун.
Зэш-зэхуефэ – хамэ къахэмыхьэу, езы зэшхэм ящI ешхэ-ефэ.
Зэшхуэзэес – зэпэхъу, зэрагъэхь щымыIэу зэхуэдиз.
Зэшхуэусэ – усэ Iэрамэ.
Зэщхьыбгъу – математикэм «симметрия» жыхуаIэрщ.
ЗэщызэукIын – зым адрейр ихъумэжурэ зауэмэ.
Зэщычэн – зэщыджэн, ину гъын.
ЗэщIыс: зэщIыс имыхьэу – уащхъуэдэмыщхъуэу, къыщIэудауэ.
Здорэ – мыувыIэу, сытым дежи.
Зитхъуэжын – 1) зызэлъыIухыжын (пщIантIэм, унэм). 2) гузагъэ къозыту зыгуэр зэгъэхъулIэн.
ЗыгуэкIэ – къудамэ цIыкIур зыгуагъакIэ лъабжьэрщ.
Зыгъэбжьын – зыгъэлIыхъун, зэрыщымыту зыкъигъэлъэгъуэну пылъ цIыху.
ЗыгъэIурыщIэжыпIэ – зи щхьэ унафэ хуэзыщIыф цIыху щхьэхуэ е гуп зэгъэуIуа.
Зыхуэгъэфиблын – узэрыщымыту зыкъыфIэгъэщIын, хуэфитнэн.
Поделиться:
Читать также:
06.03.2026 - 17:48 →
Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
06.03.2026 - 15:40 →
ЩIыуэпсымрэ цIыхупсэмрэ
05.03.2026 - 12:17 →
Анэм и уэрэдым теухуауэ
03.03.2026 - 16:00 →
Гурылъ темыпыIэхэр
02.03.2026 - 12:57 →
УиIэмкIэ уарэзыныр
| ||




