ЛIыхъужьыгъэм и напэкIуэцIхэр къызэрагъэдзэкIыжурэ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ. Хэкум и ХъумакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща пэхуэщIэм къызэщIикъуащ музейм и гъэтIылъыгъэхэм ящыщу лъахэм и щыжакIуэхэм я нэгур къызытещ, я хахуагъэр къэзыгъэлъагъуэ, дунеймрэ гъащIэмрэ къазэрыщыхъу щIыкIэхэр къызытещ сурэтхэр.
Япэ сурэт гъэлъэгъуапIэм деж щызэхагъэуващ XVIII – XIX лIэщIыгъуэхэм псэуа графикхэмрэ скъарыщIхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр, Урысейм и пащтыхьхэм, дзэмрэ флотымрэ заужьыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа дзэпщхэмрэ дзэзешэхэмрэ, щIэныгъэ, щэнхабзэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм я сурэтхэр. ПлIанэпэ щхьэхуэ иубыдащ щIэныгъэлI, тхакIуэ, гупсысакIуэ Ломоносов Михаил къызэралъхурэ илъэс 315-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэща теплъэгъуэхэм. Щхьэхуэу зэхалъхьащ 1812 гъэм екIуэкIа Хэку зауэм теухуа хьэпшыпхэр. Пасэрей хьэпшыпхэр зыфIэлъапIэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъунущ сурэтыщI Кипренский Орестрэ Брюллов Карлрэ я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэр – лъэхъэнэр зыгъэдахэу, зи псапащIэ IуэхухэмкIэ цIыхухэр малъхъэдисым хуэдэу зэзышалIэу щыта бзылъхугъэ гъэщIэгъуэн куэдым я нэгур тхуахъумащ абыхэм, я хъыбар пэжымрэ я теплъэмрэ зэрызэгущыр къагъэлъагъуэу. Музейм зыплъыхьакIуэ кIуэхэм гу лъатэнущ КъухьэпIэ Европэмрэ Урысеймрэ я цIыху IэпщIэлъапщIэхэм къащIэна хьэпшыпхэми. Сурэтым къиIуатэ Iуэхугъуэм пэджэж фIэкIа умыщIэну, пхъуантэм е шэнтиуэм, скъарым е сыхьэтым, хьэкъущыкъухэм е дыщэхэкIхэм дахащэу купщIэр къызэрах, теплъэгъуэм къыпищэу къыпщагъэхъуу, сурэтхэм цIыху дунейм лъэмыж кърадзу къыуагъэлъытэу.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
– Псоми зэрытщIэщи, дахагъэм дунейр ем щихъумэнущ. Апхуэдэуи тщыгъупщэркъым а дахагъэм къепщэфыIэхэр зэрыщыIэр, ар ягъэкIуэдыну иужь иту хьэгъэщагъэ зезыхьэхэми мымащIэу уазэрырихьэлIэр. Хэкур хъумэныр, абы и цIыхухэм къащыжыныр, я псэкупсэ дунеймрэ щэнхабзэ зэхэщIыкIымрэ къэIэтыныр дахагъэм и пкъощIэсэхэм ящыщщ. Гъэлъэгъуэныгъэм лъэхъэнэшхуэ къызэщIиубыдащ, къаIуатэ тхыдэкIи, ар къызэраIуатэ щIыкIэхэмкIи зэтемыхуэу. Сыт хуэдэ лъэхъэни цIыхур иужь итщ щалъхуа щIыналъэр бзаджащIагъэм щихъумэну, апхуэдэу гурыгъуз къэмыхъун папщIэ, къыщIэувэ щIэблэм фIым хуиущиину, захуагъэмрэ мамырыгъэмрэ зэрыщIагъуэр я зэхэщIыкIым хипщэну. Мы гъэлъэгъуэныгъэм хэлъ хьэпшыпхэм зыкъомкIэ узыIэпашэ. ЗэрыбунэтI теухуауэ а лъапIэныгъэхэр зэмыщхьу къопсэлъэнущ, арагъэнущ ахэр гъуазджэм и щапхъэуи къыщIалъытэр. Мызыгъуэгум фIыуэ дызыщыгъуазэ хьэпшыпхэр, сурэтхэр, скъархэр тIэкIу нэгъуэщIу къыдэпсэлъэнущ – ахэр дахэщ, гуакIуэщ, узыIэпызышэщ, ауэ къызыпхыкIа гъуэгур шынагъуэщ, гукъутэщ, ухэзыгъаплъэщ. ТщIэн хуейщ, Хэкур хъумэныр щIыхь зыпылъми, ар зэрахъумэ щIыкIэм гуIэгъуэу хэлъыр зыхуэдизыр, зауэм зэи фIы къызэримыхьыр, мыкIыж уIэгъэрэ мыгъущыж нэпсрэ къызэрыхэкIыр. Iуэхур Хэкум щынэсым деж, цIыхубзри лIыхъужьщ. Ахэр анэщ, щхьэгъусэщ, зыгуэрым и шыпхъущ. ЗэуапIэм Iухьахэм мыкъутэжын щIыбагъыу яIэр ахэращ. Абыхэм я псалъэрэ ущиерэ хуэмыныкъуэ цIыхухъу щыIэкъым, зауэлIу щытмэ – зэдыщIэкIыу къалъыхъуэ. Мы гъэлъэгъуэныгъэр абы и IуэхукIэ дерсщ. Зым IэщэкIэ Хэкур ихъумащ, адрейм щэнхабзэ къэгъэщIыгъэ телъыджэкIэ цIыхур иузэщIащ, ауэ дэтхэнэри зыхущIэкъуар зыщ – щIэблэр мамыру псэууэ щалъхуа лъахэм зригъэузэщIынырщ, зригъэужьынырщ. Ди щIэблэр узыншэу къыдэкIуэтеину, гъуэгу захуэ тетыну, IэщэкIэ мыхъуу, акъылрэ зэхэщIыкIкIэ лъахэр яхъумэну си гуапэщ, – жиIащ къулыкъущIэм.
Музейм щекIуэкI зэIущIэ дахэм кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и депутат Беспаловэ Наталье. ИлъагъумкIэ зэрызимыгъэнщIыр къапщIэу, депутатыр дэтхэнэ зы хьэпшыпми и тхыдэм щIэупщIэрт, ахэр къыздикIам и мызакъуэу, дунейм къытехьэнкIэ щIэхъуами зыщигъэгъуазэми и гуапэт.
– КъызэрымыкIуэу тхыдэшхуэ диIэщ, уригушхуэн къудейр мащIэу, атIэ ар зэпымычу дерс хэхыпIэ щIын хуейуэ. Псэкупсэ лэжьыгъэкIэ ди цIыхухэм щIыхуэ къатенэу къыщIэкIынукъым. Ауэ дунейр зы архъуанэ шынагъуэ гуэрым итщи, абы теухуа псалъэмакъхэр зэпымычу егъэкIуэкIын хуейуэ щытыкIэ доувэ. Ди япэ ита нэхъыжьхэм анэмрэ Хэкур хъумэнымрэ нэхъапэ ирагъэщ щIагъуэ щыIауэ къыщIэкIынукъым. Урысейм щыпсэу лъэпкъхэр къапщтэмэ, абы мыхьэнэшхуэ езымыт, ар зи гупсысэкIэмрэ дуней лъагъукIэмрэ хэмылъ яхэту къыщIэкIынкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыдэлъху лъэпкъхэми, псоми зэрытщIэщи, лъыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа тхыдэшхуэ я щIыбагъ къыдэлъщ, дапщэщ хэIэби, узымыгъэгъуэзэнрэ узымыунэтIынрэ яхэмыту. Уэрэдыжьхэр, пшыналъэхэр, тхыдэжьхэр – зэрыщыткIэ зыхуэгъэпсар щалъхуа щIыпIэм, зыдапIыкIа жьэгужьым, къыщыхъуа хьэблэм я лъапIэныгъэр щIэблэм бгъэдэлъхьэнырщ. Апхуэдиз къару зиIэ IуэрыIуатэхэм зымащIэкIи япебдзых мыхъуну къызолъытэ мы гъэлъэгъуэныгъэм щызэхалъхьа сурэтхэмрэ хьэпшыпхэмрэ. Дзэпщрэ дзэзешэу мащIэкъым ди лъэпкъхэм яIар, псоми я къалэныр иджыри зи гугъу сщIыращ – лъахэр бийм щыхъумэнырт. Ар нэрылъагъу къытщызыщI мы Iуэхугъуэ дахэм еплъыну щIалэгъуалэ нэхъыбэ къекIуэлIэху, дуней мамыр дызэрытетынумкIэ угугъэ хъунущ, – жиIащ Беспаловэ Наталье.
Гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIахэм гуапэ ящыхъуащ, дихьэхыуи едэIуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, тхакIуэ, журналист Котляровэ Марие и псалъэми.
– Музей щыжытIэм деж ди нэгу къыщIэувэр блэкIам щыщу зы теплъэгъуэ хэха къэзыгъэщIэрэщIэж плIанэпэщ. Телъыджэкъэ-тIэ, жаIэ мыхъуу, уи нэкIэ уеплъыну тхыдэм и нэпкъыжьэр зытрихьа пасэрей сурэтхэм, Iэмэпсымэхэм, хьэпшыпхэм. Мыпхуэдиз дахагъэр зэхуихьэсу цIыхухэм я пащхьэ щрилъхьэфкIэ, Сурэт гъуазджэхэмкIэ музейр аркъудеи пхыдза хъугъуэфIыгъуэщхэм ящыщу къэплъытэ хъунукъым. Библиотекэхэм яхуэдэу, музейхэм яхъумэр ди блэкIам и закъуэкъым, абы къызэпхедз къэкIуэнум и хъуаскIэхэри. Ар фIыгъуэшхуэщ. Сэ сыт щыгъуи къысфIэщIырт мы сурэтхэм къагъэлъагъуэм, мы скъархэр зытращIыкIхэм хуэдэ Iуэхугъуэ ди гъащIэм зэи къыщымыхъужыну. Ауэ абыхэм къытрагъэзэж. Фэрэ дэрэ дрищыхьэткъэ цIыхухъухэми, цIыхубзхэми, сабийхэми, яхузэфIэкI къамыгъанэу зи щхьэр зэуапIэм Iузыхьэ щIалэхэм я щыIэныгъэр тынш къащызыщI, лIыгъэкIэ узэджэ хъун пэхуэщIэ щхьэпэхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ къызэрызэрагъэпэщми зэрыщрагъэкIуэкIми?! Ущызэкъуэтым деж улъэщщ, абы фэ къыптрегъауэ, пщIэ зыхууегъэщI. Гъэлъэгъуэныгъэм сыздеплъым сигу къэкIыжащ Севастополь деж уIэгъэ щыхъуа балъкъэр усакIуэ Кулиев Къайсын зэуапIэм къыщрахыжым, абыхэм адыгэ тхакIуэ КIыщокъуэ Алим зэрахэтар, и ныбжьэгъум и Iуэху зыIутым иригумэщIу зэпымычу и нэIэ зэрытригъэтар. ЦIыхугъэ хэлъти аращ, жаIэнущ, ар икIи пэжщ, ауэ псэзэпылъхьэпIэ ущитым деж а цIыхугъэр пхуэхъумэу щытмэщ лIыгъэ щызепхьари, укъэзылъхуахэм, укъызыхэкIахэм мис итIанэ ущIригушхуэн, езыхэри уэркIэ ин щIэхъун щхьэусыгъуэ къыплъыкъуэкIащ. Апхуэдэ лIыгъэ зыгъэлъагъуэ щIалэ цIыкIухэр ди мащIэкъым. Сыту фIы хъунт мы гъэлъэгъуэныгъэр нэхъыбэм ялъагъуу дахагъэм, мамырыгъэм, гуфIэгъуэм ящIэлъ асур зыхащIатэмэ, ахэр гъащIэ нэщэнэ пщIын нэхърэ нэхъыфI зэрыщымыIэр хьэкъ ящыхъуатэмэ, – жиIащ Котляровэ Марие.
Адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ, щIэныгъэлI Нало Заур «гимн» псалъэм къиубыд мыхьэнэр фIэфIт, ауэ езы псалъэр и жагъуэ дыдэт. КъыщIэна Iэрытххэм абы мызэ-мытIэу къытригъэзэжурэ «таущ» жиIэу щитхырт, псалъэм и купщIэм тригъащIэу, иIэнкIэ хъуну мыхьэнэ щхъуэкIэплъыкIэхэм языхэзри къиIуатэу жиIэу. Сурэтхэми, скъархэми, хьэпшыпхэми дыздеплъым дигу къэкIыжырт Нало Заур и псалъэхэр: гъуазджэ IэщIагъэщ жыпIэу узэплъыр гъащIэм и таущ мыхъумэ, къызэрыгуэкI хьэпшыпщ, жиIэрт. ИкIи, пэж дыдэу, сыт хуэдиз гъуэгуанэ къызэпача абыхэм, сыт хуэдиз мафIэс ялъэгъуа, ауэ къелащ, ди нобэм хэмыкIуэдыкIыжауэ хэтщ, гъащIэм и таущ щыпкъэу, къэкIуэну лъэхъэнэхэм я пшыналъэу.
Гъэлъэгъуэныгъэр гъатхэпэм и 22 пщIондэ екIуэкIынущ. ФIы хъунт Iэмал хуагъуэту егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, унэтIакIуэхэм я нэIэ щIэт ныбжьыщIэхэр абы кърашэлIэфатэмэ, зэхэшакIуэхэм я псалъэ купщIафIэхэм щIэдэIуу, тхыдэм и зы напэкIуэцI къызэрагъэдзэкIын хуэдэу, щытыкIэ дахэ ахэр ирагъэувэфатэмэ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: