Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэрЗыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрагъэпэщ «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжынущ курыт еджапIэ №5-м епхауэ лажьэ сабий сад №3-р. Лэжьыгъэхэм хыхьэу унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ, унэ IуплъапIэр къагъэщIэрэщIэжынущ, цIыкIухэр щеджэ пэшхэм плиткэхэмрэ ламинатхэмрэ иралъхьэнущ, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрагъэпэщынущ. Сабий садым псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 1100-рэ еубыд икIи нобэкIэ сабийуэ 204-рэ абы кърашалIэ. Лэжьыгъэхэр мы гъэм и кIэхэм зэфIэкIынущ.
Мыгувэу къызэIуахыжынущ Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэм и амбулаторэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ «ГъащIэ кIыхь икIи жыджэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ къэрал программэм ипкъ иткIэ. 1992 гъэм яухуауэ щыта амбулаторэм мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр япэу щрагъэкIуэкIыу аращ. ЛэжьакIуэхэм унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, бжьамийхэр, ток кIапсэхэр зэрахъуэкIащ, унэм теплъэ дахэ иратащ. Иджыпсту пэш кIуэцIхэр къращIыкI, абы къекIуэлIэнухэм я тыншыпIэхэр къыхузэрагъэпэщ. Къулъкъужын Ипщэм и амбулаторэм зэ лэжьэгъуэ махуэм цIыху 50-м медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щратыфынущ. Абы къепхащ къуажэдэсу 3000-м щIигъу, сабий 663-рэ яхэту. Амбулаторэ къагъэщIэрэщIэжам и бжэр мыгувэу къызэIуахыжынущ.
Къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ я тыншыпIэхэр Май къалэм и гъущI гъуэгу вокзалым къедза щIыпIэр зэIузэпэщ ящIынущ мы гъэм. Нэгъабэ ирагъэкIуэкIа интернет Iэ Iэтым ар щытекIуауэ щытащ икIи къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжыну щIыпIэм зы гектарым щIигъу еубыд. Лэжьыгъэхэм хиубыдэу мыбдеж асфальтыжьыр щызэрахъуэкIынущ, зыгъэпсэхупIэхэр щащIынущ, тетIысхьэпIэхэр, кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр щагъэувынущ, къызэщIагъэнэхуэнущ, архитектурэ теплъэ дахэхэр иратынущ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, транспортым пэплъэ къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ къызэгъэпэща хъунущ, щыжаIащ щIыпIэ администрацэм. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи ахэр зэфIагъэкIынущ мы гъэм и щэкIуэгъуэм ирихьэлIэу.
Поделиться:
Читать также:
07.03.2026 - 12:53 →
Гулъытэ лъапIэхэр
07.03.2026 - 11:52 →
ХэкIыпIэхэр къалъыхъуэ
07.03.2026 - 10:10 →
Адыгэ ЛIыхъужьхэм иджыри къахохъуэ
06.03.2026 - 15:08 →
Лъы хуэныкъуэхэм папщIэ
06.03.2026 - 12:26 →
Нэхъыбэ къахуэщэху хъуащ
| ||




