Щэхур нахуэ мэхъуУрысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ илъэс 24-рэ зи ныбжь, республикэм и Лэскэн районым щыпсэу щIалэм илэжь щIэпхъаджагъэр. Ар пыщIат маркировкэхэр зытемылъ фадэхэкIхэр хабзэншагъэкIэ гъэхьэзырыным, зыIэрыгъэхьэным, хъумэным икIи иригъэкIын мурадкIи гъэIэпхъуэным. Iуэхур щызэхагъэкIым Аргудан къуажэм къыщагъуэтащ контрафакт фадэхэкIхэр къыщыщIагъэкI цех щэху. ХабзэншагъэкIэ ирагъэкIыну ягъэхьэзыра, федеральнэ маркэхэр зытемылъ кумбыгъэ мини 5-м нэблагъэ къытрахащ.
Поделиться:
Читать также:
07.03.2026 - 12:53 →
Гулъытэ лъапIэхэр
07.03.2026 - 11:52 →
ХэкIыпIэхэр къалъыхъуэ
07.03.2026 - 10:10 →
Адыгэ ЛIыхъужьхэм иджыри къахохъуэ
06.03.2026 - 15:08 →
Лъы хуэныкъуэхэм папщIэ
06.03.2026 - 12:26 →
Нэхъыбэ къахуэщэху хъуащ
| ||




