Дыщ хьэлукIэ зигъэнщIыжат

КъызыхэкIа лъэпкъым игури и псэри етауэ хуэлэжьа, адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр имыщIэу иужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий итхыжахэм ящыщщ адэкIэ щыгъуазэ фызыхуэтщIынур.

Адыгэ IуэрыIуатэр фIыщэу илъагъут уэрэдгъуо гъуэзэджэу ХьэтIохъущыкъуей (Къэрэшей-Шэрджэсым щежэх Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус Зеикъуэ) къуажэм дэса Чыржын Хъусин. Абы ди тхыдэм ехьэлIауэ жиIэжахэм язщ Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм теухуари. Ари, тхыбзэм иригъэувэжри, «Адэжь хъыбархэр» зыфIища и тхылъым хигъэхьат Шэрджэс Алий.

… ИлъэситIым зэрынэхьэсыжат Мыхьэмэт и анэр Кърымым къызэрыришыжрэ, ауэ ар хузэфIэкIын папщIэ щIалэм и фэм дэкIамрэ лIыгъэу, шыIэныгъэу къигъэлъэгъуамрэ я Iуатэр иджыри ужьыхыжатэкъым. И зэхэзекIуэм и хъыбарыр АдыгэщI псом щызэлъащIысат. Ямыгъусэу шу гуп шэсын я жагъуэу, Мыхьэмэт цIэрыIуэ хъуат. И шыпхъу цIыкIури къыдэкIуэтейри хъыджэбзыпIэм иуват,

Адэр щамыIэжкIэ, унагъуэм и зехьэныр зи пщэ къыдэхуэр Мыхьэмэтти, унагъуэ зэримыгъэпэщу адэкIи игъэкIуатэ зэрымыхъунур и анитIми и шыпхъуми къраIуэкIырт. Езыми къыгурыIуэрт а зэманым зэрынэблэгъар. И ныбжьэгъухэм ечэнджэщри, анэхэми нэхъыжьхэми траубыдащ Мыхьэмэт унагъуэ ирагъэщIыну, кIэщIуи Iуэхум иужь йохьэ. 

Езым игу ирихь, зэпсэлъыхъуауэ, епсэлъылIауэ, пщащэ хъарзынэ къишэри, и хьэгъуэлIыгъуэри и цIэмрэ и лIыгъэмрэ зэрыхуэфащэу худахащ, хэгъэгухэр хузэблэкIащ, псыхъуэм цIыху къыдэмынэжа жыхуаIэм хуэдэуи ягъэлъэпIащ. Нысэ цIыкIум пщыжь (тхьэмадэ) имыIэжми, зым нэхърэ адрейр нэхъыфIыжу гуащитI къыбгъэдэсу псэун щIедзэ, къызэрыхьа унагъуэм я нэрэ я псэу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу. Сурэтт нысэ цIыкIум зэреджэри, и теплъэ дахэкIи гъэсэныгъэ гуапэкIи а цIэр игъэпэжырт…

Махуэ гуэрым и пщыпхъур и гъусэу Сурэт Псыжь Iуфэ Iуст, жьыщIэу. Псыжь зэрымыщIэжу къиуауэ нэри пэри ихьырт. Псыр зэрыутхъуам папщIэ абы хэхуэж псынэ цIыкIур жьыщIапIэ ящIат. Зэдэуэршэру щыс ныбжьыщIитIым гу лъатакъым зэманми.

Ауэрэ нысэр плъэри, адрыщIым щелъагъу пщIэгъуалэ шу гуэр псым къыIухьауэ. Зэуэ къецIыхуж ар зэры-Хьэтхыкъуэр. Пщыпхъум къыхуэцIыхужакъым ар и дэлъхурауэ. Гу лъатэр, икIыпIи къимылъыхъуэу, мы дунеижьыр къызэмылыну зыфIэщIыж Псыжь къыхыхьэну шум зэрызигъэхьэзырым: шым къепсыхри, шыныбэпххэр нэхъри игъэлэлащ, шыр щескIэ зэрыхуейм хуэдэу жьы ишэфыну. (Адыгэхэм шыныбэпх щIэкъузауэ зэи зекIуэ я хабзэтэкъым, ар щыщIакъузэр зауэм щыIухьэкIэ е шурылъэс щыджэгурат, джабэ кIыхь дэкIын щыхуейрат, щыгъуэгурыкIуэкIэ шыныбэпххэм Iэ бэлагъыр дэлъадэу щытын хуейт, шым хуиту жьы ишэн папщIэ).  

Хъуржын зэпедзэкIым фэндищ кърихри игъэпщащ, тIур уанэбгъу зырызым и щIагъкIэ, зыр шым и жьэгъум щIепхэ, и  цей къуащIэхэр быдэу деупщIэ, и Iэщхьэхэри дрегъэджэрэзей. Шым и тхьэкIумэм псы имыуэ закъуэмэ, псы ежэхыу ар зыпэмылъэщын щIагъуэ щыIэкъым ди Кавказым, уеблэмэ адыгэ шухэр Тэни Индыли зэпрысыкIыу щытащ жалыдж (псы зыпхымыкI къэп-гъущалъэ), фэнд гъэпщахэр яшхэм дагъэIэпыкъумэ, езыхэм шыкIэр яубыдыжмэ, кIэлъесурэ.

И Iэщэхэр уанэ къуапэхэм щигъэбыдэри, езым шыкIэр иIыгъыу псы ерум зыкъыхадзащ. Зэ папщIэ ирихьэжьауэ архъуанэхэм щигъэджэрэзу щилъагъум, нысэр гузавэри къыхэкIиикI пэтащ, ауэ и Iэм йодзэкъэжри зызэтреIыгъэ. Апхуэдэ шутэкъым икIыпIи мылъыхъуэу а псы IэубыдыпIэншэм зыкъыхэзыдзар - зригъэхьыну, зригъэтхьэлэну!

Сурэт дауэрэ зимыIыгъами, пщыпхъум гу лъитащ нысэр хамэ шум зэрыхуэгузэвам, и нэр къытемыкIыу зэрыкIэлъыплъам. Ар игу зэрыримыхьар къызыхэщ макъкIэ:

- Сыту нобэ ухуэгулэзрэ а шу мыцIыхум! Пэжщ лIыгъэрэ таучэлышхуэрэ зэриIэр! Хэту уиIэнкIэ къыхэпхрэт а шур? - жиIэу, нысэм зыхуегъазэ. Модрейми и щхьэгъусэр къызэрицIыхужар иджыри ибзыщIу:

- Тхьэшхуэм сэ насып къысхуищIа щхьэгъусэм сыкъиущхьэкIунтэкъым, ауэ а шум хуэдэ зы дэлъху сиIатэмэ, зыми сехъуэпсэжынтэкъым! – жеIэр Сурэт, Iэдэбышхуэ хэлъу. - Уэ уи сытмэ арэзы ухъунт? - йоупщI нысэр и пщыпхъум.

- Сэри си дэлъху закъуэм сигъэхъуэпсэнтэкъым, ауэ апхуэдэ лIыгъэ иIэу щхьэгъусэ сиIамэ, ар насыпт! - педзыж пщыпхъуми.

Шур, жыжьэфI япыIуихауэ псыр къызэпритхъури, гъунэгъу закъыхуимыщIу псыхъуэм дэкIыжащ. Мыдрейхэри, я Iуэху яухри, я унэ къокIуэж.

КъыздэкIуэжам Мыхьэмэт и пщIэгъуалэм псы къыпыткIун иджыри имыухауэ шы фIэдзапIэм кIэрытщ, тесам и щыгъынхэр ирадзауэ ягъэгъущыж. Абдежщ пщыпхъум къыщыгурыIуар и нысэр нэ жанагъкIи, гулъытэкIи, акъылкIи къызэрытекIуар.          

Нысэр ипэ къищу, и гуащитIым е и щхьэгъусэм зыгуэр яжриIэнкIэ къэшынэри, пщыпхъур зы гурыщхъуи зы дагъуи хуэзымыщIу, нысэр фIы дыдэу зылъагъу фызыжьитIым, нысэр щIэкIамэ къыщIэмыхьэжын зыфIэщIхэм, якъуэлъадэри:

- А, на-а, нобэ дыжьыщIэу псым дыздыIусым нысэр шу гъуэгурыкIуэ мыцIыхум ехъуэпсащ, «мор си щхьэгъусащэрэт!» - жиIэри. Тхьэ, ар шэуэ къыстехуамэ! - якъуидзащ хъуцацэу, хьэкъ лъэпкъ зимыIэ нысэм и псалъэхэр зэрихъуэкIри. ФызыжьитIым ар ягу щIыхьащ.

Мыхьэмэт шхэну пщэфIапIэм къыщыщIыхьэм, я жагъуэ хъупэу анитIым абы ираIуэкIащ я нысэм ягу зэребгъар, ауэ щIебгъа щхьэусыгъуэр жраIакъым. ЩIалэр и лэгъунэм игъэзэжа нэужь, и «щэуIэгъэм» (нысащIэм япэ сабийр игъуэтыху апхуэдэу еджэу щытащ) зыхуигъазэри:

- Сэ сигу уримыхьу телъадэ къудейкIэ укъэсшакъым, псомкIи сыпхуэарэзыщ, сэ гукъанэ пхузиIэкъым, ауэ дыдейхэм ягу зыгуэркIэ къобгъащи, сэ ар зэхэсхуу сыноджэху, фи деж кIуэжи щыIэ! – жреIэр фIыуэ илъагъу бзылъхугъэм, игу зэрыхимыгъэщIыным пылъу. Псалъэр кIыхь имыщIу езыр лэгъунэм къыщIокIыж.

Ар и гъэкIуэжыкIэу иджыри пщащэ пыIэр щхьэрызымыжыха нысащIэр Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт игъэкIуэжауэ щытащ. (Адыгэ нысащIэм и пщащэ дыщэ пыIэр щхьэрыгът, япэ сабийр игъуэтыху). Унагъуэми заущэхурт, нысэм дагъуа гуэри къыхамыгъэщу. Мыхьэмэти бзылъхугъэхэм «Сыт дэвгъуа» жиIэу яупщIын и щхьэ тримылъхьэурэ зэманыр кIуэрт, нысэми «дыщ хьэлукIэ» зигъэнщIыжат…

ЩIымахуэу Мыхьэмэт зи пашэ шу гуп зауэ зекIуэм къикIыжу борэн къатехъуэри, къуэ кIуэцI гуэрым щыгуват. Дуней зэрызехьэр тIэкIу нэхъ кIащхъэ щыхъум къежьэжа щхьэкIэ, щIылъэ пшагъуэ Iувым гъуэгу къариттэкъым, къащхьэщыгъуэлъхьауэ. Шы тхьэкIумэр уэзымыгъэлъагъу пшагъуэм хэту, губгъуэжьым зыкъомрэ щыкIэрэхъуауэ жэщ къатехъуэри, къэмыувыIэу хъуакъым. 

Мыхьэмэт шыхэр зэрапхыу я щхьэхэр зэхуэгъэзауэ ягъэувыну унафэ яхуищIри, щIакIуэ зытепхъуа зауэлIхэр жьыр къыздепщэ лъэныкъуэмкIэ егъэув, шыхэм жьыпэу яхуэхъуну.

Жэщыр фIыуэ хъэкIуэтауэ, уэс хьэжыгъэмрэ пшагъуэмрэ зэхэлъу къезыхуэкI жьыбгъэр тIэкIу тоу. Пшагъуэм нэхъ зиIэт хуэдэ щыхъум къалъагъу жыжьэу къэцIу мафIэ цIыкIу. МафIэ цIу здэщыIэм цIыху щыIэн хуейти, Мыхьэмэт нэхъ и ныбжьэгъуитI абы егъакIуэ.

ШууитIыр тыншу кIуэуэрэ щынэсым, здыIухьар къуажэу къыщIэкIащ, ауэ жэщ кIыфIымрэ иджыри тримыхужыпа пшагъуэмрэ я зэранкIэ хэплъагъукIтэкъым абы и инагъ-цIыкIуагъыр. Уэздыгъэ нурыр здэблэ унэр къуажэбгъу дыдэм Iутти, арат ар мафIэ цIууэ къыщIалъэгъуар.

ЕмыкIуми, щIалитIыр щхьэгъубжэм екIуалIэри дэплъащ. Пэшым цыпх щIыхьэху бзылъхугъэ гуп щIэст, зэдэуэршэру жэщыр ягъакIуэу. ЩIалэхэр бжэм теуIэну пылъ къудейуэ, зы бзылъхугъэ къэпсалъэри:

- Уа, гуп, мы ди Сурэт зы уэрэд гууз зэхилъхьащи, псори девгъэлъэIу ар къыджиIэну, - зыхуигъэзащ абы нысащIэ щыгъын зыщыгъыу щыс бзылъхугъэ дахэкIейм. НэхъыжьыIуэхэри щелъэIум, нысэм къыхедзэ уэрэдыр. Зы едзыгъуэ нэхъ жимыIэу, щIалитIым къагурыIуат а уэрэдыр езыхэм я пашэ Хьэтхыкъуэ  Мыхьэмэт зэрытеухуар.

Щхьэгъубжэм хэлъ «шырыб» къуам IупщI дыдэу уигъэлъагъутэкъым уэрэдыр жызыIэм и сурэтри, Мыхьэмэт и ныбжьэгъум къамэщIэлъысэм дэIуа дыдыр къыдихри, шырыбым гъуанэ цIыкIу хуищIри дэплъащ.

- Тхьэ пхузоIуэр, а уэрэдыр зэхэзылъхьари жызыIэри ди нысэракIэ! - жеIэ щхьэгъубжэм дэплъа щIалэм, и гъусэр къыIуишауэ.

Щхьэгъубжэ лъахъшэ цIыкIум я щхьэхэр хуэгъэщхъауэ, загъэхъеймэ уэрэдым щыщ псалъэ гуэр яIэщIэхункIэ шынэу, щIалитIыр едэIуащ, уэрэдыр и кIэм нэсыху.  

Нэхулъэ къищIу щIидзати, бжэм ущIытеуIэни щыIэжтэкъым, пшагъуэми зиIэтыжат. ЩIалитIым абы нэхъ замыгъэгувэу гупым ялъоIэсыж. Я нэхъыжьым Мыхьэмэт зыхуегъазэри жреIэр:

- Ныжэбэ сыхуэмеиххэу зэрымыщIэкIэ щыхьэт сызыхуэхъуа уи щхьэгъусэр и анэ къызэрилъхуауэ уэркIэ къабзэщ икIи хейщ. Иджыпсту къуажэм доблагъэри, уэ хамэ гуэр бысым пщIынщ, дэ нысэр къыдощтэжри здыдошэж! Езы Мыхьэмэти къыгурыIуэжат зэрыригъэлеяри, и ныбжьэгъухэм япэмыуву ядещтэ: «Фи унафэр си унафэщ!» - жеIэри.

Зыри пэмыплъагъэххэу щIымахуэ пщэдджыжь уэсыбэм къыдэтэджа къуажэм шу гупышхуэ щопсых. Жылэм дежкIэ хьэщIэ угъурлыт ахэр. Сурэт хуэдэ бзылъхугъэ зэтес и Iуэхур зэхэмыхуауэ къызэрагъэкIуэжар зигу къемыуа мы къуажэм дэсу къыщIэкIынтэкъым…

Гупыр кърамыгъэжьэжу махуитIкIэ ягъэхьэщIа нэужь, шу гупышхуи я хьэщIэ гъэкIуатэу, нысашэ етIуанэ хуащIыжым хуэдэу, Мыхьэмэт и щхьэгъусэр къыхуашэж.

  Хэт ищIэрэ, а жэщым гупыр пшагъуэм хэгъуэщыхьу Мыхьэмэт и ныбжьэгъухэр гъуэмылэхьэ иримыгъэжьатэмэ, нэпсу дапщэт адэкIи Сурэт щIигъэкIыну щытар...   

  Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.

Поделиться:

Читать также: