ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым иджыблагъэ утыку кърихьащ Эдуардо де Филиппэ и пьесэм къытращIыкIа «Филуменэ Мартуранэ» спектаклыр. Ар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ Чыхумахуэ ФатIимэ и бенефисщ, МафIэдз Заирэт и япэ драмэ режиссёр лэжьыгъэщ.
Театр пэшым налшыкдэсхэмрэ къалэм и хьэщIэхэмрэ щызэхуэсат, ахэр нэжэгужэт, зы гуапагэ, я гукъыдэжыр къэзыIэтын гуэрым зэрыпэплъэр наIуэт. ГъащIэр нэхъ гугъу, хьэлъэ хъухукIэ театрым цIыхухэр нэхъ къезышалIэр «гъэткIугъуафIэ», зыгъэдыхьэшхын-тезыгъэун лэжьыгъэщ жаIэу куэдрэ зэхыдох. Мы гушыIэ спектаклым къэзышари арагъэнт, тIэкIу ипэ силъадэу жысIэнщи, щыуауи си гугъэкъым ахэр. Утыкум ит шэнтиуэхэм исщ спектаклым хэтыну артистхэм ящыщхэр, абы уи нэр темыхуэу, зы щIэщыгъуагъ гуэру зэрыщытыр зыхыумыщIэу къанэркъым.
Итальян драматург-комедиограф, актёр икIи режиссер Эдуардо де Филиппэ къызыхэкIа лъэпкъым и псынщIагъэр къызыхэщ спектакль тыншым къыщыгъэлъэгъуащ унагъуэ насыпым и зэхэлъыкIэр. Ар лъагъуныгъэр, гушыIэр, зэрыхьзэрийр, къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэр, зэпсэлъэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр щызэхэухуэна лэжьыгъэщи, спектаклым хэт артистхэм я IутIыжщ, къаджэгун ягъуэт жыхуэсIэщ.
ХьэрычэтыщIэ Сорианэ Доменикэ (ролыр зыгъэзащIэр КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Быдэ Хьэсэнщ) илъэс куэд щIауэ бгъэдэсщ псори къыхуэзыгъэгъу, нэчыхь щыхуригъэтхынум пэплъэ бзылъхугъэ Филуменэ. АрщхьэкIэ Доменикэ пIащIэркъым, зэман дэкIыу фыз къишэну мурад щищIми къыхихыр Филуменэкъым. Ар къэзыщIа щIасэ бзылъхугъэм лIэ нэпцI зещI, щоджэныр къегъэIурыщIэри, гъэпцIагъэкIэ нэчыхьыр зыхурегъэтх. ЦIыхубзым игъащIэ псом фIыуэ илъэгъуа хуэдэщ а цIыхухъур, зэми и ахъшэрауэ къыпщохъу зыхуейр. Дауэ щытми, щхьэпсыншагъэ зыхэплъагъуэ сценэхэми, зэпIэзэрытыгъэр щытепщэ Iыхьэхэми, и бынхэм я зэIузэпэщыгъэр япэ щригъэщ зэманхэми Филуменэ зыхуейр зыщIэж бзылъхугъэщ. Доменики зихъунщIэ щхьэкIэ, цIыхухъу щыкIауэ аращи, и зэманыр къыщыскIэ, «блыным щрагулIкIэ», и лъагъуныгъэмкIэ зыкъиумысыжын хуей мэхъу.
Ахэр псори дахэу, гушыIэр и бэу, сценэм къыщыхъу-къыщыщIэр щIэщыгъуэу псыхьащи, зы дакъикъи утезашэркъым. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ ар Мэремкъул Ларисэ дагъуэншэу зэрызридзэкIар, уи тхьэкIумэм къыфIэнэ, «апхуэдэукъым ар адыгэбзэкIэ зэрыжаIэр» жозыгъэIэ псалъэухахэм узэрыщримыхьэлIэр.
КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Быдэ Хьэсэн, Чыхумахуэ ФатIимэ, ди республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дэбагъуэ Роман сымэ я хъуреягъкIэ къекIуэкI Iуэху гъэщIэгъуэнхэм телъыджэу щоджэгу Гуэщокъуэ Регинэ (Даянэ и ролыр), Тэмазэ Iэулият (Солимене Розалие), Хьэщхъуэжь Ислъам (Риккардэ), Хьэжмэт Iэдэм (Микеле), Нэгъуей Заур (Умбертэ), ДыщэкI Рауят (Лючие), Щхьэгъэпсэу Рустам (официант) сымэ. Дэтхэнэри и образым зэрихьам, ар цIыхухэм я фIэщ хъууэ зэрыджэгуам и гугъу пщIыфынущ. Дэтхэнэми и джэгукIэм хэлъщ уи гум къинэ псалъэхэр, узыгъэдыхьэшх плъэкIэ-зыщIыкIэхэр, нэхъыщхьэращи къагъэщIа ролыр уи фIэщ мэхъу. Театрым и артист нэхъыжьхэм «щIалэгъуалэ дахэ диIэщ» къыщызжаIэкIэ шэч къыщIытесхьэн зэрыщымыIэр а IуэхущIапIэм сыкIуэху хьэкъ сщохъу. Си гуапэщ ехъулIэныгъэ куэд яIэну, ди лъэпкъыр зыIэтыфын, зыгъэгушхуэфын куэд къахэкIыну.
Зыри къыхэзгъэщхьэхукIыну сыхуэмейми, ФатIимэ зэрибенефисыр къэслъы-тэу, абы и джэгукIэм зы мащIэ хужысIэнут. НэгъуэщIу къызыщыхъуни щыIэнущ, шэч хэмылъу, ауэ сэ къызолъытэ а зы лэжьыгъэм роль зэмыщхьищ Чыхумахуэм зэуэ къыщехъулIауэ. Япэ Iыхьэм ар щыдолъагъу сыт хуэдэ Iэмал къигъэсэбэпми, зыхуейм зи Iэр тезыгъэхуэну хущIэкъу, ахъшэ фIэкIа нэкуи напIи зимыIэ бзылъхугъэ щхьэпсыншэу. И къуищым я деж Iуэхур щынэскIэ, абыхэм я зэIузэпэщыгъэр, я гъащIэр псом я щхьэ зыщI цIыхубз зэпIэзэрытщ. ФIыуэ илъагъу цIыхухъур щхьэгъусэ щыхуэхъукIэ, и бынхэр абы къилъытэу, езы щIалэхэми пщIэ хуащIу щилъагъукIэ, япэу зи гугъу тщIа бзылъхугъэм щыщу зыри къыхэнэркъым. Ар иджы зыхуейр куэд щIауэ зыхищIэ лъагъуныгъэм мыгъэпщкIуауэ иригушхуэнырщ, зи гъуэгу къыхэзыхыжа и щIалэхэм я насыпым хэплъэнырщ. Игурэ и щхьэрэ зэтелъ хъуащи, щхьэгъусэ насыпыфIэщ, анэ гумащIэщ…
Псори дэзыхьэха спектаклыр иуха нэужь, утыкум кърашащ режиссёр МафIэдз Заирэтрэ лэжьыгъэм хэт къафэхэр зыгъэува, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Щэбэтыкъуэ Юлэрэ. Зи бенефис Чыхумахуэ ФIатIимэ удз гъэгъахэмкIэ хуэупсащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Фырэ Мае, ФатIимэ и лэжьэгъухэр, ныбжьэгъухэр, благъэхэр. Лъэпкъ театрым и лэжьыгъэщIэр зрагъэлъэгъуарэ гукъыдэж ягъуэтауэ, цIыхухэр зэбгрыкIыжащ.
Спектаклым уеплъу укъыщIэкIыжкIэ абы зэуэ укъиутIыпщыркъым, артистыр ролым занщIэу къызэримыкIыжыфым ещхьу. Абы тепсэлъыхьхэм я Iуэху еплъыкIэ зэхыбох, уфIэгъэщIэгъуэну уэ езыр ущыщIэупщIи къохъу. Сэ зи гъусэу абы сыкIуар КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ мэкъумэш университетым и профессор, математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Хьэжы Аидэти, и гупсысэр сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ. «СыкъыщыкIуэм сигу иримыхьынкIэ, зэманыр пщIэншэу згъэкIуэдауэ къыщIэкIынкIэ сышынэрт. Ауэ, сызэримыгугъауэ, гъэщIэгъуэн сщыхъуащ, дызэса спектакль гъэувыкIэм емыщхь гуэру къысщыхъуащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ щIалиплIым (зи гугъу ищIыр Блашэ (Кокэ) Имран, Хьэщхъуэжь Ислъам, Хьэжмэт Iэдэм, Нэгъуей Заур сымэщ. И. З.) я джэгукIэр. Жьы зэращIэтым нэмыщI, я бзэри дахэщ, абыхэм уеплъыну, уедэIуэну гухэхъуэщ. ИтIанэ, Къэбэрдей театрыр и теплъэкIи и зэфIэкIкIи ефIакIуэу къысщохъури, абыи сыщогуфIыкI. Утыкум и гъэщIэрэщIэкIэри, абы и щхьэкIэ къыщыфIэдзауэ гу зылъыста микрофонхэри щыхьэт техъуэу къысщохъу я мылъкур зэремыбзыхьэкIам», - жеIэ Аидэ.
«Сигу ирихьащ жысIэнри зыри жызмыIэххэнри зыуэ къысщохъу, - къыпещэ Шэджэм Езанэм дэт курыт еджапIэ №3-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ КIуэкIуэ ХьэIишэт. - Артистхэм я Iэзагъэм щхьэхуэу и гугъу щIэпщIын щыIэкъым, ахэр я лэжьыгъэкIэ гъэунэхуахэщи. Ауэ МафIэдз Заирэт хъэтI щхьэхуэ, щIэщыгъуэ ди пащхьэ кърихьауэ къысщохъу. Театреплъхэр дызыщыгуфIыкIын, актёрхэр зыгъэгушхуэн лэжьыгъэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIыну си гуапэщ».
Езы МафIэдз Заирэт упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэзгъэзащи, къызжиIам си гуапэу фыщызогъэгъуазэ:
- Зи режиссёр факультетыр 2027 гъэм къэзухыну Щукиным и цIэр зезыхьэ институтым и курс лэжьыгъэщ мы спектаклыр. Сыт «Филуменэ Мартуранэр» къыщIыхэпхар, жыпIэрэ укъызэупщIмэ, къызэрыгуэкIыу къызэрыпщыхъумкIэ куэд щIауэ сызэрызыIэпишэрщ. Махуэ къэс дызыхэт Iуэху цIыкIуфэкIухэм хэгъэпщкIуащ бзылъхугъэм и гурыгъугурыщIэр - цIыхум пщIэ захуригъэщIынымрэ и увыпIэ гъащIэм щызригъэгъуэтынымрэ. Филуменэ и лъагъуныгъэм хуэдабзэу щIобэн и бынхэми пщIэ зэраригъэгъуэтыным.
Спекталыр щыдгъэувым сэ яужь ситащ дызэса Iуэхугъуэ гуэрхэм зэрызыпыIуздзыным. Псалъэм папщIэ, захуэрэ къуаншэ мыхъуу, дэтхэнэ зы образри зи ныкъусаныгъэхэр зиIэж цIыху къызэрыгуэкIыу къызэрызгъэлъэгъуэным зезгъэлIэлIащ. ЗытесщIыхьар дэтхэнэми Iуэхум и зэфIэхыпIэ хъунур къезгъэгъуэту абыкIэ жэуаплыныгъэ и пщэ дезгъэлъхьэжынырщ. Филуменэ игу ириубыдар къехъулIэн папщIэ иригъэлеяуи жыпIэ хъунущ, ауэ абы и щIыбагъ къыдэтщ и гъащIэ псор. Си дежкIэ нэхъыщхьэр театреплъым ар игъэкъуэншэныртэкъым, атIэ къыгурыIуэнырт.
Гуапэу дызэдэлэжьащ артистхэмрэ сэрэ. Зэгъусэу дыгупсысэрт, ди еплъыкIэ зэрыхъукIэ зытедгъахуэрт. Репетицэхэр щекIуэкIкIэ, си дежкIэ нэхъыщхьэр дэтхэнэ зыми лэжьыгъэр къэзыгъэщIахэм ящыщ зыуэ зыкъилъытэжынырт, зыгуэрым и жыIэм щIэт къудей мыхъуу. Дзыхь къысхуащIыну сыхуейт - арыншауэ апхуэдэ лэжьыгъэм упэлъэщынукъым. ДызэгурыIуэу, дызэдэIэпыкъуу дызэдэлэжьауэ къысщохъу. Спектаклым хэта нэхъыжьхэм сахуэарэзыщ, щIалэгъуалэм я гукъыдэжымрэ къагъэлъэгъуа лэжьэкIэмрэ папщIэ фIыщIэ яхузощI.
Спектаклым делэжьыху сыкъузауэ сыщытащ. Ар зэщхьри: Iуданэ махэ пIэщIэлърэ ар зэпыпчынкIэ ушынэм! Ауэ узыгъэбампIэ щытыкIэтэкъым ар, атIэ гухэхъуэгъуэ къозытт. Премьерэ нэужьым псэр тыншыжри ди гуащIэми, абы елэжьа псоми, еплъахэми яхуэгъэза гуапагъэр къэушащ. ЦIыхухэр спектаклым еплъа къудей мыхъуу, уи гъусэу ар къапсэуауэ плъагъуныр арагъэнщ нэхъыщхьэ дыдэу ди IэщIагъэм хэлъыр. Ар сэ псэкIэ зыхэсщIащи, фIыгъуэр дэтхэнэ зыми къахуищIэну си гуапэщ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.