ПсэукIэр егъэфIэкIуэным тращIыхьКъБР-м и Правительствэм щекIуэкIащ «КъБР-м и муниципалитетхэм я зэгухьэныгъэм» и зэIущIэ. Зэгухьэныгъэм къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ щригъэкIуэкI Iуэхухэм я щапхъэу, Аруан районым и администрацэм и унафэщI ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит къэпсэлъащ, щIыналъэм 2024-2025 гъэхэм щалэжьам, дызэрыт илъэсым зыхунэсын хуейуэ щагъэбелджылам теухуауэ. Къэпсэлъам зи гугъу ищIа Iуэхугъуэхэм кIэщIу фыщыдогъэгъуазэ.
- 2024-2025 гъэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Аруан щIыналъэм щыдгъэзэщIащ лъэпкъ, федеральнэ проект щхьэпэхэр. Ахэр хуэунэтIауэ щытащ гъуэгухэр гъэтэмэмыным, къалэхэр гъэдэхэным, егъэджэныгъэм, узыншагъэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм.
2024 гъэм «ПсэупIэмрэ къалэм и щытыкIэмрэ» лъэпкъ Iуэхум хэту гъэбелджыла «Къалэ Iэхуитлъэхуит къызэгъэпэщын» федеральнэ проектым хэту Аруан районым зыхуей щыхуэдгъэзащ цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэр: Нарткъалэ дэлъэдапIэм щыIэ паркыр, Шытхьэлэ дэт къуажэ курыт еджапIэм и Iэгъуэблагъэр, Псыкуэд къуажэкур. КъэдгъэщIэрэщIэжащ Старэ Шэрэдж къуажэм Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм папщIэ дэт фэеплъыр. Нарткъалэ деж щыIэ къат куэду зэтет унэхэм егъэщIылIа пщIантIищ зыхуей хуэдгъэзащ. Жамборэм и цIэр зезыхьэ уэрамым и 82, 84, 86 унэхэм я пщIантIэхэр къэгъэщIэрэщIэным текIуэдащ сом мелуани 5, 2-рэ. 2025 гъэм Нарткъалэрэ Псыгуэнсурэ щыIэ цIыхубэ зэхуэсыпIэхэр къызэгъэпэщыным текIуэдащ сом мелуани I10, 4-рэ. Урысейпсо онлайн хэхыныгъэм тету, 2026 гъэм къапщытахэм ящыщу, нэхъыфIу къызэгъэпэщыжа щIыпIэхэм хабжащ Нарткъалэ и ут нэхъыщхьэр. АдэкIэ ди мурадщ Аруан, Старэ Шэрэдж дэлъэдапIэхэр дгъэдэхэну. Гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэным тещIыхьа федеральнэ проектым тету, Къэхъун Iэщышхуэ щаIыгъ и щIыпIэм хуэкIуэ гъуэгур, километр 0, 7-рэ хъур, къызэгъэпэщыжыным текIуэдащ сом мелуани 9,86-рэ. Зыхуей хуагъэзащ Шэрэджыпсым телъ, метр 90 зи кIыхьагъ лъэмыжыр.
«Управдор» проектым хэту, 2025 гъэм Старэ Шэрэдж къуажэм и уэрамхэр электрокъарукIэ къэгъэнэхунымкIэ лэжьыгъэшхуэ екIуэкIащ. Старэ Шэрэдж-Котляревск, Старэ Шэрэдж –Жэмтхьэлэ – Сукан Су гъуэгухэр, Лениным, КIуащым я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэр зыхуей хуагъэзащ. Зэхэту километри 9, 274-рэ къагъэнэхуащ. Уэздыгъэ зыфIадзэ пкъо 213-рэ ягъэуващ, «светодиоднэ» жыхуаIэм хуэдэ уэздыгъэ 377-рэ фIадзащ, электрокъару зрикIуэ кIапсэхэр уэрамхэм зэпрашащ. Нарткъалэ-Къэхъун-Правоурванск, Старэ Шэрэдж – Чёрнэ Речкэ, Налшык – Нарткъалэ автомобиль гъуэгухэр къагъэнэхуащ. Проектхэр гъэзэщIэным текIуэдащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгу фондым и ахъшэкIэ.
2026 гъэм зыхуей хуэдгъэзэнущ Нарткъалэ Лениным, ШэджыхьэщIэм, Ахъмэтым я цIэхэр зезыхьэ и уэрамхэр.
ПсэупIэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр егъэфIэкIуэнми гулъытэ игъуэтащ. 2025 гъэм Къэхъун къуажэм къыщызэрагъэпэщащ псы бжьамий километри 9. Иджы ар унагъуэ 400 хуэдизым ялъэIэсынущ. Лэжьыгъэм ихьащ сом мелуан 49, 1-рэ.
Егъэджэныгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымрэ я гугъу пщIымэ, щIыналъэм щекIуэкIащ ахэр егъэфIэкIуэным тещIыхьа Iуэхугъуэхэр. Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ № 2-м гуащIыхьащ сабий 400 зыщIэхуэну пэшхэр. 2025 гъэм «Унагъуэ» лъэпкъ проектым хэт «Унагъуэм зыщIэгъэкъуэн» Iуэхум тету, Старэ Шэрэдж щаухуащ цIыхуи 100 зрашэлIэну сабий сад. Абы текIуэдащ сом мелуани 139, 13-рэ.
Старэ Шэрэдж, Нижнэ Шэрэдж къуажэхэм къыщызэIуахащ амбулаторэщIэхэр.
2026-2027 гъэхэм къриубыдэу сабий садхэр щаухуэнущ Псыгуэнсурэ Аруанрэ. Псыкуэд, Шэрэдж Ищхъэрэ, Старэ Шэрэдж, Нарткъалэ дэт сабий садхэр зэрахьэнущ.
Поделиться:
Читать также:
07.03.2026 - 12:53 →
Гулъытэ лъапIэхэр
07.03.2026 - 11:52 →
ХэкIыпIэхэр къалъыхъуэ
07.03.2026 - 10:10 →
Адыгэ ЛIыхъужьхэм иджыри къахохъуэ
06.03.2026 - 15:08 →
Лъы хуэныкъуэхэм папщIэ
06.03.2026 - 12:26 →
Нэхъыбэ къахуэщэху хъуащ
| ||




