Литературэ фэеплъхэм я къэхутакIуэ Iэзэт

Мы махуэхэм илъэси 100 ирокъу РАН-м и Къэбэрдей-Балъъкэр щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтыр къызэрызэIуахрэ.  Гъуэгуанэ  кIыхь, екIу, купщIафIэ къэзыкIуа щIэныгъэ IуэхущIапIэм  1976 - 1997 гъэ­хэм  щылэжьащ адыгэ литературэдж, критик, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м щIэны­гъэ­хэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Хьэщхъуэжь Раисэ Хъалиф и пхъур (1933 - 2009). Институтым  и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу, адыгэ ли­тера­турэм­кIэ  къудамэм и уна­фэщIым и къуэ­дзэу, абы и унафэщIу щыта Хьэщхъуэжьым  теухуа и гукъэкIыжхэмкIэ ди газетеджэхэм ядэгуэшащ тхыдэдж цIэрыIуэ, критик Iэзэ Урысей Федерацэм Гъуазджэм и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Аппаевэ Жаухъар.      

«Хьэщхъуэжь Раисэ республикэм исхэм къацIыхуащ адыгэ узэщIакIуэхэм ятеухуауэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ. Хьэщхъуэжьыр а Iуэхум дихьэхащ КъБКъУ-р къэзыуха гупым я гъусэу 1958 гъэм Азербайджан къэрал университетым щыщеджа илъэсхэм.

Ди республикэм а зэманым ита еджапIэ нэхъыщхьэ за­къуэр (КъБКъУ-р) филологхэм хуэныкъуэт. Литературэм хуеджэ аспирантхэм (Хьэщхъуэжь Раиси яхэту) щIэ­ныгъэлI цIэрыIуэ, литературовед, тхакIуэ, критик Хандан Джафар и унафэм щIэту кандидат лэжьыгъэр ятхын щIа­дзащ. Раисэ и кандидат лэжьыгъэр теухуат адыгэхэмрэ урысхэмрэ я литературэ зэпыщIэныгъэхэм.

Раисэ Азербайджаным и щэнхабзэ къулеймрэ ­иджырей гъуазджэмрэ хуабжьу ятхьэкъуащ. Азербайджаным и щIэ­ны­гъэлIхэр Раисэ езыгъэцIыхуар аспирантурэм и унафэщI Аджиев Абдурэхьманщ. Да­гъыстэным и жылагъуэ лэ­жьа­кIуэмрэ нэмыцэ бзы­лъхугъэмрэ я къуэ, Германием щIэ­ныгъэ щызэзыгъэгъуэ­та щIалэм и адэжь хэкур фIыуэ зэри­лъэгъуам къы­хэкIыу Баку къэнат. Аджиев Абдурэхьман щхьэгъусэ хуэхъуар адыгэ узэщIакIуэ Тамбий Пагуэ и къуэ­рылъхурщ. Тамбий Пагуэ и лэжьыгъэм теухуахэр Хьэщхъуэжьым япэу къыхуэзыIуэтари Аджиевращ. ИужькIэ Раисэ и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм ящыщ зыр а адыгэ узэщIакIуэм триухуащ.

Азербайджаным и гъуазджэм Раисэ хэзышар и щхьэ­гъусэ, Баку и консерваторэм и студент Уэсмэн Нихьэтщ. Нихьэт уэрэджыIакIуэ куэд иригъэцIыхуащ и щхьэгъусэм. Абыхэм ящыщщ Бейбутов Рашид, Алекперов Шевкет, нэ­гъуэщIхэри. Мы Iуэ­хугъуэр сщыгъупщэжыркъым. Зэгуэ­рым азербайджан усакIуэ цIэрыIуэм и псалъэхэм макъамэ щIилъхьэну Нихьэт къелъэIуат. Композитор Iэзэм ар зэ тIы­сы­гъуэкIэ къехъулIащ. А балладэр радиомкIэ къатын хуей щыхъум, Нихьэт Магомаев Муслъим къы­хуа­гъэлъэ­гъуащ, зыгъэхьэзыр лей хэмыту занщIэу ебгъэтх зэрыхъу­нур къалъытэри. А махуэ дыдэм Баку теухуа балладэр радиомкIэ къатащ.

Хьэщхъуэжь Раисэ артист, тхакIуэ, композитор цIэрыIуэ куэд Баку ныбжьэгъу къыщыхуэхъуащ. Нихьэт къри­гъэ­цIыхуахэм ящыщщ тырку усакIуэ Хьикмэт Назыми. А усакIуэм и тхыгъэм Нихьэт симфоние поэмэ хуитхащ,  тырку цIыхубэ макъамэхэр къи­гъэ­сэбэпурэ. Раисэ мызэ-мытIэу къиIуэтэжу сри­хьэлIащ Совет лъэхъэнэм СССР-м ис лъэпкъхэм яку зэныбжьэгъугъэ куу зэрыдэ­лъар, азербайджан щIэныгъэлIхэм автономнэ республикэхэр зыхуеи­ну лэжьакIуэхэр егугъуу зэрагъэхьэзырар, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм ящыщу аспирантурэм щызэдеджахэр зэдэлъхузэшыпхъум хуэдэу зэрылъытэу къызэ­ре­кIуэ­кIар.

Кандидат лэжьыгъэр пхигъэкIа нэужь Хьэщхъуэжь Раисэ КъБКъУ-м хамэ къэрал литературэмкIэ и кафедрэм лэ­жьэн щыщIидзащ. АрщхьэкIэ ар дэзыхьэхыр XIX лIэ­щIыгъуэм псэуа адыгэ узэщIакIуэхэм къащIэна литературэ тхыгъэхэрт. Раисэ и псэм нэхъ пэгъунэгъу къэхутэныгъэ лэжьыгъэм зрипщытыну хущIэкъуми, егъэджэныгъэ Iуэхум къыхэкIыфыртэ­къым. Хьэщхъуэжьым адыгэ узэщIакIуэхэм ятеухуауэ къытригъэдза тхыгъэхэр КПСС-м и обкомым и япэ секретарь Мэлбахъуэ Тимборэ щилъагъум, щIэныгъэ лэжьакIуэ ныбжьыщIэм къалэн щищIащ Москварэ Ленинградрэ кIуэуэ абыхэм я тхыгъэхэм сурэт трихыну. Абы и мызакъуэу, къа­лэ зэхуэмыдэхэм я архив­хэр щIипщытыкIын хуей ­хъуащ.

Хьэщхъуэжьыр литературэ фэеплъхэмрэ ахэр зи Iэ­д­акъэ къыщIэкIахэмрэ къэхутэным дихьэхыпа нэужь, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым лэжьапIэ увыну быдэу мурад ищIащ. Ауэ ар къыщехъулIар Болгарием илъэ­ситIкIэ щылажьэу республикэм къигъэзэжа нэужьщ. Институтым IуэрыIуатэмрэ литературэмкIэ и къудамэм къащтащ. Илъэс дэкIыу и доктор лэжьыгъэр 1986 гъэм пхигъэкIа нэужь, къудамэм и унафэщI къалэныр къыхуагъэфэщащ.

Лъэпкъ литературэхэм ятеухуа союзпсо, урысейпсо, дунейпсо щIэныгъэ-прак­ти­кэ конференцхэм мызэ-мытIэу хэтащ Хьэщхъуэжь Раисэ. Литературэр зы­хилъхьэ щымыIэу фIыуэ зылъагъу бзылъхугъэм и къуэ Эдуарди абы дригъэ­хьэхащ. И щIалэр Шумен дэт ин­ститутым болгарыбзэмрэ литера­ту­рэм­кIэ и къудамэм щеджащ. «М. Горький на сцене болгарского театра» темэмкIэ Эдуард и диплом лэжьы­гъэр итхащ, и анэ Раисэ и унафэм щIэту. ИужькIэ «Радевский Христо и советская литература» темэмкIэ и кандидат лэжьыгъэр Софие университетым щыпхи­гъэ­кIащ.

Болгарием егъэджэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэрыщратыр сыт щыгъуи Раисэ игу къигъэкIыжырт, егъэ­джа­кIуэхэр хамэ къэралхэм илъэс къэс ягъакIуэурэ я щIэ­ныгъэм хра­гъэ­гъахъуэу зэрыщытар игъэ­щIа­гъуэрт. Абы игу къеуэрт КъБКъУ-м щылажьэхэм апху­эдэ Iэмал зэрамыIэр. Раисэ зэрыжиIэмкIэ, Болгарием и студентхэр щIэныгъэм хуэ­паб­гъэрт, диплом зыIэрагъэхьэн къудей щхьэкIэ еджапIэ нэ­хъыщ­хьэ щIэтIысхьэртэкъым, егъэджакIуэм щIэныгъэ нэ­хъы­бэ къызэрыпахыным хущIэкъуу апхуэдэт».

КЪАРДЭН Маритэ.

  

Поделиться: