Лъэхъэнэ жыжьэхэмрэ уэрэдыжьхэмрэЗэман жыжьэми къыщежьауэ, гупхэм ягъэзащIэу щытауэ, ди деж къахьэсауэ уэрэд гъэщIэгъуэнхэр диIэщ. Ахэр «Пщымэзытхьэ и уэрэдымрэ» «Даущджэрджий и уэрэдымрэщ». Шэч хэмылъу, «Пщымэзытхьэ и уэрэдыр» мажусий диным адыгэхэр щитам КъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыпсэуа адыгэхэм я деж къыщежьащ. А зэман жыжьэм яIыгъа Iэщэ мыхьэнэншэхэмкIэ мэзым щIэт псэущхьэшхуэхэм япэлъэщыфыртэкъыми, гупу зэгухьэн хуейт. Абы щыгъуэми, я щакIуэ Iуэхур къаригъэхъулIэн щхьэкIэ Пщымэзытхьэ елъэIуу, еубзэу, ягъафIэу хуэусэн хуейт. А уэрэдым КъуэкIыпIэм щыпсэу адыгэхэр зэреджэр «Мэзытхьэщ», ауэ мы щIыпIэм къахьа нэужь, «пщы» псалъэр пагъэувэри, «Пщымэзытхьэ» хъуащ. «Даущджэрджий и уэрэдыр» щаусар Къэбэрдейрщ, чыристан диным щита зэманырщ. Святой Георгий чыристан щихъыр игъафIэу, игъэлъапIэу, хъер къезыджэ уэрэду хуаусащ. УэрэдитIри гуп уэрэдщ, зым къыхидзэу, абы гупыр пэджэжу ежьууэ. 1. Къыхэзыдзэм: ПщымэзытхьэкIэ (уо-уо) соджэри (уоредэ, уэ) пащIэбзииплърэ Ежьухэм: Уо! Санэплъэмэ (уо–уо, уо) и бзабзэ гущэри (уо, уоредэ, уэ) зыхуагъэхыжьи! Ежьухэм: Уо! Мыр, зэрынэрылъагъущи, зи псалъэхэри зи макъамэри укъуэдия, шэщIа уэрэдщ (протяжная песня жыхуаIэращ). 2. Си уэрэдщ, си уэрэдщ (уэ-уиуэ, уареди уо) угъурлыжьт, угъурлыжьт, Ежьухэм: Уо, уо-уо-уорирари! (Уэреда уи рауэ-ией) псышхуэ и банэт иджы (уэ) хуэгъуабжэт, (уэ) хуэгъуабжэти (рэуэ-ией), Ежьухэм: Уо! Ди хьэ гъуабжэжь гущэхэм (уэ) къалъэф (уо) я Iуст, я Iуст! Ежьухэм: Уо! Зэрынэрылъагъущи, мы уэрэдитIым я псалъэхэри, я макъамэхэри, «уо» фIэкIа мыхъуми, ежьухэм жаIэ макъамэри укъуэдиящ, шэщIащ, зэпышащ (протяжная песня жыхуаIэращ), апхуэдизкIэ шэщIащи, тхылъымпIэ напэм ихуэркъым. Уэрэдым псалъэу хэтыр къыхэзыдзэм жиIэ макъамэ нэхъыщхьэм иригъэхуэн щхьэкIэ, мыхьэнэ къызэрымыкI псалъэ рефрен куэд (си уэрэдщ, уэ-уиуэ, уоредэ, уо, рэуэ-ией) жиIэурэ хегъэувэ. Ежьухэм, уэрэдыр жызыIэм зэпигъэууэ жьы щызыжьэдишэкIэ, абы жиIам пэджэжу я ежьу «уо» къудейр къыхадзэри, къыхэзыдзэм и зэпыгъэупIэм нэс яшэщIым, аргуэру къыщIадзэжурэ уэрэдым и кIыхьагъкIэ зэдыжаIэ. Абы къыхэкIыу, ар гуп уэрэдым къыщымынэу, макъ куэду (многоголосие) зэщIэжьыуэу жаIэу мэхъу, зым щиухым деж, адрейхэм къыщIадзэурэ. Нарт пшыналъэжьхэм хэтлъэгъуа гуп уэрэд гъэпсыкIэр, жыIэкIэр (уэрэдыр зэрыгъэпсам хуэдэущ зэрыжаIэр) «Пщымэзытхьэ и уэрэдым» хыдолъагъуэ: зым къыхедзэ уэрэдыр, гупыр абы жиIэ макъамэ нэхъыщхьэм поджэж нэмыщI макъкIэ. Ар антифонное пение жыхуаIэращ. Ауэ, а жытIахэм нэмыщIауэ, «Даущджэрджий и уэрэдым» чыристан диным ехьэлIауэ члисэхэм щыжаIэ уэрэдхэм я гъэзэщIэкIэм и хуэмэбжьымэ гуэрхэр къыхэщу щIадзэ. Ар IупщI дыдэу къызыхэщыр «Мэлэч и уэрэдырщ». Дэ абы иужькIэ дытепсэлъыхьынущ. А щапхъэхэм япкъ иткIэ жытIэмэ, «Пщымэзытхьэ и уэрэдымрэ» «Даущджэрджий и уэрэдымрэ» я деж къыщыщIадзэ къэбэрдей уэрэдыжь шэщIахэм я гъэпсыкIэм и щIэдзапIэр. Ауэ нарт лIыхъужь пшыналъэжьхэми щымыщу, тхыдэ-лIыхъужь уэрэдхэми хэмыхьэу «Нартыжь уэрэдыр» гуп уэрэд гъэпсыкIэм иту, зи гугъу тщIа уэрэдитIым я ежьум я гъэпсыкIэмкIэ къыщхьэщыкIыу, къыхэзыдзэмрэ ежьухэмрэ я макъамэхэр нэхъ IупщIу зэгуэхарэ, къыхэзыдзэм жиIэ макъамэм хуэдизи ежьухэм езыхэм я макъамэ щхьэхуэкIэ жаIэу, апхуэдэ гъэпсыкIэщIэ иIэу дызытепсэлъыхьыну дызыхуей тхыдэ-лIыхъужь уэрэдыжьхэм япэ къиуващ. Мис «Нартыжь уэрэдым» и гъэпсыкIэр: Къыхэзыдзэм: Си джатэжьурэ (уой, дуней) хьэщхьэрыIуэдзэ, Ежьухэм: Уо! И дзэпкъитIымкIэ (уо, дуней) лъыхэр йожэх! Ежьухэм: Уойрэ, уойрэ, уоу-рирарэ! Мы уэрэдым щIэуэ къыхыхьащ макъамэ щхьэхуэ укъуэдия зиIэ ежьу, езы уэрэдым и макъамэм зыкIи темыхьэу икIи, пэджэж мыхъумэ, псалъэ лъэпкъ хэмыту. Ар зэщхьыр мыращ: къыхэзыдзэр щIоупщIэ, ежьухэм абы жэуап кърат, «а уэ жыпIэмкIэ дэ дыарэзыщ» жыхуаIэу. Ар лIыхъужь уэрэдхэм я фащэ нэхъыщхьэщ. Мыбдежым ежьу макъамэм и къалэныр гупыр зэщIигъэуIуэу къыхэзыдзэм и макъамэ нэхъыщхьэм иригъэдэIуэнырщ, иригъэкIунырщ. «Ежьу» псалъэми къикIыр аращ: «екIуу жьы Iуэ!» Мы нартыжь уэрэдыр псалъэу хэтымкIэ нарт лIыхъужьитI – Тотрэш Ябгэмрэ Хъымыщ и къуэ Батэрэзрэ я зэныкъуэкъу-зэзауэм теухуащ. Ауэ фащэу щатIэгъар тхыдэ-лIыхъужь уэрэдхэм я гъэпсыкIэрщ. Мыбы и макъамэм и ритмэр шуудзэ гупышхуэ зэрызэрашэ ритмэщ. Шэч хэмылъу, КъухьэпIэмкIэ къиIэпхъукIыу мы щIыпIэм къэIэпхъуа адыгэхэр лъэпкъыу щызэрыубыд лъэхъэнэм яусащ. Мы уэрэдыр ди лъэпкъэгъу бжэдыгъухэмрэ шапсыгъхэмрэ яхэлъкъым. Абы нэмыщIауэ уэрэдым «Къэбэрдей» цIэр къыхэщыркъым. Мы уэрэдхэм къэбэрдей тхыдэр къызэщIаубыдэркъым. Абыхэм я хуэмэбжьымэ къэбэрдей тхыдэм зыщIыпIи къыщыхэщыркъым. Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:
Читать также:
06.03.2026 - 16:06 →
Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъхэр ягъэбыдэ
02.03.2026 - 13:09 →
Я сюжетхэр зэмылIэужьыгъуэщ
28.02.2026 - 12:00 →
И щIэинхэр хуэсакъыу яхъумэ
27.02.2026 - 12:26 →
ЛIыгъэм и макъамэ
26.02.2026 - 14:41 →
Лъэпкъ щэнхабзэм зезыгъэужьа Гъуэт Хъусин къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу
| ||




