ЗэгурыIуэны­гъэм и лъабжьэ быдэ

Ди республикэм ис щIалэгъуалэ хэ­купсэхэм зыкъыкIэрагъэхур­къы­м къэралым щекIуэкI Iуэху­гъуэ нэхъыщхьэхэм. Дыгъуасэ Налшык къалэ дэт ЩIалэгъуалэм я унэм Iэтауэ къыщызэIуахащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр. Мы Iуэхур къы­хэзылъхьа, УФ-м и Президент Путин Владимир и гупсысэхэр, еп­лъ­ы­кIэхэр, IуэхущIафэхэр дэ­зы­Iыгъ щIыналъэм и щIалэгъуалэр, жылагъуэ лэжьаIуэхэр, лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэм я лIыIуэхэр зэхуишэсат зэхыхьэм. 

Зэхуэсым хэтащ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жы­лагъуэ проектхэмIэ и министр КIу­ра­шын Анзор, Дунейпсо Адыгэ Ха­сэм и тхьэмадэ, Урысейм ис лъэп­къ­хэм я ассамблеем и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ IуэхухэмкIэ щыIэ советым хэт Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэрэшей-Балъкъэр щIалэгъуалэм зегъэужьынымкIэ «Эльбрусоид» фондым и Налшык къалэ къудамэм и унафэщI Анаев Марат, Урыс тхы­дэмрэ щэнхабзэмкIэ «Вече» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и пашэ Литвинов Роман сымэ, нэгъуэщIхэри. 
ЩIалэгъуалэм я унэм и пэIущIэ пэшым хьэщIэхэм я пащхьэ къыщрахьащ ди республикэм ис лъэпкъхэр зылI и быну зэкъуэту, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэрыщыпсэум и теплъэр. Абдеж щегъэувэкIат лъэпкъ хьэ­щIэщ­хэр, ар зейхэр нэжэгужэт, я бзэхэмкIэ уэрэд жаIэрт, лъэпкъ къа­фэхэр ягъэзащIэрт. Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэхэр, шхыныгъуэхэр, гъащIэм къыщагъэсэбэп хьэпшыпхэр щып­лъа­гъурт щхьэж егугъуу игъэхьэзыра «пщIантIэхэм». 
Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, хабзэ дахэхэм, гуфIэгъуэ зэхыхьэм игъэ­нэжэгужахэр зыхэт гуфIэгъуэ дауэдапщэр УФ-м и ГимнымкIэ ирагъэжьащ. Япэу псэлъапIэр хуит зы­хуащIа Сэхъурокъуэ Хьэутий и гугъу ищIащ екIуэкI Iуэхум и мыхьэнэм.
- 2026 гъэр Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу гъэувы­ным теухуауэ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къищта Унафэр лъэпкъ куэду зэхэс ди къэралым и лъапIэныгъэ купщIафIэхэр дигу къэзыгъэIыж Iуэхугъуэщ, – жи­Iащ Сэхъурокъуэм. - Зэкъуэтыныгъэм и махуэшхуэм псом хуэмыдэу дигу къыдогъэкIыж дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм щыIэ, ди хэкум и уэгур мамыру щытыным псэемыблэжу щIэзэу ди лIыхъужьхэр, зауэлIхэр. Абыхэм я лIыгъэр и щапхъэ наIуэщ зэкъуэтыныгъэр сыт хуэдэ мыхъу­мыщIагъэми зэрытекIуэм. АтIэ, адыгэхэр, балъкъэрхэр, урысхэр, ди къэралым щыпсэу псори нэхъ быдэжу дызэкъуэвгъэувэ, ди зэхуэдэ унэр – Урысейр - мамырыгъэм, щэнхабзэм, ехъулIэныгъэхэм я быдапIэу щы­тын икIи къэкIуэну щIэблэм гъуа­зэ яхуэхъун папщIэ. 
КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор фIэхъус гуапэкIэ захуи­гъэ­защ къызэхуэсахэм икIи жиIащ Зэ­къуэтыныгъэм и илъэсым дэ тщ­ы­щ дэтхэнэри лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр дгъэбыдэну, щэнхабзэ зэмылIэу­жьыгъуэ куэдыр тхъумэну, Урысейм ис лъэпкъ псоми я хабзэхэм пщIэ хуа­щIу щIалэгъуалэр дгъэсэну дыкъы­зэрыхуриджэр. «Щэнхабзэ зэмы­лIэу­жьыгъуэ куэд щызэхэухуэна ди Къэбэрдей-Балъкъэрым щыдолъагъу лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм къихь да­хагъэмрэ беягъэмрэ. Мы илъэсыр абы тедвгъэухуи, дэтхэнэм и псалъэри зэхэтхыу, хабзэхэр дгъэ­лъа­пIэу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу дызэ­дэвгъэпсэу, а хъугъуэфIыгъуэ псомкIи ди республикэр щапхъэ ирехъу», – дыщIигъуащ КIурашыным. 
Анаев Марат къыхигъэщащ: «Нобэ фыкъыхудоджэ: зыми ямыIэу дэтхэнэми  фиIэ лъапIэныгъэр фхъу­мэ, гъунэгъухэм пщIэ яхуэфщI, зэ­ныб­жьэгъугъэм и лъэмыжхэр тефлъ­хьэ. Дызэгъусэу фIэкIа лъэ­пощ­хьэпохэм дапэлъэщынукъым, дэтхэнэ лъэпкъми ейуэ къыщыхъуж мамыр дуней къызэдгъэпэщыфынукъым».
«Вече» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Литвинов Роман къытеувыIащ ди хэкум и тхыдэр лIыхъужьыгъэмрэ зэдэIэпыкъуныгъэмрэ я тхы­дэу зэрыщытым.
- Дэтхэнэ лъэпкъми и хабзэм пщIэ хуэпщIыным къикIыр уи щэнхабзэм и лъабжьэр бгъэбыдэнырщ. БлэкIам и дерсхэр зыщыдвмыгъэгъупщэ, зэ­къуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэны­гъэм­рэ я лъабжьэ быдэм тещIыхьа Урысейм и къэкIуэнур адэкIи екIуу зетхьэфын папщIэ. 
- Си щхьэкIэ сропагэ сызэ­ры­адыгэм, сыкъыщыхъуа хьэблэм, сыкъызыдэкIа къуажэм, си псэм пэс­щIу слъагъу Къэбэрдей-Балъкъэ­рым сызэрыщыщым, Урысеишхуэм и цIыхуу сызэрыщытым. Апхуэдэ дыдэу срогушхуэ урыс, балъкъэр куэд къуэш пэлъытэ схуэхъуауэ сы­зэриныбжьэгъум, ди къэралым и щIыпIэ куэдым щыщ, лъэпкъ зэ­мылIэужьыгъуэхэм къахэкIа, сыхуей хъумэ, къэзгъуэтын хьэзыру ныб­жьэгъу куэд сызэриIэм. Ахэращ ­цIы­хуми къэралми я лъапIэныгъэ­хэри, дыхуэсакъыу зетхьэн хуейщ, - щыжиIащ щIалэгъуалэм я пащхьэм Лу Азэмэт. 
Налшык щекIуэкI зэIущIэм хэтхэм онлайну зыпащIащ а махуэм Москва «Урысей» лъэпкъ центрым ще­кIуэкIа, ди къэралым ис лъэпкъ­хэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къыщ­ы­зэIуаха утыкушхуэм. Къищы­нэ­мы­щIауэ, ныбжьыщIэхэр хэтащ «ЩIэ­ны­гъэ» урысей зэгухьэныгъэм къы­зэригъэпэща «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» федеральнэ марафо­ным. Абы ипкъ иткIэ, ЩIалэгъуа­лэм я унэм лекцэ къыщеджащ тхыдэдж Тумэ Аскэр. ар теухуауэ щытащ лъэпкъыбэу зэхэс ди республикэр лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм зэрызэфIэувам. «ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэм и щIыпIэ къудамэм и унафэщI Ащ­хъуэт Алинэ щIалэгъуалэм ядэуэршэращ абыхэм Урысей къэралы­гъуэм и нобэмрэ и къэкIуэнумрэ хащIыхьыфынухэм теухуауэ. 
Зэхыхьэм и кIэухыу лъэпкъхэм я щэнхабзэм и къулеягъыр утыку ­кърахьащ а IэнатIэм и лэжьакIуэ­хэмрэ щIалэгъуалэмрэ. Утыку щыжаIащ урыс цIыхубэ уэрэдхэр, тыркумэн ­къафэхэр, къумыкъу пшыналъэхэр, къалмыкъ макъамэхэр. 
Пшыхьым хэта псоми махуэшхуэм и мыхьэнэр иджыри зэ щIагъэбыдэжу удж хъурей зэдащIащ. Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр КъБР-м и ЩIалэгъуалэм я унэм къызэрыщызэIуахар республикэм исхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ наIуэ зыщI Iуэхугъуэ дахэ хъуащ.

Тхыгъэри сурэтхэри ШэрIужь Даянэ ейщ.
Поделиться: