Режиссёрым и еплъыкIэщIэрИнджылыз тхакIуэм и IэдакъэщIэкI нэхъ цIэрыIуэхэм яз «Макбет» дыгъэгъазэм и кIэм еплъыкIэ гъэщIэгъуэнкIэ бгъэдыхьащ пщIэшхуэ зиIэ режиссёр Кончаловский Андрей. Моссоветым и цIэр зезыхьэ театрым къыщагъэлъэгъуа а трагедием хэта лIыхъужьхэм режиссёрым бгырыс фащэ ящитIэгъащ. Зэманыр апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэнщи, режиссёрым нэгъуэщIым и IэдакъэщIэкIыр зыIэщIилъхьауэ фэ къытемыуэн папщIэ, абы зыхуей дыдэр ирещIэри, «еплIыкIэщIэ» фIещ. Нэхъ телъыджэжращи, цIыхухэми абы зыдрагъэкIу, къыкIэрыхуауэ фэ къатеуэнкIэ мэгузавэри. «Творческэ цIыхур сыт ищIэнуми хуитщ» гупсысэ мыузыншэм и зэранкIэ, цIыхубэр зыгъэщхьэрыуэ теплъэгъуэ мыщхьэпэ куэд утыкум къохьэ, ауэ ардыдэм и фIыгъэкIи зэи яIэщIэмыужэгъуэну классикэм хэт нэгъуэщIынэкIэ йоплъ, хэти ар щIэрыщIэу щIеджыкIыж. Псалъэм и хьэтыркIэ, иджыблагъэ осетин театрым щагъэува «Отелло» трагедием псалъэмакъышхуэ къикIащ, артистхэм щIыналъэм ирамыгъэкIу зыкъэгъэлъэгъуэкIэр зэрыдагъуам къыхэкIыу. Кончаловскэм и «Макбет» гъэувыкIэр щапхъэ нэхъыфIхэм яхыубжэ хъуну къыщIэкIынщ. Кончаловский Андрей зэрыжиIэмкIэ, Шекспир уелэжьыну апхуэдизкIэ гугъущи, зэрымыхъунум ухуэхьэзыру фIэкIа убгъэдыхьэфынукъым: «Сэ сыдэзыхьэхыр Шекспир и лъагагъырщ. Ар къэдгъэлъэгъуэну дыщыхуежьэкIэ, а цIыху щэджащэм зыхуэдгъэдэным дыхущIэкъуу аращ. Абджым къыхэщIыкIа пирамидэм и щыгум удэпщейм ещхьщ ар, сытым дежи укъецIэнтхъуэхыжу. Псалъэм папщIэ, Ньютон и псалъэ гуэр къыщыспсэлъкIэ, ахэр апхуэдизкIэ купщIафIэщи, хы Iуфэм мывэрыдз щыджэгу щIалэжь цIыкIуу зыкъысщохъуж. Шекспир сыщеIусэкIи, ардыдэр къысщощI». Сыт-тIэ Кончаловскэм Шекспир и трагедием щIэуэ хилъхьар? Режиссёрым пьесэм щекIуэкI Iуэхугъуэр Кавказ ЩIыбым игъэIэпхъуэри, теплъэгъуэм хэт артист псори - цIыхухъухэри цIыхубзхэри - бгырыс фащэкIэ ихуэпащ. Макбет-гуащэм и ролыр игъэзэщIащ Кончаловскэм и щхьэгъусэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Высоцкая Юлие. Роль нэхъыщхьэр зратар Ткачук Евгенийщ. Теплъэгъуэр, япэрауэ, яфIэинщ: абы хэтщ актёр пщIы бжыгъэ зыбжанэ. Щыгъынхэр зыгъэхьэзырар Эшбэ Тамарэщ. ИпэжыпIэкIэ, Шекспир и литературэ лIыхъужьхэм цей зэрыщатIэгъар театреплъхэм я щыпэлъагъукъым. Ардыдэр «Пащтыхь Лир» трагедием къыщигъэхъуауэ щытащ Инджылыз пащтыхьыгъуэм къедза театрым и режиссёр Нанн Тревор. Роль нэхъыщхьэр абы щызыгъэзэщIа Макеллен Йен щыгъам фIащар «урыс пащтыхь цейт». Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Макбет» трагедиер удхэм я зэIущIэкIэ къыщIедзэ. Абы къыхэкIыу, цIыхухэр пьесэм и зэхэлъыкIэм апхуэдизкIэ игъэшынэрти, и цIэр кърамыIуэу зыкъомрэ къекIуэкIащ, къагъэлъэгъуэн дэнэ къэна. Уеблэмэ цIэимыIуэ фIэщыгъэу «шотланд пьесэ» хужаIэрт. Хуэмурэ а шынэр ящхьэщыкIуэтащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, 1860 гъэ пщIондэ «Макбет» пьесэр Урысейм щагъэувыну хуит ящIу щытакъым, хуит ящIа нэужьи, илъэситIкIэ зыри еIусакъым. Пщыгъуэ зэпаубыдахэр, зауэзэрылIхэр, зауэхэр, зэрыхьзэрийхэр гъащIэм къыпхуэхымыхыну и Iыхьэу къыщыгъэлъэгъуащ пьесэм. Ар XI лIэщIыгъуэм екIуэкI хуэдэу щытщ, ауэ зэман гуэрми иупхыфыркъым. ЦIыхур тепщэ хъуным зэрыхуэпабгъэм теухуа мы трагедиер режиссёрым Кавказым зэрихьам абы къыщигъэщхьэпэ сэшхуэхэмкIэ, къамэхэмкIэ, пыIэ хъурыфэхэмкIэ лIыхъужьыгъэ мыхьэнэ къыщIигъэуващ. Куэд щIауэ къекIуэкI хъыбарщ шотландхэмрэ бгырысхэмрэ зыгуэркIэ зэрызэрагъэщхьыр. Кончаловскэр абы темыпсэлъыхьыххэу, шотланд хъыбарыр Кавказым къызэрихьамкIэ утыку къришэ цIыхухэм я образыр ихъуэжа хуэдэу хъуащ. «Пьесэм зыкIи зэран хуэхъуакъым теплъэгъуэхэр Кавказым зэрагъэIэпхъуам. Абы къыхэхуэ гурыщIэ пщтырхэр дэни щыпсэу цIыхум зэригъэвырщ, ар зэманми щIыпIэми зэремыпхарщ нэхъыщхьэу хэплъагъуэр», - етх критик Лапинэ Еленэ. Кавказыр зэрыцIэрыIуэ щыгъынымрэ Iэщэмрэ нэмыщI, Кончаловскэм абы жорри хигъэхьащ, я щхьэрыхъуэнхэри зэрапхэр куржыхэм ещхьущ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уздишэр Кавказ ЩIыбырщ. БгъэдыхьэкIэщIэм и щапхъэу къалъытэ трагедием щIэлъ макъамэр оркестрым зэригъэзащIэр, «псэ зыIут музыкэ» зэрыщызэхэпхыр. Абы и нэхъыбэри актёрхэм я зыхуэпэкIэм пэджэж бгырыс макъамэщ. ДжэгуакIуэхэм япэщIыкIэ кавказ акцент яIэу псэлъэн щIадзэ, я псалъэхэр зэпашу. ИтIанэ кавказ «шыпсыр» езыр-езыру щIокIри, цIыху къэс зыхищIапхъэ гурыщIэхэр утыкум къохьэ. Тепщэгъуэм папщIэ лъы зыгъэжа Макбет пащтыхь тажым и пIэкIэ пыIэ хъурыфэ щхьэратIагъэ. Кавказ макъамэ щIэлъщ трагедием и иужьрей утыкуми: Макбет зэрызиукIыжыр бгырыс къамэщ: «ГъащIэр – ныбжь къудейщ, ар сценэм ит актёрым ещхьщ. Къыплъыс сыхьэтым уоджэгу, къыбожыхь, уоIэуэлъауэри, - зыбогъэхь». Пащтыхьыгъуэм, тепщэгъуэм, цIыхухэм захэIэтыкIыным хуэпабгъэ дэтхэнэ цIыхуми мащIэ-мащIэурэ и цIыхугъэр зэрыфIэкIуэдым теухуауэ жыпIэ хъунущ мы трагедиер. Абы зи цIэ зэрихьэ лIыхъужьым и щхьэгъусэри дунейпсо классикэм къыхощ цIыхубз гущIэгъуншэм и щапхъэу. Фильмым уигу щыхигъэщIым дежи, утрегъэу. Театрым апхуэдэ Iэмал къуитыркъым. Абы щIигъатхъэу къигъэлъагъуэ гурыщIэр гум нэхъ гуащIэу хохьэ, арагъэнщ и къарур щIэмыкIуэщIри.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
06.03.2026 - 16:06 →
Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъхэр ягъэбыдэ
02.03.2026 - 13:09 →
Я сюжетхэр зэмылIэужьыгъуэщ
28.02.2026 - 12:00 →
И щIэинхэр хуэсакъыу яхъумэ
27.02.2026 - 12:26 →
ЛIыгъэм и макъамэ
26.02.2026 - 14:41 →
Лъэпкъ щэнхабзэм зезыгъэужьа Гъуэт Хъусин къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу
| ||




